КъулыкъущIэм и хъыбар«Хьэжыр фIыуэ щIэслъагъур зэрыфарзым и закъуэкъым, си гумрэ си псэмри якIу гъуэгуанэу къысщохъу ар. Ауэ мы гъэм гъащIэм теухуауэ зэзгъэзэхуа псори къысхузэтезыгъэщэща гуэр къыщысщыщIащ абы. Тэруия жэщым Минэ губгъуэм щагъэува шатырхэм я зым сыщIэст. Сыщыпсэур нэхъыфIу зэгъэпэщахэм зэращыщым хуэдэу, си гум зикъузу, бэуапIэ сымыгъуэту апхуэдэти, си закъуэу сызэхэзекIуэну сыкъыщIэкIащ. ХъумакIуэ си мыгъусэу сежьат, телефон фIэкIа сымыIыгъыу. Си лъэм сыздихьымкIэ сыкIуэрт бгыхэр щызэхэт лъэныкъуэмкIэ. Абдежым илъэс 70 хуэдиз хъун зы дадэ кIыфIым хэту къызолъагъу, и закъуэу щысу. «Лы къысхуэпхьауэ ара?» - жиIэри, къызэупщIащ, къызэрысIуплъэу. И упщIэм сыкъигъэуIэбжьауэ соупщI: «Лы къыпхуэзыхьын хуей гуэрым упэплъэу ара? Рестораным упсэлъауэ ара?» «Хьэуэ, - пиупщIащ езым. – Ресторан псори зыгъэлажьэ Алыхьталэм селъэIуащ. Ичындыр къызэрихьэрэ дзэкъэгъуэ сIухуатэкъыми, кхъыIэ, лы сыгъэшх жысIэри селъэIуащи, ар къэзыхьыным сыпоплъэ». Схуэмышэчу сыдыхьэшхащ, жэщ ныкъуэм лы къыхуахьыным щыгугъыр дауэ къыпщыхъурэ, жыхуэсIэу. Дадэм ар игу ирихьакъым. ИтIанэ сигукIэ жызоIэ: «Алыхьым и цIэкIэ соIуэ! Сэ къыхуэзгъэсынщ ар зыщIэлъэIуар!» Iуэхузехьэхэм я зым телефонкIэ сепсалъэри, лыхэкI зэмылIэужьыгъуэхэр зэрылъ тепщэчышхуэ къыздихьыну щIыпIэр гурызгъэIуащ. ЛэжьакIуэхэм я зым ар къызэрихьу, дадэм и пащхьэм изгъэуващ. Езыми «ла илахьэ илла лахь, аллахьу акбар, бисмиллахь» жиIэри, шхэн щIидзащ. ЗэрымэжалIэр плъагъуу, фIэфIу шхэрт. Шхэн иуха нэужь, мыр жеIэ: «Я Алыхь, лы сыбгъэшхащ, IэфI дыдэт, иджы гуащэIэпэ (мята) хэлъу шей сефэнт! Сэ, Алыхьу ди Тхьэ, гуащэIэпэ зыхэмылъ шей сфIэфIкъым». И тхэлъэIум сыкъигъэуIэбжьащ. «Мы щIыпIэ зэгъуэкIым гуащэIэпэ шей щигъуэтынкIэ гугъэу ара иджы мыр?» - согупсыс сигукIэ. Езыр къызоплъри къызоупщI: «Лы къэнар пшхыну?» «Хьэуэ, хьэуэ, сыхуейкъым!» Арати, къыдэхуа лыр зэщIикъуэри, Щамым щыщу блэкI хьэжыщIхэм яритащ: «Мыр Алыхьталэм къывита фи шхыныгъуэщ». ФIыщIэ къыхуащIри, ахэр адэкIэ блэкIащ. ЗытIэкIу дэкIа нэужь, языхэзым шеибжьэ иIыгъыу къегъэзэж: «Уа ди нэхъыжь! Мыр къыпхуэсхьащи, кхъыIэ, дэ лыр къызэрыпIытхам хуэдэу, уэри тIых!» Дадэр щIоупщIэ: «ГуащэIэпэ шейр арагъэнщ мыр?» «Хьэуэ, ауэ гуащэIэпэ ухуейуэ арамэ, дэ тIыгъщ, иджыпсту зы дакъикъэкIэ къыпхуэсхьынщ». Дадэр кIэлъоджэ: «КхъыIэ, хъунумэ, мы си гъусэ щIалэми къыхуздэхь зы шеибжьэ. Фэрэ сэрэ тшха лыр абы и IэкIэщ Алыхьталэм къызэрыдитар». АпхуэдизкIэ сыкъэуIэбжьати, «хьэуэ» къудеи къысхудэшеякъым. Шеибжьэр къеIысхри сыдефащ. Алыхьым и цIэкIэ соIуэ! ИгъащIэм апхуэдэ шей IэфI исфакъым! Шей ефа нэужь, дадэм гупсэхугъуэ зыщIэлъ макъ щабэкIэ Алыхьым фIыщIэ хуищIри… щхьэнтэкIэ елъэIуащ: «Ялыхь, сэ си Тхьэ! КхъыIэ, щхьэнтэ къызэт! Уэ уощIэ сэ щхьэнтэ симыIэу сызэрымыжеифынур, си щхьэр мывэм зэрысхутемылъхьэнур». Алыхь лъапIэм и цIэкIэ соIуэ! Асыхьэтым Мароккэм щыщ хьэжыщIхэр къакIуэри, тпэгъунэгъуу етIысэхакIэ! Я псэлъэкIэмкIэ къэсцIыхуауэ арат ахэр. Алэрыбгъухэр яубгъури, щхьэнтэхэри тралъхьэжащ. Дадэм абыхэм зы щхьэнтэ къаIихщ, и щхьэм щIидзри Iурихащ. Жейм хилъафэрэ пэт, мыхэр къепсэлъ: «Я Алыхь! Жэщыр хуабащэщ. КхъыIэ, жьыбгъэ тIэкIу къегъапщэ, IэфIу сыжеин хуэдэу». Алыхьым и цIэкIэ соIуэ! Алыхьым и цIэкIэ соIуэ! Жьыбгъэ къыкъуэуащ асыхьэтым. СыкъыхэкIиикIащ, си нэпсхэр схуэмыубыду: «Аллахьу акбар! Аллахьу Акбар! Ди адэ, ухэт уэ?» Жэуап къызет: «Алыхьталэм срипщылIщ. Сыгъэжей, пщэдей махуэ кIыхь къытпэщылъщ». Алыхьышхуэм и цIэкIэ соIуэ! СызэщIэкIэзызэу шатырым сыщIэлъэдэжри, си нэгум щIэкIа псори ди гъусэ щIэныгъэлIышхуэм телефонкIэ хуэсIуэтэжащ. «Алыхьым и цIэкIэ соIуэ! И жьэм къыжьэдэкIыу хъуар Алыхьым къызыхуищIэ а цIыхур си нэкIэ сымылъагъункIэ Iэмал иIэкъым!» - щыжиIэм, къызэрыкIуэну гъуэгур телефонкIэ хуездзыхри, сыпежьащ. Зи гугъу сщIыр Сауд Хьэрыпым щыцIэрыIуэ щIэныгъэлIышхуэт. Дадэм и хэщIапIэм дыщынэсым, ар къэушу къызэрежьам гу лъыттащ. СоупщI: «Дэнэ укIуэрэ, хьэжы?» «Андез сщтэнурэ пщэдджыжь нэмэзыр сщIынущ», - жеIэ. «Уа хьэжы! – зыхузогъазэ аргуэру. – Сэрэ мы къызбгъэдэт щIалэмрэ дыкъэпцIыхурэ?» «Сыт фыщIэзмыцIыхур? Алыхьым фрипщылIщ». «Си цIэмрэ мы щIэныгъэлIым и цIэмрэ пщIэрэ?» - соупщI аргуэру. СыкъыфIэмыIуэхуххэу жэуап къызет: «НтIэ, Алыхьым фрипщылIщ». Ди гъусэу и хьэжыр нигъэсыну щыжесIэм, идакъым: «Сэ езым нэзгъэсынщи нэхъыфIщ си хьэжыр». Си телефоныр зэрыт визиткэр естащ, щыхуей дыдэм къэпсэлъэну хуит сщIыри. Езым фIэщхъуныгъэкIэ гъэнщIа макъ зэпIэзэрыткIэ мыр къызжеIэ: «Сыт сынэпсалъэу зыгуэркIэ сыщIынолъэIунур? Уэри сэ сэщхьыркъабзэу Алыхьым урипщылIу аращ. Зыгуэр сыхуей хъумэ, уэри сэри ди Тхьэм селъэIунщи зэфIэкIащ. Езыр хуеймэ, фIыгъуэр уэ уи IэкIэ е нэгъуэщI зыгуэрым и IэкIэ къызитынщ». Ар жиIэри и гъуэгу техьэжащ. «КхъыIэ, хьэжы, духьэ схуэщI», - кIэлъыжызоIэ. Езыми и макъ гъэхуамкIэ жэуап къызет: «Уэ езым пхуэщIынукъэ?» «Алыхьым уэ уи духьэр нэхъ пIех!» «Уемызэшу елъэIу! IуэхуфIхэр блэжьурэ Алыхьталэм гъунэгъу зыхуэщIи, уэри уи духьэхэр пIихынщ». ИтIанэ мыр жиIэу зэхызох: «Я Алыхь! КхъыIэ, мэжджытым сызышэн машинэ къызэт! Лъэсу, ди Тхьэ, сыкIуэфынукъым». Ныбжь зэриIэмрэ зэрыкъарууншэмрэ хуит къызэращIым хуэдизкIэ хуэму здежьам, си гъусэмрэ сэрэ гу лъыттащ абы хьэжыщIхэр зэрыс автобус гуэр лъэщIыхьэу зэрырагъэтIысхьам. Си гъусэм зыкъигъазэри жиIащ: «Уэрэ сэрэ ЩIылъэм дыкъызэрыщацIыхум дриуэркъ щхьэкIэ, Уафэм къыщацIыхухэри щыIэщ. ЩIылъэм и цIыхухэр лъагагъкIэ зэрызэщхьэщыкIым хуэдэ дыдэу, Уафэм и цIыхухэри зэщхьэщокI. Си гугъэмкIэ, уэрэ сэрэ ЩIылъэм щыдиIэ пщIэмрэ щIыхьымрэ нэхърэ нэхъыбэ Уафэм щызиIэ цIыху дрихьэлIауэ аращ».
Поделиться:
Читать также:
12.09.2024 - 09:58 →
Адыгэ псори къыдахьэхат
12.09.2024 - 09:43 →
Куэдым хуэжыджэр щIалэ
11.09.2024 - 18:48 →
Ди уэрэджыIакIуэ щIалэщIэхэр
11.09.2024 - 14:36 →
Тырку уафэлъащIэм щоджэгу
10.09.2024 - 12:26 →
«Уи къарум зэи шэч къытумыхьэ»
|