Я зэфIэкIыр къилъытащ

Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и VIII зэхуэ­сыгъуэм и депуатат, узын­шагъэр хъумэнымкIэ комитетым и унафэщI Башанкаев Бадмэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ. Абы зыщигъэгъуэзащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм щыщыIэ щытыкIэм.

КъБР-м узыншагъэр хъу­­-мэ­нымкIэ и министр Къалэбатэ Рустамрэ депутатымрэ ­теп­­сэлъыхьащ «Узыншагъэр хъу­­мэн» лъэпкъ проектым и щIыналъэ программэхэр зэ­­ра­­гъэзащIэм, апхуэдэуи медицинэ хуэIухуэщIэхэр фIагъ пылъу икIи шынагъуэншэу къы­зэгъэпэщынымкIэ ­КИФЩI-м хыхьэ хэгъэгухэм я деж щыяпэу ирагъэжьа лэ­жьыгъэр зэре­кIуэкIым.
Башанкаев Бадмэ къыхигъэщащ щIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм  и лэ­жьыгъэм арэзы къызэ­ри­щIар, къигъэлъэгъуащ ме­дико-са­нитар дэIэпыкъуныгъэр, цIыху­хэм я узыншагъэр къэпщы­тэ­нымкIэ ирагъэ­кIуэкI Iуэхур ­­фIагъ иIэу зэры­зэтеублар,  къи­щынэмы­щIа­уэ, гулъынтхуэ узыфэхэм ­япэ­щIэтынымкIэ, ­сабий къалъхуагъащIэу лIэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ ящIы­нымкIэ ехъулIэныгъэхэр зэ­раIэр.
Урысей Федерацэм и Къэ-рал Думэм и депутатыр ­  щыIащ республикэм и Пе­рина­тальнэ центрым, зри­гъэлъэ­гъуащ щекIуэкI лэ­жьыгъэр, IэнатIэм и Iэ­­щIа­гъэлIхэми епсэлъащ. Илъэ­гъуахэм япкъ иткIэ абы жиIащ IуэхущIапIэр медицинэ Iэ­мэпсымэ лъэщ­хэмкIэ къы­зэ­рызэгъэпэщар, Iуэхур нэгъэсауэ зэры­зэтеублар, зыпэ­рытым фIыуэ хэзыщIыкI Iэ­щIагъэлI гупу зэрызэхэтыр. Фигу къэдгъэ­кIыжынщи, Перинатальнэ центрырщ Ипщэ феде­ральнэ, Кавказ Ищхъэрэ ­фе­деральнэ щIыналъэхэм щыIэ медицинэ IуэхущIапIэхэм ящыщу япэу медицинэ хуэIухуэ­щIэхэр фIагъ пылъу икIи шынагъуэншагъэу къы­зэ­гъэпэ­щы­нымкIэ къэп­щы­тэныгъэм ехъу­лIэныгъэ иIэу пхрыкIар.
«Фи гуп зэкъуэтым, дохутыр нэсхэм сыдахьэхащ, гуш­хуэныгъэ къысхалъхьащ. АдэкIи фи зэфIэкIым зэры-  х­эвгъэхъуэным фыхущIэкъу. Медицинэм щIэуэ къыхыхьэ Iэмэпсымэ псори япэ зы­Iэрыхьэн хуейр фэращ. Дэтхэнэ зыми фи Iэр гуапэу соу­быд! Фэ фхуэдэ щыIэкъым! ЕвгъэфIакIуэ», - иритхащ депутатым центрым и хьэщIэ лъапIэхэм я тхылъым.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться:

Читать также: