Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхуныр, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэныр къызэгъэпэщыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ и ведомствэ зэхуаку комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м къыдигъэкIа Указ №104-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

 

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхуныр, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэныр къызэгъэпэщыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхуныр, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэныр къызэгъэпэщыным теухуа IуэхухэмкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №104-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) ведомствэ зэхуаку комиссэм мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн:
Мер Р. А. - Аруан муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)

Мэш М. М. - Урысей Федерацэм и лъэпкъ гвардием и дзэхэм я федеральнэ IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр РеспубликэмкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету);
б) мы Iыхьэр:
«ЛутI М. А. - Прохладнэ муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм социальнэ политикэмрэ лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)»
мыпхуэдэ IыхьэмкIэ щызэхъуэкIын:
«Гъубж М. А. - Прохладнэ муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм социальнэ политикэмрэ лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)»;
в) ведомствэ зэхуаку комиссэм хэгъэкIын Цавкилов А. А.
2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2024 гъэм шыщхьэуIум и 2-м
№64-УГ

 

Фэтэр куэд хъу унэхэр зехьэным хуэгъэза лэжьыгъэр лицензэм щIэгъэувэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лицензэ комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

Фэтэр куэд хъу унэхэр зехьэным хуэгъэза лэжьыгъэр лицензэм щIэгъэувэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лицензэ комиссэм теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2021 гъэм накъыгъэм и 12-м «Фэтэр куэд хъу унэхэр зехьэным хуэгъэза лэжьыгъэр лицензэм щIэгъэувэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лицензэ комиссэм теухуа Положенэр къэщтэным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №50-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам и 23-нэ пунктым ипкъ иткIэ:
1. Фэтэр куэд хъу унэхэр зехьэным хуэгъэза лэжьыгъэр лицензэм щIэгъэувэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лиценэ комиссэм хэтхэр къэщтэн.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м «Фэтэр куэд хъу унэхэр зехьэным хуэгъэза лэжьыгъэр лицензэм щIэгъэувэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лицензэ комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Унафэ №83-РГ-м къару имыIэжу къэлъытэн.
3. Мы Унафэм къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2024 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-м
№111-РГ

2024 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къыдигъэкIа унафэ №11-РГ-мкIэ къащтащ
Фэтэр куэд хъу унэхэр зехьэным хуэгъэза лэжьыгъэр лицензэм щIэгъэувэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лицензэ комиссэм 
Хэтхэр

Чимаев Т. Ж. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Тарифхэмрэ псэупIэхэм кIэлъыплъынымкIэ и къэрал комитетым и унафэщIым и къуэдэ - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал псэупIэ инспектор нэхъыщхьэм и къуэдзэ (лицензэ комиссэм и унафэщIщ)
Iэхъуэбэч А. Н. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэмкIэ и совет» ассоциацэм и лIыкIуэ, Бахъсэн муниципальнэ районым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и унафэщIым и къуэдзэ
Бекъул А. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ щыIэ уполномоченнэм и лIыкIуэ
Елей А. Н. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ухуакIуэхэр» зэгухьэныгъэм и лIыкIуэ
Ибрагимов М. А. - Фэтэр куэд хъу унэ №47-уэ Налшык къалэм Лениным и цIэр зезыхьэ и проспектым тетым и советым и унафэщI
Литвинов Р. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ, хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэр дэIыгъынымкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ, курортхэмрэ туризмэмкIэ и комиссэм щыщ
Стрельниковэ Т. Н. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ухуакIуэхэр» зэгухьэныгъэм и лIыкIуэ
Токъу Р. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ, гъэсыныпхъэ-энергетикэ комплексымкIэ и комитетым и унафэщI
Тхьэгъэлэдж М. У. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Тарифхэмрэ псэупIэхэм кIэлъыплъынымкIэ и къэрал комитетым къэрал къулыкъумрэ административно-финанс управленэмкIэ и къудамэм мылъку зыралъэфэлIэныр къэмыгъэхъуным теухуа хабзэхэр къызэпемыгъэудынымкIэ и секторым и унафэщI (унафэхэр къыщащтэкIэ Iэ иIэтыну хуимыту)
ФиIэпщэ А. Г. - «КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал аграр университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ федеральнэ къэрал бюджет еджапIэ IуэхущIапIэм «Предприятэхэр энергиекIэ къызэгъэпэщыныр» и кафедрэм и унафэщI
Хьэгъундокъуэ А. Б. - «ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм щыIэ жылагъуэ кIэлъыплыныгъэм и щIыналъэ центр» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI
Щоджэн Л. В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Тарифхэмрэ псэупIэхэм якIэлъыплъынымкIэ и къэрал комитетым псэупIэм кIэлъыплъынымкIэ лицензэхэр ятынымкIэ и управленэм фэтэр куэд хъу унэхэр зрахьэн папщIэ лицензэхэр етынымкIэ икIи абыхэм якIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и унафэщI.

Поделиться:

Читать также: