ГъащIэм и дерсыфI

Зауэ нэужь илъэсхэм гъащIэр къызэрекIуэкIар, цIыхухэм я зэхущытыкIэу, щIэблэм я зэманыр зэрагъакIуэу щытар ди нэгу къыщIэзыгъэувэ хъыбар зыбжанэ зэддзэкIащ, КIэрашэ Михаил итхыжауэ. Апхуэдэ хъыбархэм ящыщ зыр щекIуэкIыр Сунжэрэ Тэрчрэ я бгыхэм къаухъуреихьа Къаншыуей къуажэрщ. Абы и кIыхьагъкIэ ежэх псыр чэнж дыдэми, бдзэжьей цIыкIур хэзу хэст. Махуэ псор абдеж цIыкIухэм щагъакIуэрт, псыхъуэр я нэгузегъэужьыпIэт. 

- ПщIантIэм дыдаубыдэми, псым дызэрыкIуэсэн Iэмал зэкъуэшхэм къэдгъуэтыфырт. Нэхъыжьхэр лэжьакIуэ зэрыкIуэу, нэхъ пасэу дызыгурыIуа хьэблэ щIалэ цIыкIухэр ди деж къежэкIырти, IункIыбзэ зэта унэм дыкъызэрыщIашыным зэгъусэу дегупсысырт. Ар зэдмыгъэхъулIауи дыувыIэртэкъым. Лъагъуэр ауэрэ хэтшащ: унащхьэм узэрыдэкIуейр кIэлындорым дежти, ди къару псор зэхэтлъхьэрти, абы дыдэпщейрт, ди ныбжьэгъухэм кърахьэкIа пкIэлъейр унэм къыкIэраупсаерти, унащхьэм дыкъехыжырт. Дызэрымызэран щыIэтэкъым. Ди кIэм ищIа хьэжь цIыкIуми дунейр хуит хуэхъуами ярейуэ, ди гъусэу джэдхэр, бабыщыр, гуэгушхэр, къазхэр кърихуэкIыу дэтт. Мо махуэ къэс дгъэпIейтей джэдкъазыр апхуэдизкIэ есати, дыкъызэралъагъуу къуэгъэнапIэхэм зыкъуадзэрт, къуацэ-чыцэм хэлъадэрт, языныкъуэхэри хадэм щхьэпрылъэтыкIырт… 
Гъуэгум узэпрыкIмэ, хьэфиз хъуа зы цIыхубз щыпсэурт. Си къуэш цIыкIур си гъусэу дэ абы дыдэIэпыкъурт: псы къыхуэтхьырт, джэдкъазыр хуэдгъашхэрт. Ауэ и нэхъыбапIэм ди къуейщIеягъыр къытфIытекIуэрти, сэбэп дызэрыхъуари дгъэкIуэдыжырт. Дауи бзаджагъэ дигу къыхуэкIыххэрэт а тхьэмыщкIэм?! ЛъапэпцIийуэ пэшым дыщIыхьэнти, езым джэдкъаз фIэщIу: «Шу, шу! ФыщIэкIыт!» - жиIэурэ къыфIэщI «джэдыр» кърихуэкIынт. Языныкъуэхэм Дадусэ (арат абы зэреджэр) джэдыкIэ щихъумэ пэгуным гъэвахэр хухэдгъэзэрыхьырт, зэми бабыщ, къаз джэдыкIэхэр кIэщIэддзэрт. ДызэребзэджэкIам фызыжьым гу щылъитэм, ди анэм деж ар тхьэусыхакIуэ къежэкIырт. АпщIондэху дэ ар тфIэгъэщIэгъуэн хъурти, дытхъэрт. «Катя, уи щIалэжь цIыкIухэр зэщIэкъуэж», - жиIэрт нанэм, губжьа хуэдэу. Ауэ иужькIэ зэрыпыдыхьэшхыкIыжым ди гушыIэр къызэрыгурыIуар къыдигъащIэрт… 
Къэхъурт ди гъэсэныгъэм «ирагъэлэжьыну», урысыбзэ тIэкIуи дагъэщIэну ди адэшхуэ Никитэ деж дыщаутIыпщ. Ди анэм и адэр щыпсэур «Раздольное» урыс къуажэрт. Ди Къаншыуеймрэ а жылэмрэ километр 20 хуэдиз я зэхуакуу арагъэнт. Балигъ гъащIэм къыщытхуэсэбэпыжыну икIи гъэщIэгъуэну сыт хуэдиз щытлъэгъуат дэ а ди япэ зекIуэ кIэщIым! 
… Ди адэшхуэ Никитэ и гъусэу зэманыр бгъэкIуэну фIыт икIи хьэлэмэтт. Зэпымыууэ абы хъыбар гъэщIэгъуэнхэр жиIэжырт, езыр гушыIэшхуэ зыхэлът. Нэхъыщхьэрати, ди адэшхуэр урысыбзэр зэрыдигъэщIэным хущIэкъурт. АрщхьэкIэ а Iуэхур фIыуэ къыдэхъулIэхэм ящыщтэкъым. ЖиIэр къыдгурыIуэрт, ауэ урысыбзэм дрипсэлъэфыртэкъыми, жэуапыр зэреттыжыр адыгэбзэкIэт. Апхуэдэм деж ди адэшхуэр къытщыдыхьэшхырт. Ауэ езым адыгэбзэкIэ зэзэмызэ псалъэ хьэлэмэт гуэрхэр къыжьэдэлъэту къэхъурти, мис абы щыгъуэхэм дэ абы дыщыдыхьэшхыжырт. 
Ди адэшхуэм колхозышыр игъэхъурт. Сыт хуэдэу дэгъуэт ахэр, я шы сокур зэIыжрэ лъэдакъэцу. Ди жылэм щытлъагъу шыхэм хуэдэтэкъым абы зэрихуэхэр, хуэдитI-щыкIэ нэхъ ину къытфIэщIырт. ИтIанэ ахэр Iэсэлъасэт, жыIэдаIуэт, уеблэмэ ди адэшхуэм и унафэхэр абыхэм зэрагъэзащIэм гу лъыттат. Насыпышхуэу къэтлъытэрт апхуэдэшхэм абы дыщигъэшэскIэ. «ДыщигъэшэскIэр» иныIуэу жытIэу къыщIэкIынщ. КъытфIэщIырат: «Шы лъэрызехьэр пщIантIэм уардэу щобэкъукI, уэркъ щIалэхэри абы и шыплIэм пагэу дэсу». Пэжыр нэгъуэщIт: ди адэшхуэм а «уэркъхэр» шым тригъэтIысхьэну зэриIэту, апхуэдизкIэ къэрабгъэ хъужырти, шы сокум зыхаукIэрт. 
ИтIани шыхэр фIыуэ тлъэгъуат, ахэр ди адэшхуэм щигъашхэкIэ дыдэIэпыкъурт: мэкъур, хьэр, псыр абыхэм яхущIэтхьэрт, уеблэмэ шы сокухэр зэIыжу къеджьыхырт. 
Куэди къэтщIауэ, ди нэгуи фIыуэ зиужьауэ ди кIуэжыгъуэр къэсащ. Шы нэхъ дахэ дыдэу икIи нэхъ лъэщу иIэхэм ящыщу тIу ди адэшхуэм къыщIишри, мэкъу Iэмбатэ зэрылъ гум щIищIащ. Гум щIэт автомобиль шэрхъ дэгъуэхэр, къызэрыщIэкIамкIэ, нэмыцэхэм къыфIатхьэкъуахэм ящыщт. Мэкъур ди адэшхуэм кумбу зэлъыIуитхъури, абы чийм къыхэщIыкIауэ матэ хъар хигъэуващ. «Зывмыгъэхъейуэ Iэдэбу фис!» - унафэ къытхуищIыжащ. 
Къаншыуей кIуэ гъуэгум дытехьауэ дыкIуэцIрокI. Зэман-зэманкIэрэ гу лъыдотэ шагъыр зэрыт гъуху пIащIэ цIыкIум ди адэшхуэр зэрыхуеIэбэкIым. Уэрэдри къыхедзэри, абы ину ирешажьэ. Хуэму икIи щабэу дыздэкIуэм, жейр къыттокIуэри, зэкъуэш цIыкIуитIыр дыIурех. Зы макъышхуэ гуэрым дыкъызэщегъэу. Дызэрыс матэр хуэму екIуэтэхым-екIуэтэхыурэ шыгум ищэтыкIауэ къыщIокI. Матэм дису гъуэгущхьэм дыкъытенащи, къэхъуар занщIэу къыдгурыIуэркъым. Ди шыгухуращи, сабийхэр зэрыс матэр зэрыфIэкIуэдам гу лъимытэу, и уэрэдым, кIуэ пэтми нэхъри зригъэIэтурэ, и гъуэгум хегъэщI. 
ТIэкIу зыкъэтщIэжа иужькIэ, метрищэ хуэдэкIэ IукIыну хунэса шыгум дыкIэлъеIэну иужь дохьэ - матэ дызэрысар къыдощтэри, шыгум «дыкIэлъопхъэр». ГъэщIэгъуэну къыщIэкIынт, мо дыгъэм иса, сабэм иуфIея щIалэжь цIыкIуитIым езыхэм нэхърэ нэхъ иныну чий матэр гъуэгум пхралъэфу лъэныкъуэкIэ укъыщеплъыну. «Деда, Деда! Стой! Вернись!» Асыхьэтым иджыри къэс тхужымыIа урысыбзэри къыджьэдолъэт зэкIэлъыпыту. АрщхьэкIэ ар жыжьэIуэ хъуащи, лIыжьым дызэхихыркъым. Iэмалыншэ дыщыхъум, дызэрыса матэр едгъэувэхыжри, дитIысхьэжащ. Дытесщ гъуэгущхьэм.
 МащIэ-куэдми, зэман гуэр дэкIауэ (дэ езым илъэс псоуэ къытщыхъуагъэнт) дадэ къызэплъэкIри, сабийхэр зэрыса матэр гум зэримытыжыр къилъэгъуащ. МафIэгу кърижэ къытфIэщIат, шыхэр къриIуэнтIэкIыжауэ абы зыкIэ хуабжьу къихурти.
ДызэрыфIэмыкIуэдыпам щхьэкIэ гуфIэщауэ сыт хуэдэу адыгэбзэр абы игъэшэрыуэрэт, дэрати - урысыбзэкIэ дыкъэпсэлъат.
Дауэ мыхъуами, ди адэшхуэм зэман кIэщIым дерсыфI къыдитат. Унэм дыщыкъуейщIеижыныр дэнэт, джэдкъазымрэ Iэщымрэ зэрахьэнымкIэ ди адэ-анэм дадэIэпыкъуу дежьэжащ. Апхуэдэу бзэха матэм и хъыбарыр фIыкIэ иухащ.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: