Адыгэбзэм, лъэпкъым яхуэнэхъуеиншэт

Адыгэ усыгъэм зи IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ зи увыпIэ щызыубыдыжа лирик гъуэзэджэхэм ящыщ, Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ Нэхущ Мухьэмэд теухуащ усакIуэ Лыкъуэжь Нелии и тхыгъэр.

«Налшык къалэ щызэхыхьэ «Ашэмэз» хасэм и зи чэзу зэIущIэр екIуэкIырт бгъущI гъэхэм. Ар теухуат Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ адыгэ усакIуэ Нэхущ Мухьэмэд и творчествэм. Усэ фIыуэ зылъагъуу пшыхьым кърихьэлIа дэтхэнэ зыми гукъинэж ящыхъуауэ щытащ а зэIущIэр. Дауи, усакIуэфI и къалэмыпэ къыщIэкIа усэфIхэм гупсысэ куэдым ухуашэ икIи уи гум и къуапэ гуэрым зыщагъэбыдэ а гупсысэхэм.
Нэхущыр сигу къыщIинэжахэм ящыщщ ар адыгэбзэм, адыгэщIым, лъэпкъым, Хэкум яхуэнэхъуеиншэу, цIыхубэм я лIыкIуэу, я къуэ пэжу зэрыщытар.
Абы «Лъэпкъым» зыфIища усэм хуэдэ а зэманым зытхыф куэд щыIакъым. Набдзэгубдзаплъэу тхыдэм пхрыплъыжырти, мыр жиIэфырт:

Бэлыхь пшэчахэм уи плIэр
                    хуэбухуакъым,
Уэ къыптегушхуэм
                    пщигъуэтыжт удын. 
Щыхьэткъэ бгыхэр –
                    ахэм ялъэгъуакъым
Лъэгуажьэмыщхьэу 
                    щыува уи бын…

Нэхущ Мухьэмэд зэрыжиIэмкIэ, усэр фIыуэ илъагъунымкIэ гъуазэу иIар КIуащ БетIалщ. Абы и усэхэр куууэ зригъащIэурэ, езы Нэхущми и творчествэм зригъэужьырт. ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа усэм эпиграфу хуищIар КIуащым и псалъэхэращ:

«УцIыкIущ, упагэщ, инхэм
                               зупщытыфу…»

ИкIи а псалъэ дыдэхэр усэми къыщегъэсэбэп:

… «УцIыкIущ, упагэщ
                       инхэм зупщытыфу»…
Аращ щIыжиIар 
                       адыгэ къуэфI БетIал,
Уесати щIыхьыр лъагэу
                        пIыгъыжыфу,
Гынышэр кIэрыкIакъым
                         уи къэптал…

Нэхущым и усыгъэхэм ущрохьэлIэ усакIуэшхуэхэм захуигъазэурэ итхахэми. Абыхэм ящыщ зыщ «Лермонтовым деж» усэр. Мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ зыхуегъазэ Мухьэмэд Лермонтовым:

… Къэхъуакъым уэри
                         гугъэр зым IэщIэпхыу,
ГурыщIэ къабзэм
                        къыщытепхьэ шэч.
СабырщIэгъей Печорин
                          нэхъ къыхэпхыу,
Ди Бэлэ пыбгъэкIами
                          лIыхъу Къазбэч.

Лермонтовыр абы фIыуэ илъагъурт, ауэ хъуэрыбзэ гуэрхэр иридзырт, дэгушыIэрт, арат мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ зыщIыхуигъазэри:

Уи фIэщ щIы, абрэджым
                          и хьэдагъэкIэ,
Нэсауэ лIэщIыгъуитIым
                         зеухыж.
Хъуххэнумэ Григорий и 
                         хьилагъэкIэ,
Къазбэч иш фIадыгъуар 
                        къэдгъэгъуэтыж!

ЦIыху гуащIафIэхэм, лэжьакIуэхэм, цIыхуфIхэм ятеухуауэ Нэхущым усэ хьэлэмэтхэр иIэщ. Щхьэхуещэхэм, къулыкъум щигъэкIахэм яхуэгъэзахэми гу лъыботэ. Иужьрейхэм я хьэлым теухуа сатырхэщ мыхэр:

КъыптекIуэр Iуэхукъэ! И 
                        къарур и фIыщIэу,
Укъизэунщи,
                        къыптеувэжынщ.
ИужькIи и лъэщагъым
                        ухущыщIэу
Iэр хуэпшияуи
                        жыуигъэIэжынщ…

Адыгэ тхыдэм фIыуэ хэзыщIыкI усакIуэм дэтхэнэ зы лIэщIыгъуэми и фIыр и усэхэм хилъхьэрт, сакъыу, щабэу, гуапэу хущытт нэхъыщIэфIхэм. Мухьэмэд мыпхуэдэу жеIэ:

… ИтIани пасэрейхэр 
                        фымыуб,
Ди щIыхуэ сщIэркъым
                        ахэм къатенауэ…

Анэр быным зэрыхущытым, анэгум и махагъым, зэрыпIейтеирилэм, къуэми и гур фIылъагъуныгъэкIэ анэм щхьэкIэ зэрызэIухам теухуат «Анэм деж» жыхуиIэ усэр. Абы иджыри зэ урегъэгупсысыж анэмрэ бынымрэ я зэхуакум гу лъэмыж быдэр зэи зэрыдэмыкIыпхъэр.
Мис апхуэдэ гупсысэм сыхуашэ сэ Нэхущ Мухьэмэд и усэхэм нобэхэми икIи ахэр зы нэщIыса гуэрым и нэщэнэу къызолъытэ». 

Поделиться: