1936 гъэм бадзэуэгъуэм и 12-м Болэтей къуажэ къыщалъхуа Сыкъун Хьэсэн мэкъумэш унагъуэм къыхэкIат. КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, профессор хъуну къызыхуиухауэ щыта Хьэсэн и адэ Хьэбыж граждан зауэм лIыгъэ хэлъу хэта лIыхъужьт, и анэ Нэужан (Ардавэхэ я пхъур) Курп Ищхъэрэ къуажэ щыщт.
1944 - 1952 гъэхэм Хьэсэн щIэсащ классибл къыщаух школым. ИужькIэ, Педагогикэ училищэр къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэтIысхьащ. 1960 гъэм СССР-м лъэрыгъажэ спортымкIэ и мастер ар хъуащ. 1961 - 1964 гъэхэм и лэжьыгъэкIэ Хьэсэн ягъэкIуащ Свердловск областым и Серов къалэм. Абы и курыт еджапIэ №2, №6-хэм япэщIыкIэ завучу, итIанэ школ унафэщIу щылэжьащ. Къыщалъхуа щIыналъэм къигъэзэжа нэужь, Хьэсэн ягъэуващ Урожайнэ курыт еджапIэм и унафэщIу. АрщхьэкIэ абы куэдрэ щымылажьэу, щIэныгъэм хущIэкъу Сыкъуныр Москва макIуэри, 1966 - 1970 гъэхэм аспирантурэм щоджэ. 1969 гъэм къыщыщIэдзауэ 1975 гъэм нэсыху ар СССР-м педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ и академием цIыхубэ школхэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэлI секретарщ (НИИ национальных школ АПН СССР). 1975 - 1988 гъэхэм диссертацэ лэжьыгъэхэр пхызыгъэкI советым ар хэтщ, апхуэдэуи КъБР-м и лIыкIуэу УФ-м и Президентым деж щылажьэм щэнхабзэ IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъущ. 1977 гъэм Хьэсэн Осетие Ищхъэрэ къэрал университетым и урысыбзэ кафедрэм и профессорщ, 1978 - 1984 гъэхэм Москва Педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ и цIыхубэ университетым и ректорщ.
1998 гъэм ирихьэлIэу профессорым къыдигъэкIат тхылъу 28-рэ тхыгъэ щхьэхуэу 150-рэ. Псом нэхъыщхьэу, къыхэгъэщын хуейуэ къыщIэкIынщ абы ипхъу Иринэ дэщIыгъуу къыдигъэкIа «Черкешенка» тхылъыр. Лэжьыгъэм къыщыгъэлъэгъуар пасэм ди лъэпкъым и гъащIэр къызэрекIуэкIарщ. Адыгэ бзылъхугъэм и дунеймкIэ Хьэсэн къигъэлъэгъуэжат зэман жыжьэм абыхэм къатехьэу щыта лейри къалъыкъуэкIыу щыта лIыгъэри. Щхьэпэщ, дызыхуейщ Хьэсэн и Iэдакъэ къыщIэкIа «Кабардино-черкесско-русско-англо-турецкий словарь в иллюстрациях» жыхуиIэри. 1991 гъэ лъандэрэ ди школхэм къыщагъэсэбэп Сыкъунымрэ Джэурджий Хьэтыкъэрэ зэхагъэува «Школьный русско-кабардинский словарь»-р. Нобэ адыгэбзэмкIэ езыгъаджэхэм Iэмал яIэщ Хьэсэн зэхилъхьа «Словарь антонимов кабардино-черкесского языка», «Обратный словарь кабардино-черкесского языка» тхылъхэр къагъэсэбэпыну.
Сыкъун Хьэсэн сыт хуэдэ гуп хыхьэми, дэнэкIи пщIэ щиIэу, езыми зыхэтыр игъэлъапIэу псэуащ. Ар сыт хуэдэ IуэхукIи щIэгъэкъуэн хэти хуэхъуфырт, слъокI, жиIэуи, и щхьэр зэи лъагэу хиIэтыкIыртэкъым. Ар зыхуэлажьэр и лъэпкъырт, егъэлеяуи адыгэр фIыуэ илъагъурт. Хьэсэн Москва СССР-м и АПН-м щIэныгъэлI секретару щыщылэжьам, мыбыкIэ икIа куэдым сэбэп яхуэхъуащ .Хьэсэн и лэжьыгъэкIэ щыIащ Америкэм, Англием, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Шри-Ланка, нэгъуэщI щIыпIэхэми. А щIыналъэхэм щыпсэу ди хэкуэгъу куэдым ар къацIыхуу щытащ. Хъыбар гъэщIэгъуэн жиIэжырт Хьэсэн. Лондон кIуауэ (псалъалъэ къыдигъэкIыным и Iуэху зэрихуэу), Хьэсэн кхъухьлъатэм къикIри, къыпежьэн хуей цIыхум деж екIэпсэуащ. Игъуэтыртэкъым. Ауэрэ, аэропортым тетурэ, плъэри зы щIалэ гуп зэхэту къыщилъагъум, егупсысат «адыгэхэщ мыхэр!» Гупым хыхьэу, «Дауэ фыщыт, щIалэхэр?» - щыжиIэм, модрейхэр къэуIэбжьащ: «Iэгъу, дэнэ къыщыпщIа дызэрыадыгэр», - жаIэри. Щапхъэу мы Iуэхугъуэм фIэкI дымыгъуэтынуми, гурыIуэгъуэщ Хьэсэн къызыхэкIа и лъэпкъыр псэкIэ зыхищIэу зэрыщытар. Хьэсэн ящыщащ хэхэс адыгэхэм я Хэку къакIуэу мыбы щеджэным теухуа лэжьыгъэшхуэр зэтезыублахэм.
Сыкъуным зыщигъэгъупщэртэкъым щIэныгъэм и гъуэгу щытехьа педучилищэр. Ар щIэх-щIэхыурэ абы и студентхэм яIущIэрт, дерс щхьэпэхэр ядригъэкIуэкIырт. Къыхэгъэщыпхъэщ, Хьэсэн и тхылъхэр, лэжьыгъэхэр псори а еджапIэм тыгъэ хуищIауэ зэрыщытар, ахэр иджыпстуи щIэныгъэлI Iэзэм и фэеплъу колледжым зэрыщызэрахьэр.
Сыкъуным пхъуитI иIэщ. Нэхъыжь Иринэ 1985 гъэм къиухащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием и университетым филологиемкIэ и факультетыр. 1995 гъэм и кандидат лэжьыгъэр пхигъэкIауэ, а университет дыдэм урысыбзэмкIэ и кафедрэм и доцентщ. Маринэ къиухащ Ломоносовым и цIэр зезыхьэ МГУ-р. 1999 гъэ лъандэрэ Къэрал Думэм и депутатым и дэIэпыкъуэгъущ.
И лэжьыгъэфIхэм къыпэкIуэу, Хьэсэн къыхуагъэфэщащ «РСФСР-м цIыхубэм щIэныгъэ етынымкIэ и IэнатIэм и отличник» (1972 гъэм), «СССР-м цIыхубэм щIэныгъэ етынымкIэ и IэнатIэм и отличник» (1986 гъэм) цIэ лъапIэхэр. Педагогикэ щIэныгъэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIым, Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ зэхущытыкIэр зэрыригъэфIакIуэм папщIэ Сыкъуным къыхуагъэфэщащ Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и орденри. КъинэмыщIу, ар КъБР-м, Осетие Ищхъэрэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ. Мыхьэнэ зиIэщ Совет Союзым и ЛIыхъужь тIэунейрэ хъуа Скоморохов Н. М. и цIэкIэ щыIэ саугъэтым и лауреат Хьэсэн зэрыхъуари. Сыкъуным аспиранту 51-м щIигъу игъэхьэзырынуи хунэсащ.
Апхуэдэ лэжьакIуэшхуэ, цIыху цIэрыIуэ къищIыкIат адыгэ къуажэ цIыкIум къыдэкIа щIалэм.