Абхъазыр зыхъумэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1992 гъэм Куржы-Абхъаз зауэм щIидзащ. 1932 гъэм Москва Союзхэм я унэм и Колоннэ залым цIыхубэ творчествэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм етIуанэ увыпIэр щаубыдащ. 1941 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ Дыгъужь Къурмэн. 1948 гъэм къалъхуащ Тыркум щылажьэ КАФФЕД-м и президент къулыкъур зезыхьа, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэу щыта Джандемир (Гугъэв) Джихьан. 1956 гъэм къалъхуащ IэпщIэлъапщIэ, УФ-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт Мэстафэ Вячеслав. 1961 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, КъШР-м, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ я журналист Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ. 1966 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннетэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 25-рэ, жэщым градус 17 щыхъунущ.