«ЗекIуэ уаеми» хэтатДзэ хужьым и телъхьэу, большевикхэм япэу япэщIэувахэм ящыщщ кIахэ адыгэхэм къахэкIа адыгэ шуудзэ полкыр. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар революцэм и жьы гуауэр япэу абыхэм къазэрыщIихуаращ. 1917 гъэм и кIэхэм хужьыдзэ къызэрагъэпэщам куэду яхэтащ адыгэхэр: полковник Кърым-Джэрий СулътIанрэ (Дзэ Iэлым хэта Адыгэ полкым и дзэзешэу щытащ) ротмистыр Уэлэгъей Кушыку сымэ я нэIэ щIэт дзэ пакIэхэмрэ. Ахэращ лъабжьэ хуэхъуар Псыжь лъэныкъуэм япэу къыщызэрагъэпэща Адыгэ шуудзэ полкым. Ар и нэIэ щIэтащ полковник Къылыш-Джэрий СулътIан. А лъэхъэнэм къэхъуахэм къэхутэныгъэхэр езыщIылIа Волков С. зэрыхуигъэфащэмкIэ, полкыр къыщызэрагъэпэщар 1918 гъэм гъатхэпэм и 1-ращ. Апхуэдэ еплъыкIэр зытригъащIэр Шынджий къуажэм деж псыжьыдзэхэр щIэрыщIэу къыщызэрагъэпэщыжауэ зэрыщытаращ. Арами, нэгъуэщI тхыдэтх Венков А. зэритхыжымкIэ, Адыгэ полкыр а зэманым хэтагъэххэт 1918 гъэм щIышылэм и 20-м Енэм къуажэм деж советыдзэм иращIылIа зауэм. Куэд мыщIэу полкыр хагъэхьащ Корнилов и добровольческэ дзэм икIи хэтащ «ЗекIуэ уае» («Ледяной поход») зыфIаща Iуэхугъуэм. 1918 гъэм Псыжь щIыналъэм хыхьэ Мейкъуапэ къудамэр дзэ хужьым иубыда нэужь, къызэрагъэпэщауэ щытащ 2-нэ Адыгэ полкри. ТIури хэтащ 1-нэ шуудзэ дивизием. Тхыдэтххэр щигъэгъуащэ щыIэщ 2-нэ адыгэ полкыр къызэрызэрагъэпэщамкIэ унафэр нэхъ кIасэу - фокIадэм и 10-м къызэрыдагъэкIам. «Контрреволюционный мятеж» зыфIаща Iуэхугъуэхэр Ищхъэрэ Кавказым къыщыхъуа мазэхэм бгырыс лъэпкъхэр нэхъыбэу зыхэтар дзэ Хужьращ. 1918 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм Тэрч деж къыщыхъуа Тэрч восстанэм хэлъэщыхьащ штабс-ротмистр Даутокъуэ-Серебряков Заурбэч и нэIэ щIэта адыгэхэр. Абы и дзэм хузэфIэкIауэ щытащ Къэбэрдей щIыналъэр зэрыщыту и нэIэ щIигъэувэн. Даутокъуэращ а гъэ дыдэм шыщхьэуIум Къэбэрдей полкитI къызэзыгъэпэщар: уэркъ полкрэ мэкъумэшыщIэ полкымрэ. ФокIадэ мазэм ахэр, нэгъуэщI тэрчыдзэхэми я гъусэу, Псыжь щIыналъэм и Баталпашинск къудамэм (иджырей Къэрэшей-Шэрджэсым) зыкъыщызыIэта Шкуро и дзэхэм ягухьауэ щытащ. Шкуро Баталпашинск къудамэм зыкъыщызыIэта лъэпкъхэм затригъащIэри, къызэригъэпэщауэ щытащ адыгэ, абазэ, къэрэшей полкхэр. Пэжщ, Шкуро зэритхыжымкIэ, мы щIыпIэм щыпсэу адыгэхэм зауэ-банэм я къуажэхэр зэрыщахъумэным иужь итт, ауэ Плъыжьыдзэм Мансур и къуажэр игъэса иужь, «дэнэ щIыпIи зыкъыщаIэту, зыкъыпащIэу щIадзащ». Ар дыдэм зэритхыжымкIэ, къэбэрдей къуажэхэм ящыщу большевикхэм я телъхьэу щытар Къармэхьэблэ закъуэрат, арщхьэкIэ абы щыщу дзэ Плъыжьым дэзауэ ополченцхэр куэд мыщIэу зэтракъутауэ щытащ. Шкуро Баталпашинск адыгэхэмрэ абазэхэмрэ зыхэт, «2-нэ шэрджэс полк» зыфIищар къызэрегъэпэщ. Апхуэдэ фIэщыгъэ зезыхьэ полк щыIэххэт, ауэ 1918 гъэм гъэмахуэм добровольческэ дзэм къыгуэкIагъэххэу щыта Шкуро абы щыгъуазэтэкъым. Аращ къызэригъэпэща полкми «2-нэ шэрджэс полк» щIыф1ищар, а зэманым тетхыхьыж тхыдэтххэм ящыщ куэди щIигъэгъуэщар. ИужьыIуэкIэ къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей шуудзэ полкри (иужьым 3-нэ адыгэ полк зыфIащыжар). ФокIадэм и 12-м техуэу, Тэрч зыкъыщызыIэтахэм щалъэIэсым, адыгэ полки 4-р (1-нэ, 3-нэ, 2-нэ фIэщыгъэ зезыхьэ полкхэр жиIэу) зэхагъэхьэжри, Осетин шуудзэ дивизионымрэ къэрэшей полкымрэ къыгуадзэжри, 1-нэ Туземнэ бгырыс дивизие къызэрагъэпэщауэ щытащ Шкуро и унафэ щIэту. ФIэщыгъэр къытрахащ Езанэ дунейпсо зауэм хэта Дзэ Iэлым, сыту жыпIэмэ къызэрагъэпэща дзэм джэлэс хуэхъуар а дивизием хэтахэрат. Арами, дивизие къызэрагъэпэщам и лъабжьэр зыгъэтIылъари, куэдкIэ нэхъыбэу хэтри адыгэхэрат. Жэпуэгъуэ мазэм, Шкурорэ Деникинрэ я дзэхэр зэхагъэхьэжа нэужь, тхылъкIэ дивизием и цIэр яхъуэжащ, ауэ добровольческэ дзэм щхьэхуэу къыхэнащ икIи хэтащ адыгэ дзэ къудамэхэр. ДзитIыр зэхэмыхьэж ипэкIэ Деникиным и нэIэ щIэтахэм яхэтар 2-нэ шэрджэс полкымрэ лъэпкъ зэхэпхъа полкымрэт, иужькIэ абыхэм яхэхъуащ шэрджэс дивизиер (абы хиубыдэт адыгэ полки 5, зы дивизионрэ сотни 4-рэ), Къэбэрдей полки 2-р, Тэрч-Осетин дивизионыр. Адыгэ дзэ къудамэм апхуэдиз пщIэ къыщIыхуащIым нэгъуэщI щхьэусыгъуи иIэт. А зэман зэхэтхъуам нэгъэсауэ зызытебгъащIэ хъуну, дзыхь зыхуэпщIыну зауэлIхэр мащIэт. Тепщэгъуэр зей властым елъытауэ, дзэ Iыхьэхэр щызэбгрыжыжыр нэхъыбэт, зэман хьэлъэ къызыхудэхуа дзэ Хужьым и мащIэт зауэм лIыгъэрэ хахуагъэкIэ ипсыхьахэр. Абы папщIэ, и нэхъыбэм уэркъ-лIакъуэлIэшкIэ къызэгъэпэща, зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж, зи псалъэм тетыж, щхьэмыгъазэ адыгэдзэ къудамэхэр хужьыдзэм и дежкIэ тегъэщIапIэ лъэщт. Аращ 1918 гъэм и кIэм хуэкIуэу, адыгэдзэ къудамэхэм я зауэкIэр зылъэгъуа Деникиным мурад щIищIар адыгэ шуудзэр дивизиеу 6-м, лъэсырыдзэ бригадэхэр 4-м нигъэсыну. 3-нэ дзэ корпусым иIыгъащ добровольческэ дзэм и иужьрей къудамэр. Абы хэтащ Къылыш-Джэрий, ротмистр Уэлэгъей Кушыку, полковник Адыл-Джэрий СулътIан, ротмистр Къадыр-Джэрий СулътIан, полковник Тамбийр (?), полковник Бэчмырзэ Фёдор, Даутокъуэ Заурбэч, генерал-майор Анзорхэ М. сымэ. 1918 - 1919 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэ лъэныкъуэм щекIуэкIащ зауэ гуащIэхэр, Плъыжьыдзэм и 10-нэ, 11-нэ, 12-нэ дзэхэм япэщIэтт добровольческэ дзэр. А зэманращ 11-нэ плъыжьыдзэр щыщхьэпрадзар. Кавказ Ищхъэрэ хэгъэгум и къуэкIыпIэ лъэныкъуэр зэрыщыту яубыдащ дзэ Хужьым, Плъыжьыдзэм и 11-нэ, 12-нэ дзэхэм къахудэхуащ икIуэту къалмыкъ губгъуэхэм ихьэжын. 10-нэ дзэми и иужьрей къудамэри тIасхъэ ящIат. Арами, дзэ Хужьми уасэшхуэкIэ «къищэхуащ» а текIуэныгъэхэр - дивизиехэм я щIылъэныкъуэхэр хэкIуэдат зауэм. Зауэм и нэхъ гуащIапIэм Iуту, куэд зыхаукIыкIахэм ящыщт Шэрджэс, Къэбэрдей дивизиехэр. Мазае мазэм и 10-м Ассиновскэ и деж щыта Шэрджэс полки 4-м хэтахэр къыщапщытэжым ятхыжар зауэлI 1186-рэ пулемёт 15-рэщ, Къэбэрдей дивизием къызэщIиубыдэу зауэлI 1200-мрэщ. Дгъэбелджылыну дыхуейщ нэгъуэщI лъэпкъ полкхэр, дзэ къудамэхэр мыбдеж къызэрыхэмыщыжыр. И кIэм нэс дзэ Хужьым дэзауэу, сыт хуэдэ зауэ гуащIэми пхрыкIауэ къэнэжар зи цIэ итIуа шэрджэс полки 4-мрэ къэбэрдей дивизиемрэщ. Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2024 - 15:00 →
Колле и тхыгъэхэр ди тегъэщIапIэу
28.11.2024 - 10:00 →
И къэунэхукIэм и бжьи и ныбжьи ухэзыгъаплъэщ
21.11.2024 - 16:30 →
Лъэпкъым зэрызиузэщIам щыщ
16.11.2024 - 16:52 →
Керенскэм и хъыринэхэр
13.11.2024 - 15:54 →
«Бабыгу» цIэм лъэныкъуитIымкIи дыщрохьэлIэ
|