Зэман хурикъуакъым1980 гъэхэм я пэщIэдзэр Совет Союзым и къэралым и унафэщI зыбжанэм я ухыгъэу къыщIэкIащ. ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу Кремлым и блынхэм я деж куэд ямызэхуакуу щыщIалъхьащ КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэ икIи СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафщIхэу Брежнев Леонид, Андропов Юрий, Черненкэ Константин сымэ. Хамэ къэралхэм къикI хьэщIэшхуэхэр нэщхъеягъуэ Iуэхухэм хэтын папщIэ Москва къакIуэурэ ешат, ар икIи зы лъэныкъуэкIи емыкIут. Ар тегъэщIапIэ ищIри, зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ Громыкэ Андрей и щIэгъэкъуэну СССР-м и Iэтащхьэу зыхригъэхащ, иужьым ар къуэзылъхьэжа Горбачев Михаил, ауэ ар нэгъуэщI псалъэмакъщ. Дэ иджыпсту зи гугъу тщIынур зи ныбжьыр мыщIалэж а цIыхухэм ящыщу Андропов Юрий и лIэкIарщ. Илъэс зыкъомкIэ бжьыпэр зыIыгъа Брежневыр иужь зэманым хэпщIыкIыу хьэлъэ хъуат, жиIэри тэмэму къыбгурыIуэжыртэкъым, Черненкэ куэд зэримыхьынур и фэ къудейм къигъэлъагъуэрт. Ауэ Андроповыр нэхъ жыджэр хуэдэт. АтIэ занщIэу щхьэ Iуиха? Абы зыгуэр «дэмыIэпыкъуауэ» пIэрэ? А упщIэхэм жэуап яхуетыркъым, жэгъуэгъу, дунейм ирагъэхыжыным щIэхъуэпс куэд зэриIар псоми ящIэ пэтми. Хрущев Никитэ партым и ЦК-м и Япэ секретарь, СССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщI къулыкъум трагъэкIа иужь мыгувэу КГБ-м и Iэтащхьэу ягъэува Андроповыр щыгъуазэт ди къэрал абрагъуэм щекIуэкI Iуэху псоми. Илъагъурт зэфIэкI зыбгъэдэлъхэм мылъкур нэмукIытагъэ хэлъу зэрызралъэфалIэр, ди гъащIэр фэрыщIыгъэм зэрызыщIищтар «зызыужьа социализмэр» КъухьэпIэм и экономикэ ухуэкIэм егъэлеяуэ къызэрыкIэрыхуар. АрщхьэкIэ зыри хуещIэнутэкъым. ЩытыкIэр ебгъэфIэкIуэжын, зэхъуэкIыныгъэ щхьэпэхэр ебгъэкIуэкIын, щыкIахэр къыжьэдэпкъуэн папщIэ абы и къулыкъур мащIэт: Совет Союзым и унафэщI хъуа иужькIэщ абы апхуэдэ Iэмал щигъуэтар. Пэжу, властыр кIасэIуэу къыIэрыхьат. И ныбжьыр илъэс 68-м иту. Апхуэдизуи егъэлеятэкъым, арщхьэкIэ и щIалэгъуэм къыщежьауэ уз гъэтIылъа иIэт: и жьэжьейхэр къеныкъуэкъурти, езыми къыгурыIуэрт абыхэм зэрамыутIыпщынур. А зэманым узыншагъэр хъумэнымкIэ министру щыта Чазов Евгений къриджэри, занщIэу еупщIащ: «Си лъэ сызэрихьэу сыт хуэдизкIэ иджыри сыпсэуну»? Кремлым и дохутыр нэхъыщхьэм къыжриIащ, зэгугъужу щытмэ, «къыхэмыщтыкIыу иджыри илъэситхукIэ лэжьэфыну. И фIэщ хъуаи-мыхъуаи, ауэ зимыIэжьэу яужь ихьащ къалэну зыхуигъэувыжахэр гъэзэщIэным. КъыщыщIидзари сатурщ. А IэнатIэм и лэжьакIуэхэм хабзэм емызэгъыу ахъшэшхуэ зэрагъакIуэрт, парт къулыкъущIэхэр «IумпIафIэ» къищIауэ. Щысхьрабгъу ямыIэу, зауэм зэрыхэтами, зэрыцIыхубзми емыплъу хьэжьвакъэжьышххэр ягъэтIысырт, укIкIэ зи суд ящIэхэри мащIэтэкъым. ЦIыхухэм ялъагъурт пIалъэ кIэщIым нэхъапэм къэлэлауэ щыта хабзэхэр зэуэ ткIий зэрыхъуар. Хэбгъэзыхьмэ, анекдот къежьат утыкум къиувэу Андроповым мыпхуэдэу жиIэу: «Ныбжьэгъухэ! Сывохъуэхъу I937 гъэм и илъэсыщIэр къызэрихьамкIэ!» АрщхьэкIэ Сталиным и зэманым хуэдэу мыбы политикэ щхьэусыгъуэ гуэри хэлътэкъым: къуэншахэр яхуэфащэ жэуапым ирашалIэу аркъудейт. Дэ дощIэж Азие Курытым, псом хуэмыдэу Узбекистаным, сэтей къыщащIахэр. Ахэр телъыджэт. Республикэм и Компартым и ЦК-м и япэ секретарь Рашидов Шараф езыри хэпщIат мыбы щызэрахьэхэм. ТхылъымпIэ нэпцIхэмкIэ бжьэхуц тонн мелуани 5 кърахьэлIауэ къыщIрагъэдзырт къэралым ипэжыпIэкIэ…. зы грамми ирамытауэ! «Коммунист пэжхэм» я бгъэхэм дыщэ вагъуэхэр къахэлыдыкIырт, ахъшэхэр, дыщэхэкIхэр, налкъутхэр здахьын ящIэжыртэкъым. Псори зэхэту «бжьэхуцгъэкI» мин 30-м нэс жэуапым ирашэлIауэ щытащ, Брежневым и ныбжьэгъуфIу щыта Рашидовым зиукIыжащ. УкIытэр зыфIэкIуэда унафэщIхэр я къулыкъухэм трагъэкIырт. Уеблэмэ, СССР-м и МВД-м и Iэтащхьэ Щелоков Николай и дежи нэсахэщ. Абы и щхьэгъусэ, налкъутхэмрэ сурэт лъапIэхэмрэ ятхьэкъуа Светланэ зиукIыжащ. Ардыдэр ищIащ министру щытами. Пэжу, ар къыщыхъуар Андроповыр лIа иужькIэщ, ауэ Iуэхур къезыхьэжьар арат. Зыгуэрхэм къалъытэрт къэралым и Iэтащхьэ хъуам щIигъатхъуэIуэу. Псалъэм и хьэтыркIэ, пщыхьэщхьэкIэрэ хабзэхъумэхэм автомашинэр къагъэувыIэрти, зрагъащIэрт лэжьэгъуэ зэманыр иухауэ къулыкъущIэм езым кърапха транспортыр къыщIигъэсэбэпым и щхьэусыгъуэр. Е шэджагъуэм кинотеатрым щIыхьэнхэти, щIэупщIэнт яхущIыхьэныр къызыхэкIам. Апхуэдэхэри щыIащ, арщхьэкIэ къэщIэжыгъуейщ ар и дагъуэу цIыху цIыкIур жэуапым ирашэлIауэ. Ауэ пIалъэ кIэщIым уэрамхэм Iуэхуншэхэр нэхъ мащIэ щыхъуащ. Дауи, и къарур нэхъыбэу зрихьэлIар экономикэрт. Ар и щхьэм къыщежьауэ и лъащIэм нэс парт унафэм щIэтт. Абы щыгъуэми мис а экономикэрат политикэр зыунэтIын хуейр. Зауэ нэужьым рынок зэхущытыкIэхэм я къуэпсхэу Сталин Иосиф къызэщIригъэуахэр Хрущев Никитэ хьэрыкъуакIэ дихуэжат. Абы щыгъуэми, СССР-р къызэзыгъэпэща Ленин Владимир кооперацэм къэралым и гъащIэм увыпIэшхуэ щиIыгъын хуейуэ къилъытат. Уеблэмэ, яIуэтэж лIэн гъунэгъу щыхъум щыгъуэ вождым «революцэ», «кооперацэ» псалъэхэм фIэкIа хужымыIэжу щытауэ. Андроповым кооперативхэр къызэIуихыжу щIидзащ, фабрикэхэм, заводхэм, колхозхэм экономикэкIэ яIэ хуитыныгъэхэм хуэдэ зыбжанэкIэ хагъэхъуэну, уней хьэрычэтыщIэхэм гъуэгу къыхузэIуахыну къыхилъхьащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар я гуапэ хъуакъым мылъкум хэIэбэнымкIэ яIэ зэфIэкIхэр хуабжьу зыхуагъэмэщIа парт къулыкъущIэхэм. АрщхьэкIэ Iэмылыншэхэт. Мис аращ ягъэлIагъэнкIэ хъуну шэч езыгъэщIыр. Ауэ, арыншами, абы и узыншагъэр кIуэ пэтми нэхъри къызэIыхьэрт. И жьэжьейхэм гугъу зэрырагъэхьым къыхэхъуащ и нэ лъэныкъуэми имылъагъуж зэрыхъуам. Ауэ итIани лажьэрт мыувыIэу икIи епIэщIэкIырт. Иджы къыгурыIуауэ къыщIэкIынут академик Чазовым пэжыр къызэрыжримыIар, ауэ абыкIэ ар бгъэкъуаншэ хъунут?! I983 гъэм и мазаем ар къэмытэджыжыф хъуащ. Дохутырхэм зыри яхуещIэнутэкъым. Андроповыр дунейм щехыжа махуэр совет цIыхухэм я дежкIэ гуауэшхуэу щытащ. ЦIыхухэр нэщхъейт я Iыхьлы ягъейм хуэдэу. Уеблэмэ, къанэ щымыIэу ЦК-м и секретарь псори пэкIу зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыпсэлъат ар унафэщI акъылыфIэу зэрыщытар жаIэу, щытхъукIэ щIагъанэу. Абыхэм яхэтат Андроповым ирихьэжьа Iуэху псори къуэзылъхьэжыну Горбачев Михаили. Абы и лъэхъэнэр къэблагъэрт… Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:
Читать также:
12.09.2024 - 11:18 →
«Гуащэ темышэрэ пэт жыхапхъэ къещтэ»
10.09.2024 - 16:27 →
УнафэщI Iущт икIи хахуэт
10.09.2024 - 14:25 →
КъикIуа гъуэгуанэм ириплъэжу
10.09.2024 - 10:34 →
Къургъутамэ - Корокондамэ
09.09.2024 - 16:03 →
Хыр зи IупэфIэгъухэм дащыщт
|