Iуащхьэмахуэ я къарур щагъэунэхуну2024 гъэм фокIадэм и 17-м, япэм зэи щымыIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ триатлон спорт лIэужьыгъуэмкIэ «Iуащхьэмахуэ и цIыху» зэхьэзэхуэр. Зэпеуэм хэтыну спортсменхэр лIэужьыгъуищкIэ зэхьэзэхуэнущ: псым есынымкIэ, лъакъуэрыгъажэмкIэ, бгым дэжеинымкIэ. ЗэIущIэхэм гъэщIэгъуэну хэлъыр зы спорт лIэужьыгъуэм адрейм къыпищэурэ, зэрахъуэкIыурэ зэпеуэр щекIуэкIкIэ, щIыпIэхэр нэхъ лъагэ хъууэрэ зэрыкIуэнурщ, и кIэм нэсын папщIэ, псори зэхэту километри 6,5-рэ лъагагъкIэ дэкIуеин хуей хъунущ. «Зы махуэм къриубыдэу ирагъэкIуэкI мыпхуэдэ къызэдэжэхэм ящыщу иджырей зэпеуэр дуней псом щынэхъ гугъуу щытынущ икIи ахэр щызэхэт щIыпIэхэм я лъагагъымкIи дыдейр япэ итынущ. Дунейпсо рекорд яхуэгъэувынри зыхуэIуа щыIэкъым. Дыдейхэм нэмыщI зэхьэзэхуэм хэтынущ хамэ къэралхэм я спортсменхэри, псори зэгъусэу 80. Абы ящыщу 50-р щхьэзакъуэхэщ, 30-р командэхэм хэтынущ. Псалъэм къыдэкIуэу, зэхьэзэхуэр ягъэбжьыфIэнущ Урысей Федерацэмрэ Европэмрэ я чемпионхэу Брюханков Андрейрэ Романенковэ Евгениерэ», - жиIащ КъБР-м ТриатлонымкIэ и федерацэм и унафэщI Iэпщэ Руслан. Гугъэ тщIынщ зэпеуэм хэтыну спортсменхэм я зэфIэкIыр нэсу абы къыщагъэлъэгъуэфыну, Iуащхьэмахуэ лъапи триатлонымкIэ дунейпсо рекорд щагъэувыну. АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться:
Читать также:
12.09.2024 - 14:55 →
Ещанэ увыпIэр къахь
12.09.2024 - 14:53 →
Ди шууейхэр псоми ятокIуэ
12.09.2024 - 12:26 →
Медаль куэд къахь
11.09.2024 - 12:19 →
Спорт хъыбархэр
06.09.2024 - 14:33 →
Пажэхэр зэрылъэщщ
|