ГъэщIэгъуэнщ
•Гъэ еджэгъуэщIэм Урысейм и курыт еджапIэ 520-м щыхурагъэджэнущ дронхэр зэраутIыпщ щIыкIэм. Ахэр хиубыдэнущ «шынагъуэншагъэм и лъабжьэмрэ Хэкур хъумэнымрэ» дерсхэм. А IуэхумкIэ езыгъэджэнухэм я щIэныгъэм хагъэхъуэн папщIэ курсхэр къызэрагъэпэщ. 2024 гъэм къриубыдэу курыт школхэмрэ колледжхэмрэ хуагъэхьэзырынущ егъэджакIуэ 2450-рэ.
•Урысейм щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, цIыхухэм я процент 20-м я унагъуэ библиотекэм тхылъищэм нэс, процентийм 500-м нэблагъэ хэлъщ. Ныбжь зиIэхэм ящыщу (илъэс 55-м щIигъухэр) тхылъ зи унэм имылъыр проценти 9 къудейрщ, илъэс 45-54-хэм ящыщу абы хиубыдэр процент 18-щ. ТIум щыгъуэми нэхъыжьхэр тхылъыншэу псэуфыркъым. Мыбдежми гу зылъыттэращи, унагъуэхэм я хэхъуэр нэхъыбэху тхылъ нэхъыбэ яIэщ.
•Адэ-анэхэм я процент 80-р я бынхэм я унэ лэжьыгъэхэр щIынымкIэ ядоIэпыкъу, процент 28-р унэ лжьыгъэхэр и кIэм нагъэсыху ящIыгъущ, процент 37-р абы щыхэIэбэр зэзэмызэщ, процент 16-м сабийхэм унэ лэжьыгъэхэр ящIа нэужь къапщытэу аркъудейщ. Проценти 6-м къалъытэ сабийхэм я унэ лэжьыгъэхэм зыкIи хэIэбэн хуэмейуэ.
•«Бжыгъэрылъанэ экономикэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу мы илъэсым къриубыдэу къэралыр ядэIэпыкъунущ (еджэныгъэм текIуэдэнум и процент 90-р яхуитынущ) «гупсысэ IэрыщIым» (искусственный интеллект) и лъэныкъуэкIэ щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтыну хуейуэ Урысейм щыпсэу цIыху мини 2,7-м. 2022-2023 гъэхэм апхуэдэ еджэныгъэхэр онлайн мардэм тету къаухащ цIыху мини 3,8-м.
Iэмалхэм къахохъуэ
•Куэд щIакъым мэ дахэ зыщыу тхылъхэр къыдэгъэкIыным теухуа хъыбарыр къызэрыIурэ. АбыкIэ сабийхэр тхылъ еджэным драгъэхьэхыну е иджырей тхылъхэр къызыхащIыкI пкъыгъуэ мыгурыIуэгъуэхэм я мэхэр ягъэпщкIуну арами гурыIуэгъуащэкъым, ауэ шэч хэлъкъым, мэкIэ фIэкIа къыдумыхьэхыжыфхэр зэманым щIэджыкIакIуэ зэрыхуэмыхъунур. Абы пэгъунэгъу нэгъуэщI зы хъыбари иджыблагъэ къэIуащ.
Санкт-Петербург щыIэ Псковскэ уэрамым тралъхьащ мэ гуакIуэ къызыкIэрих асфальт – щыпщтырым деж пхъэщхьэмыщхьэмэр щхьэщытщ. Ди къэралым къыщыщIагъэкI апхуэдэ асфальт телъыджэм гъуэгуухуэхэри асфальтыр щытралъхьэ щIыпIэхэм щыпсэухэри щыгуфIыкIащ, мазутIым и мэр абы зэригъэкIуэдым къыхэкIыу. АрщхьэкIэ а мэр къазэрыщIихьэнур асфальтыр жэпхъыхущ.
•ВЦИОМ-м къызэрипщытамкIэ, Урысейм щыпсэухэм я зэхуэдитIым щIигъур (процент 58-р) хуэхьэзырщ смартфонхэр я гъащIэм хэмыту гъэмахуэ псор ихыным. Процент 26-м гаджетхэр ямыIыгъыу зэман кIыхь зэрамыхьыфынур ябзыщIыркъым, процент 66-р хьэзыркъым смартфонхэр кнопкэ зиIэ телефонхэмкIэ зэхъуэкIыным, процент 14-р а псоми егупсысыххэркъым.