Чэнджэщ щхьэпэхэр

УщIэгузавэ Iуэхугъуэм елъытауэ, КъурIэн лъапIэм и сурэ щхьэхуэхэм къадэкIуэ фIыгъуэм, ар дэIэпыкъуэгъу зэрызыхуэпщIыфыну щIыкIэм теухуауэ щIэныгъэлI тхылъхэм гукъинэж куэдым уащрохьэлIэ.

Псалъэм папщIэ, куэдым гукIэ ящIэ «Iэлъхьэмыр» («Фатихьэ» сурэр) зэчыр папщIэу къэзыгъэсэбэп цIыхум дунеягъэкIи ахърэткIи зыщIэлъэIу псори Алыхьталэм къыхуищIэнущ. Ар зытетха тхылъымпIэр псым хэпщIэрэ сымаджэр ебгъафэмэ, и узыфэр мыхъужыну жаIа пэтми, щхьэщыкIынущ. Дауи, ар къыщохъулIэнур Iуэхум гу къабзэкIэ, Алыхьталэм ифI къызэрокIынум шэч къытумыхьэу убгъэдыхьэмэщ.

«Iэл-Бэкъэрэ» сурэм къеджэр щхъуэ зезыхьэхэм я зэраным щыхъума хъунущ.

«Iэл-Iимран» сурэм щэ къеджэм и мылъкур къыздикIыр имыщIэу бэгъуэнущ, и щIыхуэхэри тыншу ипшыныжынущ.

«Iэн-Ниса» сурэм зэщхьэгъуситIыр, уеблэмэ тIум я зыр къеджэмэ, я унагъуэм зэгурыIуэ илъынущ.

«Iэл-МаIидэ» сурэм 40-рэ къеджэм пщIэ, мылъку, ерыскъы берычэт игъуэтынущ.

«Iэл-Iэнхьам» сурэм 4I-рэ къеджэм и гъуэгур Алыхьым фIы псоми хузэIуихынущ. Апхуэдэ цIыхум и щытыкIэр ефIэкIуэнущ, и Iуэхухэр зэхэзэрыхьамэ, зэтеувэжынущ, и бийхэм къыкIэлъызэрахьэ Iей псоми къригъэлынущ.

«Iэ-Iэхьраф» сурэм къеджэр ахърэт хьэзабхэм щыхъума хъунущ.

«Iэл-Iэнфал» сурэм 7-рэ кърыреджэ лажьэ имыIэу лъэхъуэщым ирадза цIыхур. Ар хуит къащIыжынущ, лей псоми щыхъума хъунущ.

И гуныкъуэгъуэ псори щхьэщыкIынущ «Iэт-Тэубэ» сурэм I7-рэ къеджэм. Абдежми къыщымынэу,  дыгъухэмрэ цIыху Iейхэмрэ ящыхъума хъунущ апхуэдэ цIыхур. «Юнус» сурэм 20-рэ къеджэр биймрэ Iей къыкIэлъызэрахьэнымрэ щыхъума хъунущ.

«Хьуд» сурэм 3 укъеджэмэ, псэуныгъэм епха хуэныкъуэныгъэхэм укъригъэлынущ, хым шынагъуэншэу утригъэтынущ.

«Исуф» сурэм къеджэр фIыуэ илъагъу цIыхухэм яхуигъэзэжынущ. Алыхьталэм ар къеплъ псоми я дежкIэ лъагъугъуафIэ ищIынущ.

«Iэр-Рэхьд» сурэм къеджэм и сабийхэр къихъумэнущ, Iей зигу илъым и нэм яримыгъэлъагъуу. А сурэм икIи сабий гъыр игъэудэIужынущ. КъинэмыщIауэ, а сурэм къеджэм и бынхэм щыблэ къеуэнукъым.

«Ибрэхьим» сурэм 7 къеджэр зэбииныгъэм щыхъума хъунущ, и адэ-анэр арэзы къыхуэхъунущ.

«Iэл-Хьиджр» сурэр щэн-щэхуэн Iуэхум хуэщхьэпэнущ, абы щхьэкIэ 3 укъеджэн хуейщ.

«Iэл-Нэхьл» сурэм I00-рэ къеджэм къытекIуэн бий щыIэкъым.  Алыхьым и фIыщIэкIэ, апхуэдэ цIыхум зыхуэпабгъэ фIы псори къехъулIэнущ.

«Iэл-IисраI» сурэм 7 къеджэр Iейм, къаугъэм, фыгъуэнэдымрэ жагъуэгъумрэ ящыхъума хъунущ.  Зи псэлъэныр гувэ сабийр мы сурэр зытетха тхылъымпIэр зыхэщIа псы ирагъафэмэ, и бзэр къиутIыпщынущ.

«Iэл-Кэхьф» сурэм и гур къабзэу мэрем махуэм къеджэ цIыхур къыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэм гуныкъуэгъуэхэмрэ щытыкIэ гугъухэмрэ щыхъума хъунущ. Алыхьталэм ар къыпэщIэува псоми тригъэкIуэнущ, Дэджалымрэ абы и Iеймрэ къригъэлынущ. Узыншагъэрэ зыхэпсэукIын мылъкурэ къыбгъэдилъхьэнущ.

«Iэл-Марьям» сурэм  къеджэр зыри хуэмыныкъуэу, зыхуейр игъуэту псэунущ.

Зи ишэгъуэ пхъу зиIэ адэр е анэр «ТIа Хьа» сурэм 20-рэ къеджэмэ, Алыхьталэм абы хуэфэщэн псэгъу къритынущ.

«Iэл-IэнбияI» сурэм 70-рэ кърыреджэ шынэм къимыутIыпщыр. А сурэм къеджэ зэпытым Алыхьым фIэлIыкI бын къыщIэхъуэну гугъэ щыIэщ.

«Хьэж» сурэм шынэр IуегъэкIуэт, зи псэр хэкI цIыхум дунейр зэрихъуэкIыныр псынщIэ щещI.

«Iэл-МуIиминун» сурэм  къеджэрейм и хьэлыр нэхъ дахэ хъунущ. Уеблэмэ ар IэщIэщIа псоми хущIегъуэжынурэ и Iиманыр нэхъ куу хъунущ.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться: