Гъэ еджэгъуэщIэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ ­республикэм и Правительствэм и лIыкIуэхэр, щIыналъэ администрацэхэм я унафэщIхэр зыхэт зи чэзу зэIущIэр. Абы щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ зэрагъэзащIэм.

Мы зэманым ирихьэлIэу щIыналъэхэм зэфIагъэкIын ­хуейуэ къапэщыта Iуэхугъуэхэм я процент 40-р ягъэзэщIащ, ар ику иту къэралым къыщагъэлъэгъуа зэфIэкIым нэхърэ ­нэхъыбэщ.
Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу тепсэлъыхьащ фокIадэм и 2-м къы­зэIуахыжыну гъэ еджэгъуэщIэм зэрызыхуагъэхьэзырым. КIуэкIуэ Казбек пщэрылъ ящищIащ сабийхэр зэкIуалIэ школхэм, сабий садхэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм, спорт IуэхущIапIэхэм бгъэдыхьэ гъуэгухэм я щытыкIэр иджыри зэ ­къапщытэжыну, апхуэдэу абыхэм егъэщIылIа щIыналъэхэр зэIузэпэщ ящIыну.
Гулъытэ хуащIу къытеувыIащ унагъуэ хуэмыщIахэмрэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэным мы­хьэнэшхуэ зэриIэм. А IуэхумкIэ лэжьыгъэр хъарзынэу йокIуэкI, республикэм и лагерхэм сабий мини 3,2-м зыщагъэпсэхуащ, еджакIуэ мини 4-м щIигъу школ хьэпшыпхэм­кIэ къызэрагъэпэщащ.
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм жиIащ Херсон, Белгород областхэм я сабийхэми зэрыхъукIэ дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъур.

Поделиться: