Адыгэхэмрэ Граждан зауэмрэ

Адыгэ щIалэгъуалэм тхыдэм теухуа сыт хуэдэ Iуэхугъуэри зэрафIэгъэщIэгъуэным щыхьэт тохъуэ интернетым щымыужьыхыжу къыщекIуэкI псалъэмакъхэр. Абыхэм пасэрей лъэхъэнэхэм къыщегъэжьауэ илъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм щыщIэкIыжу архив дэфтэрхэм къызыкъуахыж щысэхэр зэIэпах, тхыдэ къэхъугъэхэм ублапIэ яхуэхъуам къыщыщIадзэурэ ар апхуэдэу щIэхъуам и щхьэусыгъуэри къызыхэкIари щызэпагъэувэжу уэршэр хьэлэмэтхэр ирагъэкIуэкI. Пэжщ, абыхэм ихъу-илъхэри къахокI, къэхъугъэм и пэжыр я нэгу къызэрыщIэувэр зэпIэзэрыту утыку къизылъхьэфхэри яхэтщ.

Иджыблагъэ интернетым дыщрихьэлIащ илъэс зыбжанэ ипэкIэ кърагъэувауэ щыта зы тхыгъэ, зытеухуа тхыдэ лъэхъэнэр зэрытпэжыжьэ щымыIэми, хэтщIыкIыр къызэрымыкIуэу мащIэу. Граждан зауэр щекIуэкIар дыгъуасэ хуэдэми, къимыгъэзэжыну зэтекъутапэ пасэрей дунеижьым и телъхьэхэмрэ щыIэкIэщIэр зыухуэхэмрэ зэрызэпэщIигъэувам дыщыгъуэзэххэкъым, жыпIэми пцIы хъунукъым. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ адыгэ усакIуэ Iэзэ Бемырзэ Зураб и тхыгъэ купщIафIэмкIэ къиIэтащ а лъэхъэнэм и зы ныбз, ди лъэпкъыр а зэпэщӀэтыныгъэм зэрыхэтам теухуаэ зы теплъэгъуэ ди пащхьэ кърилъхьащ. «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм яфIэхьэлэмэтыну къытщыхъуа а тхыгъэм щыщ пычыгъуэ щIэрыщIэу утыку къитхьэжмэ игъуэу къэтлъытащ.

Революцэм ипэ къихуэу зауэ екIуэкIахэм, революцэ зэманымрэ абы и ужь къэралыр зыхэта Граждан зауэмрэ адыгэхэр зэрыхэтар мащIэщ къызэрахутэжар. Совет зэманым и идеологием цIыхухэр зыщIипIыкIар зыщ: адрей лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэ мэкъумэшыщIэ япIытIам зыкъаIэтри, пщыжь-уэркъыжь гъэпщылIакIуэхэр зыщхьэщадзащ. Зэрылъэпкъыу революцэ къэунэхуам пежьэри, зэран къахуэхъуну иужь ита гъэпщылIакIуэхэм яхуэфащэу лъапсэрыхыр къыхуахьащ.

Совет псэукIэр къэзыхьхэм япэщIэувахэр къызэрагъэлъэгъуэжыр мэзым щIыхьэжа бандэ гуп закъуэтIакъуэущ, къуажэхэм къыдыхьэмэ, яхъунщIэу, мэкъумэшыщIэ насып къэунэхуам зэран хуэхъуну иужь иту. Арами, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм ящыщу, псом хуэмыдэу Совет властыр зэрагъэува лъыгъажэм пэщIэувар, дзэ хужьым лIыгъэкIэ, хахуагъэкIэ хэлъэщыхьар адыгэхэращ. КъэкIуэну щIэблэм иджыри къапэщылъщ лъэпкъым и лъэужьхэр дзэ хужьым и тхыдэм къыхагъуэтэжыну, къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыну. Дэри, зэрытлъэкIкIэ, мы тхыгъэмкIэ абы ди Iыхьэ хэтлъхьэну иужь дитынщ.

Мы тхыгъэр зытедухуар Граждан зауэм къриубыдэу дзэ хужьым адыгэ зауэлIхэр зэрыхэтаращ. ЯпэщIыкIэ гъэбелджылыпхъэщ а псом лъабжьэ хуэхъуа Iуэхугъуэхэмрэ щхьэусыгъуэмрэ. Тхыдэ жыжьэм уIэбэжмэ, 1917 гъэм и кIэм Тэрч, Псыжь, Шэткъалэ хэгъэгухэм кавказыдзэм щыщу (псом хуэмыдэу 39-нэ лъэсырызекIуэ дивизием) большевикхэм мурадыщIэхэм хуагъэуша дзэ пакIэхэр дэужьгъащ. Абыхэм я нэхъыбэм ящIэртэкъым зи ужь ихьа мурадым и пэжыпIэр, щыгъуазэтэкъым большевикхэм кърахьэжьа зэхъуэкIыныгъэхэм я купщIэм, атIэ а псор къагъэсэбэпу, зэманыщIэм «ириуэркъыну» арат. Дауэми, а дзэ пакIэхэращ революцэм и жьыр нэгъэсауэ къыздэмыса Кавказыр «къэзыгъэушар», хьэлэбэлыкъ мыухыжым хэзыдзар, лъыгъажэмрэ зауэ лыгъэмрэ лъэпкъхэм къахэзыхьар.

Тхыдэм къыхэнэжащ Аскъэлей, Нэфыкъуей, Понэжыкъуей, Шынджий, Хьэлъэкъуей, нэгъуэщI адыгэ къуажэхэми большевикыдзэхэм лъапсэрыхыр къызэрыхуахьар. Аскъэлей къуажэм, псалъэм и хьэтыркIэ, большевикхэм щызэтраукIауэ щытащ нэрыбгэ 305-рэ (ар къуажэм щыпсэум и щIылъэныкъуэм щIигъурт). Львов Николай «КIыфIыгъэм къыпхыпс нэху» («Свет во тьме») зыфIища и тхыгъэм къыщыдгъуэтащ большевикыдзэм «яухъуэнщIа» адыгэ къуажэхэм я хъыбар: «Нэфыкъуей къуажэр большевикхэм яхъунщIат, чэрэчэу зэбграхат. Къуажэм дэса щIалэгъуалэр зэрыщыту – нэрыбгэ 200-м щIигъу зэхуахусри зэтраукIащ. Былыми джэдкъази къамыгъанэу дахуащ, лIыжь-фызыжьхэр бгылъэхэм илъэдэжащ. Хьэ щхьэрыуэхэм мыхъумэ зыри дэтыжкъым къуажэм. Апхуэдэ дыдэт Понэжыкъуей, Шынджий къуажэхэри. Дэнэ дыкъыщымыувыIами, зэхэтхыр Дзэ Плъыжьым зэрахъунщIа, зэраукIа, лей къызэрырахам и хъыбарт. Къуажэхэр апхуэдизкIэ яхъунщIати, щIакхъуэ Iыхьэ дэбгъуэтэжынутэкъым. Большевикышэм къелахэр гъаблэм ехьыж…» Тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ, иужьрейуэ яхъунщIа Мансур и къуажэм большевикхэр къыщыдэкIыжым, мафIэ щIадзэри зэтрагъэсхьауэ щытащ, уIэгъэу къыдэнахэми, къуажэдэсхэми емыплъу…

Ар кIахэ лъэныкъуэм къыщекIуэкIа къудейращ, мыдрей адыгэ хэгъэгухэми апхуэдэ къабзэу ирикIуащ большевикхэм я ажалыIэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а псор зращIылIа адыгэ къуажэхэр дзэ хужьымкIэ еуэкIащ. Нэхъыщхьэжыр арати, яхъунщIа къуажэхэм а зэманым дэстэкъым зи щхьэрэ зи гурэ зэтелъ, Iэщэмрэ зауэмрэ хуэгъэса цIыхухъухэр, ахэр Дзэ Iэлым («Дикая дивизия» зыфIащам) хэтт. Абыхэм ящыщу къэзыгъэзэжахэми я къуажэхэм къращIылIар щалъагъум, властыщIэм пэщIэуващ сэшхуэ къихакIэ.

Врангелым итхыжауэ щытащ: «Адыгэ къуажэхэм большевикхэм лъапсэрыхыр къыхуахьат. Зы къуажэ закъуэм пщIы бжыгъэкIэ даукIыкIат цIыхухъу балигъхэр, и ныкъуэхэри зэрыпсэууэ щIатIат. Къуажэм плъыжьхэр дэтхужа нэужь, къэдубыда гъэрхэр къуажэдэсхэм къахуэзгъанэри сыкъыдэкIыжащ. КонстаниновскэмкIэ дгъэзауэ дыздэкIуэм, дыкъызэплъэкIыри тлъэгъуащ къуажэдэсхэм апхуэдиз къайзыщIылIа гъэрхэм зрадзу зэрызэпкъратхъар». Ар дыдэм етхыж КIахэ лъэныкъуэм и Куэшхьэблэ къуажэм деж лабэдэс адыгэ зауэлI гуп къазэрыкъуэувар. Абыхэм яIыгът нып удзыфэ, я унафэщIыр шызехуэ бэлыхь Щоджэнхэ я лIыжьт. А зэман дыдэращ абы адыгэ сотнэ къыгухьахэм ящыщ зым къамэ къыщыхуагъэфэщар. Абы къыщыщIэдзауэ, Врангелым адыгэ цей иригъэдри, зауэм хэтыхукIэ ар зыщихыжакъым, адыгэхэм кърата къамэри гуэлъащ.

А далэм Урысейм и ипщэ лъэныкъуэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм хэта дзэ Хужьым и джэлэс хъуар Дзэ Iэлым къулыкъу щызыщIахэращ, псом хуэмыдэу адыгэ полкхэращ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ революцэ мафIэр къызыщIэна Петроградыр ирагъэгъэункIыфIыжыну, большевикхэм къадэщIыну зи мурад дзэ полкхэр «ирагъэсабырыжыну» яутIыпщауэ щытар адыгэ полкращ, арщхьэкIэ гъущI гъуэгум щылажьэхэм зыкъаIэтри, здрагъэжьам нэмысыфу полкым къигъэзэжауэ щытащ. Тхьэращ зыщIэр Петроград къыщыхъуа Iуэхугъуэхэм зэрызахъуэжыну щытар, абы адыгэ полкыр нэсауэ щытамэ... А далэм полкыр пхрыкIат Ипщэ-КъуэкIыпIэ, Румын фронтхэм щекIуэкIа зауэхэм, лIыгъэрэ хахуагъэкIэ псыхьат, абы хэт зауэлIхэри куэд зи нэгу щIэкIа, зэуэным хуэщIа цIыхут. Арами, адыгэ полкым гъуэгу зэхуэдитIыр икIуауэ кърагъэгъэзэжри, Псыжь и ипщэ лъэныкъуэмкIэ ягъэкIуэжауэ щытащ.

ЖыIэпхъэщ 1917 гъэм къэхъуа Жэпуэгъуэ революцэм бгырыс лъэпкъхэм пщIэ нэхъ щызиIэу яхэт цIыхухэр – пщыхэр, уэркъ-лIакъуэлIэшхэр, интеллигенцэр мурадыфIхэмкIэ зэрыпежьауэ щытар. Ахэр гугъэрт зэманыщIэм къахуихьыну зэхъуэкIыныгъэфIхэр я щэнхабзэм, экономикэм, лъэпкъ зыужьыныгъэм щхьэпэ хуэхъуну. А мурадхэр игъэлъэлъэжащ Жэпуэгъуэ революцэм. Абы зэрыпэщIэувэнум шэч гуэр къытрахьэу щытами, ищхьэкIэ къыхэдгъэща лъыгъажэм гурыIуэгъуэ ищIащ зи лъэныкъуэ яубыдыпхъэр. Жагъуэ зэрыхъущи, а псом теухуа тхыдэ Iыхьэр иущэхуащ къэкIуа совет властыщIэм, цIыхухэм хащIыкIакъым лъэпкъым и Iыхьэшхуэр Граждан зауэм зэрыхэта щIыкIэм, революцэм пэщIэту лъэпкъым и къуэ пажэ куэд зэрыхэкIуэдам.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: