Гъэплъыгъуэм хуагъэхьэзыр![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед зи тхьэмадэ, щIыналъэр щIымахуэ гъэплъыгъуэм зэрыхуэхьэзыр щIыкIэм кIэлъыплъ комиссэм и зи чэзу зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм. Абы и лэжьыгъэм хэтащ республикэм и муниципальнэ район администрацэхэм, щIыпIэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэр. Ахэр тепсэлъыхьащ Iуэхум ехьэлIауэ яхузэфIэкIахэм, зэкIэ зыхунэмысахэм, зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм.
Иджырей комиссэм и къалэн нэхъыщхьэу щытыр 2024 - 2025 гъэхэм республикэм къэрал мыхьэнэ зиIэ и IуэхущIапIэхэр: сабий садхэр, еджапIэхэр, сымаджэщхэр, псэупIэхэр, н.къ. и чэзум щIымахуэ гъэплъыгъуэм зэрыхуагъэхьэзыр щIыкIэр къэпщытэнымрэ абы ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зэщIэгъэуIуэнымрэщ.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2025 - 11:00 →
IэнатIэу щыIэр минитIым щIегъу
25.04.2025 - 15:20 →
Адыгэ ныпым и махуэр зэдагъэлъапIэ
23.04.2025 - 19:20 →
Сом мелард 80-м нэблагъэ
23.04.2025 - 18:00 →
Анэмрэ бынымрэ
23.04.2025 - 16:29 →
ГъущI гъуэгумкIэ ягъэIэпхъуэхэр
|