КикбоксингымкIэ етIуанэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Барнаул къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и еджакIуэхэм кикбоксингымкIэ я 12-нэ Гъэмахуэ спартакиадэм и кIэух зэхьэзэхуэр. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 34-м икIа спортсмени 100-м нэблагъэ.

         Зэхьэзэхуэм щыIащ ди республикэм и щIалэгъуалэм я командэ къыхэхар, цIыхуищ хъууэ, икIи абыхэм яхузэфIэкIащ гуп зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщахьын.

         Щхьэзакъуэ зэпеуэхэми щыхуэмыхуакъым - я хьэлъагъ елъытауэ ди щIалэхэр щызауэ гупхэм япэ увыпIэр къыщихьащ Мэз Темырлан (кг 63,5-рэ). Хутэ Адэлбийрэ (кг 54-рэ) Мовлюдов Рэмэзанрэ (кг 42-рэ) етIуанэ хъуащ.

         ЩIалэхэм ядэлажьэр Саралидзе Айдинрэ Къудей Алимрэщ.

 

                                                                    ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

 

 

Поделиться: