Гъунапкъэм и къежьапIэТхыдэм и зы напэкIуэцI 1961 гъэм шыщхьэуIум и 13-м Германием и Демократическэ къэралым и Правительствэм режим къыхилъхьащ Берлин къалэм и къухьэпIэ лъэныкъуэм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Инджылызым, Франджым я жьауэм щIэтымрэ а къалэм щыщу ГДР-м иIыгъ лъэныкъуэмрэ зэпыгъэщхьэхукIын зэрыхуейм ехьэлIауэ икIи икIэщIыпIэкIэ иужь ихьащ плъырыпIэ лъагэхэмрэ сигнализацэхэмкIэ зэщIэузэда гъущI хъар банэхэмкIэ зэгуэр зыуэ щыта къалащхьэм щIэуэ игъуэта гъунапкъэр дэщIеиным. ЗэрыфщIэщи, ар илъэс 29-кIэ мыхъейуэ щытащ. Абы и кIэух хъуар псоми я нэгу зэрыщIэкIрэ куэд щIакъым. Дунейпсо жылагъуэ Iуэхум абы щиубыда увыпIэр ноби утыкум илъщ, кърикIуа зэхъуэкIыныгъэхэм къахуихьа Iэужьхэр яхуэмыгъэзэкIуэжу. Совет къэралым и фIы куэд зылъэгъуа нэмыцэ гуащIэрыпсэухэр зэман ихуащ, зы бэлыхь хэным ещхьу, ежэу дакъутыкIа а блыным мыхьэнэуэ иIамрэ нобэ ягъэвымрэ зэпалъытыжыну. Блыным и къежьапIэмкIэ дгъэзэжынщи, а лъэхъэнэм ГДР-м и Iэтащхьэу щыта Ульбрихт Вальтер 1961 гъэм шыщхьэуIум и 12-м Iэ тридзащ ГДР-м КъухьэпIэ Берлин пыщIэныгъэ лъэпкъ дяпэкIэ зэрыхуимыIэнум теухуа унафэм. ШыщхьэуIум и 13-р тхьэмахуэ махуэу техуат. Зи унэ бжэIупэхэр къухьэпIэмкIэ гъэза къалэдэсхэм къыщIэкIыпIэ ямыгъуэту, ихъуреягъыр полицейскэхэм, дружинникхэм, сэлэтхэм къаувыхьат, лэжьакIуэхэм гъущI кIапсэ банэхэр яукъуэдийрт. Къалэм и лъэныкъуитIыр зэрызэпэщхьэхуэм и щапхъэу транспорт, телефон зэпыщIэныгъэхэр зэуэ пачат, адрыщIымкIэ щыIэ я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ ялъэIэсыну Iэмал ямыIэжу, цIыху куэдым лэжьапIэхэр яфIэкIуэдат. Зауэ нэужь 1949 гъэм. Уеблэмэ апхуэдэ къэхъуатэкъым - абы щыгъуэм псори зэкIэлъыкIуэрт, цIыхухэр хуиту зы щIыпIэм икIырти, адрей щIыпIэм лэжьакIуэ, еджакIуэ кIуэрт икIи хэткIи щэхутэкъым къухьэпIэ лъэныкъуэр нэхъыфIу зэрыпсэур, зыхуей зэрагъуэтыр. Абы къыхэкIыу къуэкIыпIэмкIэ щыпсэухэр къухьэпIэмкIэ, абы икIыжу Германием и Федеративнэ республикэм щыкIуасэ куэдрэ къэхъурт. Апхуэдэ унафэм иужькIэ гъунапкъэ дыдэм къытехута унэхэм щыпсэухэрнэгъуэщI щIыпIэ ягъэIэпхъуэри а унэхэм я блын быдэхэри а яухуэм храгъэубыдауэ щытащ.лъагэу дращIея бжыхьым и лъагагъыр километри 155-рэ и кIыхьагът. Абы щыщу километр 43,1-р Берлин къалэм и закъуэ хиубыдэрт. Къалэдэсхэм а гъунапкъэр зэпаупщIын щхьэкIэ хуит зыщI тхылъ хуатхын хуейт. Ар тыншу зыми иратыртэкъым. КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ (ГДР) зыри блыным гъунэгъуу ирагъэкIуалIэртэкъым, къухьэпIэ (ФРГ) блыныр щIэх дыдэу граффити сурэтхэмкIэ ягъэщIэращIэри, сурэттехыпIэу, зыгъэпсэхупIэу къагъэсэбэпу ежьэжащ. Абы лъандэрэ псы куэд ежэхащ. Зы лъэпкъыу щытахэр зэпэщхьэхуэу зэрыщыта апхуэдиз илъэсхэм ахэр хамэгу-хамащхьэ зэхуимыщIу къэнакъым. Ар IупщIу къыхощ нобэ щыIэ зауэ щытыкIэми. Урысейм и жьауэм щIэта ГДР-м щыпсэу куэд нобэ къоув Урысейм мамырыгъэ дагъуэтыжыным и телъхьэу.
Поделиться:
Читать также:
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
12.08.2026 - 13:27 →
Лъэхъэнэ куэдым я лIыхъужь
12.08.2026 - 12:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 12:00 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||




