Адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ дунейпсо утыку изыхьа, гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ зи лэжьыгъэм илъэс куэдкIэ пэрыта музыкант, композитор, дирижёр Бекъул Леонид лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIащ.
Леонид 1936 гъэм дыгъэгъазэм и 14-м Кэнжэ къуажэм къыщалъхуащ. 1946 гъэм Темыркъан Борис, Бекъул Леонид, Бэрсокъуэ Еленэ сымэ зыхэт гупыр щIагъэтIысхьат Налшык къыщызэIуаха Музыкэ интернатым. Кэнжэ къуажэм лъэсу къикIыурэ урыс IэщIагъэлI гъуэзэджэ Иванов-Обухов Николай деж шыкIэпшынэм еуэфу зыщызыгъэса Леонид интернатми а Iэмэпсымэращ къыщыхихар. 1953 гъэм абы еджэн щыщIидзащ Налшык и езанэ Музыкэ школым. ЕхъулIэныгъэ иIэу ар къиухри, Орджоникидзе (иджы Владикавказ) дэт музыкэ училищэмрэ Чайковский Пётр и цIэр зезыхьэ консерваторэмрэ (Москва) и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. Профессор Пикус Михаил и деж ар щыхуеджащ скрипкэм.
Ди республикэм Музыкэ театр къызэрыщызэIуахрэ абы щылэжьащ. Ар партитурэ 200-м щIигъум елэжьащ, оперэ, опереттэ, сабий спектакль жыпIэми, зыбжанэ игъэуващ. Бекъулрат къызэзыгъэпэщар цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ щыта «Бжьамий» ансамблыр. Гупым и лэжьыгъэр зытриухуар, абы къалэну зыхуигъэувыжар адыгэ къафэхэм, уэрэдхэм, хьэгъуэлIыгъуэм епха хабзэхэм я «зэщIэжьыуэкIэр» щэнхабзэ утыкушхуэм щыгъэлъэгъуэнырт. Ар илъэс куэдкIэ лэжьащ цIыхухэм ягу дыхьэу. ШыкIэпшынэм, Iэпэпшынэм, пшынэ дыкъуакъуэм, нэгъуэщI Iэмэпсымэхэми «псэщIэ» яхилъхьэжам хуэдэт, лъэпкъ къафэхэмрэ адыгэ макъамэхэмрэ пасэрей зэманым къыхэкIуэтыжа къыпфIигъэщIу. Бекъулыр зи дирижёр гупым хэт едаIуэми хьэщыкъ ищIырт, абы игъэIуа макъамэхэмрэ уэрэдхэмрэ гупсэхугъуэ лей къыхэзымыха къэгъуэтыгъуейщ. Бекъул Леонид зэпымыууэ хущIэкъурт ансамблым и программэр нэхъ щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн зэрищIыным. Абы и щыхьэтщ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэр къригъэблагъэурэ я гушыIэхэмкIэ концертхэр игъэдахэу зэрыщытар.
Леонид и лэжьапIэ пэшыр цIыху кIуапIэт. ГъэщIэгъуэнт апхуэдиз цIыхум зэман къазэрыхуигъуэтри, гулъытэрэ пщIэрэ зэрахуищIыфри. Сирием, Иорданием, Тыркум, Франджым, нэгъуэщI къэрал куэдми ансамблым зыкъыщигъэлъэгъуащ, щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ зэпеуэхэм, фестивалхэм япэ увыпIэхэр къыщыхуагъэфащэу. Гуапэт дуней псом нэхъыфI дыдэу къыщалъыта гупхэм я гъусэу ансамблыр утыку зэритыр. Псом хуэмыдэу продюсерхэу Рош Жанрэ Огнес Мариерэ гуп щэ ныкъуэм щыщу Бекъулыр зи пашэр къыхахыу зэрырагъэблэгъар пщIэшхуэт. Абы щыгъуэ а къэралым и къалэ тIощIым щIигъум концерт щитат «Бжьамийм». Абы хэтхэм утыку щагъэлъагъуэ лъэпкъ хабзэхэм, фащэхэм, къафэхэм, уэрэдхэм я дахагъэр куэдым ягу дыхьэрт, телъыджэ ящыхъурт. Адыгэ макъамэ нэгъэсам щIэдэIухэм апхуэдизкIэ ар я гум дыхьэрти, ансамблым зыкъыщигъэлъэгъуэну къалэр къащIэурэ, абы кIэлъыкIуэхэри щыIэт.
Бекъул Леонид ящыщщ зи IэщIагъэм къыхуигъэщIауэ къалъытэхэм. А цIыху щэджащэм и лэжьэгъуу щытахэм зэрыжаIэжымкIэ, абы хуэдэу зи лэжьыгъэм хуэпэж къэгъуэтыгъуейт.
- Консерваторэр къэзухыу 1989 гъэм сыкъыщыкIуэжам, «Бжьамий» ансамблым хэт си ныбжьэгъу Къудей Зубер и фIыгъэкIэ Леонид къэсцIыхуа хъуащ. Сэри а гупым сыхыхьэри илъэсипщIкIэ садэлэжьащ. Бекъул Леонид егъэлеяуэ цIыху тыншт. Илъэс куэдкIэ нэхъыжьми, абы пщIэрэ гулъытэрэ къытхуищIырт, къытхуэгуапэт. НэхъыжьыфIым и псалъэ дахэхэр, и чэнджэщхэр къытхуэщхьэпащ. Гукъинэж сщыхъуащ ар цIыху жумарту зэрыщытар, хуэныкъуэхэм дапщэщи дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуу къызэрыгъуэгурыкIуар. Зэгуэр дуней псом щыцIэрыIуэу щыта «Бжьамий» ансамблыр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ ужьыхыжащ. ЗэфIэкI зиIэу, цIыхугъэшхуэ зыхэлъу ди япэ ита нэхъыжьыфIым и IуэхущIафэхэр, и дуней тетыкIар ноби тщыгъупщэркъым, щIэх-щIэхыурэ дигу къыдогъэкIыж. ПщIэрэ нэмысрэ иIэу, цIыхухэр фIыуэ зылъагъуу псэуа Леонид къэзыцIыхуу щытахэм ноби ди гум илъщ, - жеIэ ЗэшэкIуий ТIэхьир.
Ансамблым хэта куэдым ягу къинэжащ Лион къалэм щата концертыр. АпхуэдизкIэ цIыхушхуэ къекIуэлIати, концерт пэшыр яфIэцIыкIу хъужщ, нэхъ уэрамышхуэ дыдэу къалэм иIэм утыку IэрыщI щагъэуври, абдежым зыкъыщагъэлъэгъуат. Франджым и Iэтащхьэу щыта Жискар Д`Эстен Валери гухэхъуэгъуэ ин игъуэтат, псом хуэмыдэжу «ИстамбылакIуэ» уэрэдыр Мысостышхуэ Пщызэбий щигъэзэщIам.
- Си къуэшхэ, си шыпхъухэ, - захуигъэзат абы къызэхуэсахэм. - Мы уэрэдым куэдым сригъэгупсысащ, макъамэм и дахагъэм, и уардагъэм хьэршым хъыринэ ущригъащIэми ярейщ. Сэ Iэджэ слъэгъуащ, ауэ мы гупым ебгъапщэ хъун седэIуауэ сщIэжыркъым. Нобэ зэхэзвгъэха уэрэдхэмкIэ, макъамэ гуимыхужхэмкIэ си гъащIэм махуэ бжыгъэхэр къыпыфщауэ къысщохъури, ину фIыщIэ фхузощI!
- Бекъул Леонидрэ сэрэ Музыкэ къэрал театрым илъэс куэдкIэ дыщызэдэлэжьащ, уэрэд зыбжани зэдэттхащ. Зэныбжьэгъу пэжу дыщытащ, ди гуфIэгъуи гузэвэгъуи зэдэдгуэшу. Леонид хуэдэхэр зырызыххэщ. Ар зи художественнэ унафэщI «Бжьамий» ансамблым сыщыхэтым щIыналъэ куэдым зыкъыщыдгъэлъэгъуащ. Сигу къоуэ икIи щыуагъэшхуэу къызолъытэ пщIэрэ щхьэрэ зиIэ, Леонид и фэеплъу лажьэ а ансамблыр зэрызэхуащIыжар, – жеIэ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, уэрэджыIакIуэ Хъупсырджэн Албэч.
Илъэс тIощIым щIигъукIэ дирижёр нэхъыщхьэу щылэжьащ Бекъул Леонид Музыкэ театрым. Абы къриубыдэу спектакль куэдым макъамэ яхуитхащ. Езым утыку зэрыщагъэлъэгъуэнум хуигъэхьэзырахэри мащIэкъым. Апхуэдэщ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу игъэувауэ щыта «Къамботрэ Лацэрэ» оперэр.
Илъэс зыбжанэ ипэкIэ дунейм ехыжа цIыху гуащIафIэ Бекъул Леонид и Iыхьлыхэм, и благъэхэм, и ныбжьэгъухэм, и лэжьэгъухэм, и къуажэгъухэм, къэзыцIыхуу щытахэм цIыху гуапэу, жэуаплыныгъэ зыбгъэдэлъу, хьэл-щэн дахэ зыхэлъу ягу къинэжащ. Нэхъыщхьэращи, абы и лэжьыгъэм иIа мыхьэнэр ящыгъупщэркъым.