Бгырысхэм щхьэхуитыныгъэр фIыуэ ялъагъуу сыт щыгъуи къекIуэкIащ. Ар яхъумэжу бэнэныгъэ ирагъэкIуэкIырт. Ижь-ижьыж лъандэрэ урыс лъэпкъ гурыхуэм пэшэгъуныгъэ хуаIэныр яфIэкъабылт бгырысхэм. Ауэ пащтыхьымрэ лъэпкъ псомрэ зыкъым, езы урыс лэжьакIуэбэри арат зыгъэпщылIыжыр.
Кавказым пащтыхьыр къэкIуат, и пщылIхэм я бжыгъэр нэхъыбэ ищIыну. Адыгэхэм Iэщэр яIэщIэлъу зауэм IукIуадэмэ нэхъ къащтащ, пщIылI хъу нэхърэ.
Марксрэ Энгельсрэ я нэIэ къытрагъэтт Кавказым зауэр зэрыщекIуэкIым икIи зэрахуэфэщэнкIэ пщIэ къыхуащIащ адыгэ лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэр зэрихъумэжым. Маркс а зэманым мыпхуэдэу итхащ: «Адыгэ хахуэхэм аргуэру урысхэм я деж текIуэныгъэфI зыбжанэ къыщахьащ. Лъэпкъхэ, зыщевгъасэ абыхэм я деж, щхьэхуиту къэнэжыну хуей цIыхухэм яхузэфIэкIыр зэвгъэлъагъуи».
Адыгэхэм яхэлъ лIыхъужьыгъэшхуэр дуней псом яфIэтелъыджэт. ИкIи Венгрием, Грецием, Польшэм, нэгъуэщI къэралхэми къикIа революционерхэри адыгэ зауэлI мэхъэшахэм ядэзауэрт.
Грибоедоври, Лермонтоври, Толстой Леви Кавказым щхьэусыгъуэ зырыз яIэу къэкIуат, ауэ ахэр зэдэрэгъут пащтыхьым Кавказым щызэрихьэ мыхъумыщIагъэр щысхьыншэу сэтей къыщащIкIэ. Езыхэм пщIэ хуащIырт бгырысхэм, фIыуэ ялъагъурт абыхэм я IуэрыIуатэр.
Пушкиныр тIэуней щыIащ ди хэкум. Абы адыгэхэр жагъуэу илъагъуртэкъым, нэ жанкIэ кIэлъыплъырт я гъащIэм, пщIэшхуэ яхуищIырт хуитыныгъэр фIыуэ зэралъагъум щхьэкIэ, фIэгъэщIэгъуэнт яхэлъ хьэщIагъэр, нэмысыр, лIыгъэр. ПщIэнши хъуакъым Кавказым зэрыщыIар – ди щIыналъэм теухуа усэхэр, поэмэхэр итхащ.
«ЩIыпIэ узытхьэкъущ. Абы сыт хуэдиз поэзие къыщызгъуэта, сыт хуэдиз гурыфIыгъуи щызгъэунэхуа!» – жиIэу и Iыхьлы Павлищевым хуиIуэтэжат здэщыIар къызэрыщыхъуар. Урыс тхакIуэшхуэр и телъхьэт бгырысхэр фIырыфIкIэ Урысейм гуэгъэхьэным. Зэман кIыхькIэ Кавказым щыIащ Лермонтов Михаил. Абы куууэ щыгъуазэ зищIат бгырысхэм я псэкупсэ щэнхабзэм, я хьэл-щэным, я хабзэхэм, я псэукIэм, дуней тетыкIэм.
«Кавказырыс» зыфIища и очеркым, и щхьэм тритхыхьыжам, усакIуэм щыжеIэ: «…ЛIыхъужьыгъэ зыхэлъ лъэпкъым и IуэрыIуатэ усэбзэкIэ тхам ар итхьэкъуат, бгырысхэм я хабзэхэмрэ я хьэлхэмрэ хъарзынэу къыгурыIуат, я пелуанхэр я цIэкIэ зэригъэщIат, я лъэпкъ нэхъыщхьэхэр къызыхэкIахэр игу ириубыдат».
УсакIуэм и тхыгъэхэм увыпIэшхуэ щеубыд «Урысеймрэ Кавказым ис лъэпкъхэмрэ» темэм. Лъэпкъхэр пщылIыпIэм иригъэувэн, абыхэм я щIыналъи я хуитыныгъи ятрихын мурадкIэ пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкI зауэм ар и бийт икIи зи хуитыныгъэр зыхъумэж бгырысхэм я зэщIэхъееныгъэр диIыгъырт… Абыи тэмэму къыгурыIуэрт фIырыфIкIэ бгырысхэр Урысейм гуэгъэхьэным лъэныкъуитIми я сэбэп зэрыхэлъыр.
Пащтыхьым и IуэхущIафэм ер къызэрикIым, леймыгъэгъу бгырысхэм шынагъэкIэ зэрыпхудамычыхынум, щхьэхуиту къалъхуар залымыгъэм и бжьым зэрыщIэмыувэнум, адыгэм и лIыгъэр зыхуэдэм – а псоми ятеухуащ Лермонтов и поэмэ цIэрыIуэ «Измаил-Бейр», гупсысэ лъэщыр зи къуэпсу усэбзэ къабзэкIэ зэщIэжьыуэжу тхар. Поэмэм удихьэхыу укъеджэ къудейкъым, ар а лъэхъэнэм и гъуджэщ, уиплъамэ, Кавказым щыщыIа щытыкIэр зэрыщыту къищу, зауэм и теплъэгъуэ шынагъуэхэри мамыр гъащIэри уигъэлъагъуу. Абы нэгум къыIуригъадзэхэм нэмыщIи гур егъэпIейтей. Куэди зэхыууегъащIэ, къыбгурегъаIуэ. Поэмэм укъоджэ, абы хэт лIыхъужьхэм ягу зыгъэинри, я псэм щыщIэри, я хъуэпсапIэхэри, я губжьри адыгэхэм я хэкум хуаIэ фIылъагъуныгъэ уасэ зимыIэри куууэ уэри зыхэпщIэу, абыхэмкIэ укъызэщIэсту…
ЖыпIэ хъунущ а поэмэр пащтыхьымрэ абы и лIыукI генералхэмрэ суд пащхьэм изыгъэувэ икIи зезыгъэцIыхуж уэчылым и псалъэ гуащIэу. Ауэ а зы поэмэм и закъуэкъым Лермонтовым Кавказым тритхыхьар, бгырысхэр, псом хуэмыдэу адыгэхэр, зэригъэлъэпIар. Апхуэдэ усэхэу, поэмэхэу итхахэм – «Мцыри», «Бастунжы къуажэр», «Хьэжы-абрэдж», «Тэрч и тыгъэхэр», «Къамэ», «УсакIуэ», «Кавказ гъэр», нэгъуэщIхэми – укъызэщIаIэтэ, поэзие нэсым къуит гухэхъуэр къыплъагъэс.
Нэмыплъ зрат поручикыр «ауэ сытми теплъэгъуэ дахэхэмкIэ тхылъеджэр къыдэсхьэхынщ», жиIэу бгырысхэм ятетхыхьа къудейкъым, ахэр цIыху ахъырзэманхэу, щIыкIафIэхэу, гурыхуэхэу, нэмыс яхэлъу къигъэлъэгъуащ. Абы зэхикъутащ пащтыхьым и пыхъуэпышэхэм Кавказым ис лъэпкъхэм «сэхъуари, Iэлри» къыфIащурэ зэрагъэпцIа Iуэху еплъыкIэ нэпцIхэр, урыс цIыху къызэрыгуэкIхэм гукъэкI яригъэщIащ пащтыхьым иуба лъэпкъхэм пщIэрэ нэмысрэ яхуэфащэу, абыхэм ирагъэкIуэкI зауэри захуагъэу.
Октябрь революцэм хуитыныгъэ къахуихьыгъащ япэм дэкъузауэ псэуа лъэпкъ псоми. Зэкъуэш лъэпкъхэм я къэралыгъуэм зы щIыпIэкIэ къыгуэту адыгэ лъэпкъхэми – къэбэрдейхэм, адыгейхэм, шэрджэсхэм – заужь: щIэныгъэншагъэр гъэкIуэда хъуащ, я щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэфIхэр хуащI, я литературэращи, хамэкъэралыбзэ IэджэкIэ зэрадзэкIыурэ я тхылъхэр дуней псом тохьэ.
Дэ Iэмал диIэ хъуащ адыгэ тхыдэр куууэ дджыжыну икIи щэджащэу ди блэкIам къыщыдгъуэтыжхэр ди нобэм къыщыдгъэсэбэпыну, духовнэ къулеягъыу диIэм дяпэкIи хэдгъэхъуэну. Абы и лъэныкъуэкIи гулъытэ зыхуэфащэ Iуэхугъуэшхуэщ илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ езыхэм я лъэпкъ литературэ зэзыгъэпэщыну хэта адыгэ тхакIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ я тхыгъэхэр ди нобэрей гъащIэм къыхуэгъэушыжыныр.