Фэеплъ
Адыгэ художественнэ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа усакIуэхэм, тхакIуэхэм ящыщщ Хьэкъун Исуф. Ар къызэралъхурэ шыщхьэуIум и 20-м илъэси 105-рэ мэхъу.
Хьэкъун Исуф 1919 гъэм Инжыджышхуэ къуажэм къыщалъхуащ, ауэ и сабиигъуэр щекIуэкIари, щыпсэуари Хьэбэзщ (и анэр а жылэм щыщти). И адэшхуэ ПIатI хуабжьу хуейт Исуф еджагъэшхуэ хъуну икIи илъэсих зэрырикъуу Исправнэ станицэм щеджэну ешэ. Ауэ абы куэдрэ щеджакъым. А зэманыр хьэлъэт, Совет властым бейхэм я мылъкур щытрах, зэхъуэкIыныгъэхэм я зэмант. Абы хиубыдащ Хьисэ и унагъуэри. Арати, екIуэлIапIэншэу къэна Исуф и анэр и бынищыр и гъусэу и дыщым къокIуэж. Исуфи и еджэным щыпещэ Хьэбэз еджапIэм, и адэшхуэ ПIатI и уэсятыр и гум илъу. Илъэсибл еджапIэр тху защIэкIэ къиуха нэужь, Черкесск къалэм дэт педучилищэм щIотIысхьэ. Пятигорск къалэм и педагогикэ институтыр къеухри, и еджапIэм къегъэзэж егъэджакIуэу.
Хьэкъун Исуф гукIи псэкIи фIыуэ илъагъуу щытащ цIыкIухэм яхэтыныр, ядэлэжьэныр. ЛитературэмкIэ егъэджакIуэу лажьэурэ, Исуф дихьэхащ тхэным икIи зэман кIэщIкIэ и IэрыкIхэр къытрадзэ хъуащ газетхэмрэ тхылъхэмрэ, курыт еджапIэхэми и Iэдакъэ къыщIэкIахэр щадж хъуащ. И тхыгъэ хьэлэмэтхэр иту Хьэкъуным дунейм къытригъэхьащ тхылъ зыбжанэ. Апхуэдэхэщ «Къэрабэ», «ЩакIуэ дадэ къиIуэтэжхэр», «Iэдииху», «Ажэгъуэмэ», «Бзылъхугъэ шу щэху» трилогиер.
Макъамэ дахэхэр зыщIалъхьа уэрэдыфIхэри иIэщ Хьэкъуным. Абыхэм ящыщщ: «Кърухэр къолъэтэж», «Лейлэ» уэрэдхэр, макъамэхэр Даур Аслъэн ейщ.
Хьэкъун Исуф къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу фи пащхьэ идолъхьэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIа «Хьэбас» тхыгъэр.
Хьэбас
Дыгъэр къухьат. Дунейм кIуэ пэтми пшэкIэ зихуапэрт. КъуэкIыпIэмкIэ псы къабзэ цIыкIур къызыдэж къуапэ зызэIузыхым, нэхъ Iузэ, нэхъ лъагэ зищIурэ, удишэрт нэшэкъашэу.
ТIуащIэ зэвым и дыгъэмыхъуэр нэхъ задэ къыпфIэщIырт, и дыгъафIэм нэхърэ. Кхъужьей, мей абрагъуэхэр адэкIэ-мыдэкIэ итт. Пыжьей, зэрыджей, дей цIыкIу гуэрэнхэми уахуэзэрт.
Къуэм и дыгъапIэ лъэныкъуэмкIэ бгъуэнщIагъхэм зыкъыщызэIуахырт, я щхьэкIэхэмкIэ зыщызыIэт джабэ нэкIухэм дзэхур щыалэрыбгъут.
Псы цIыкIум и IуфитIми дзэл жыгыжь абрагъуэхэм уащыхуэзэрт, и дыгъэмыхъуэ къуэ кIахэмкIэ къэлъагъуэ бгъуэнщIагъ «зэмыфэгъухэм» я зым бэрэжьей жыгыжьхэр Iутт, и дамэ дапхъэхэм щхъырыб Iэрамэхэр тету. И мывэ блынхэри, дыгъафIэмкIэ щыIэхэм хуэдэу, мывэсэхутэкъым, атIэ пшахъуэ мывэупцIэт.
Дыгъужьым хаша мыхъумэ, цIыху лъагъуэ а къуэ бгынэжам щыплъагъунутэкъым.
Мис а быдапIэм, пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуарэ бжэн хъушэ мащIэм яужь иту, дзапэ уэрэд тIэкIуи жиIэу, зы лIы хэщIыхьа мывэ блынхэр щиух дыдэмкIэ къыдыхьэжырт, зэзэмызи джэдэхъу пашэм мы псалъэхэмкIэ: «НакIуэ, накIуэ, джэдэхъужь, егъэзыпIэм некIуэлIэж. Умышынэ пашэ бланэр», - зыхуигъазэу.
ЛIыр и ныбжькIэ илъэс 60-м щIигъуагъэнт. Щхьэпэлъагэтэкъым. И жьакIэ-пащIэм тхъугъэр къебэкIыу. Бжэныфэм къыхэщIыкIа фащэт зэрыхуэпар. И бгыр лъэщу зэрыщIэпха упщIэ бгырыпхыбгъуэм быдэу кIэрыщIауэ, къамэ фIыцIэрэ къалэтрэ (фоч кIэщI) дэлът, сэ маиси сампIэм илъыжу. Ауэ ар бжэныфэцым хэгъуащэрт. СампIэ тебзэр бжэныфэт.
АтIэми, щхьэр зыгъэуназэ пэнтIыкъ пэужьитIыр зэзыпх чэтэн лъэмыжыр тезыха псыдзэжьым ещхьу, мы лIыжь цIыкIу закъуэр мы щIыпIэм къызэрыщыхутари гъэщIэгъуэнт.
ЩIалэр къызэрыхуэзар
Уафэм къеха нэхъ имыщIэу, зылI, иш зытесыр Iэдэжу иIыгъыу, куэщI зыздищI дыгъэмыхъуэмкIэ къехщ, «Бохъу апщий, тхьэмадэ!» - жиIэри, бжэныхъуэм къыбгъэдыхьащ. Мыдрейми, «Упсэу апщий, си щIалэ, хьэщIэ ихьэгъуэщ, еблагъэ!» - жиIэри, сэлам ирихащ.
ХьэщIэр пщыIэм щIишэщ, и Iэщэ-фащэр дригъэхри, щIэуфэм и деж щигъэтIысащ. Езым лэгъуп ищтэри, бгъуэнщIагъ егъэзыпIэм ихьэжа бжэнхэм яхыхьащ. ХьэщIэм пхъэ пэгуныр къищтэри, лIыжьым кIэлъыкIуащ, «губгъуэм хьэщIэ щыIэкъым» игукIэ жиIэри.
Шэ зыщIэт бжэнхэр къиубыдурэ дадэм къыдишащ. ИужькIэ, бжэIупэ дыгъапIэм щызэтелъ бжэн тезэч гъурымрэ пхъэ IэплIэрэ къыщIихьэри, жьэгум мафIэ щищIащ.
ЛIыжьым и Iэр итхьэщIыжа нэужь, хьэщIэм зыкъыхуигъазэри, мащIэу къыхуэгуфIэу жиIащ: «Хэт урибынми, Тхьэм уигъэпсэу! Нэмысрэ хабзэрэ пхэлъу зыкъэзбгъэлъэгъуащ. Аращ, си щIалэ, губгъуэм хьэщIэ щыIэкъым, сэ сыгубгъуэрысщ. Ару щытми, итIани ухьэщIэщи, хьэщIагъи уэхыпхъэщ», - дыщIигъужри, лIыжьым лэгъуп фIидзащ. Мырамысэ хуабэри къищIащ. Ахэр Iэлъэныкъуэ Iэнэм трилъхьэщ, дзасэм лы бэгъуар фIэз ищIри, и хьэщIэм иритащ, «Гъажьэ, мырамысэм тегъауэурэ», - жиIэри.
Лыр жьэхукIэ, бжэныхъуэ лIыжьым шэр изащ, пхъэ шынакъхэм яригъэхъуащ. Жьэгум къэтIысыжри, и хьэщIэр Iэнэм ириджащ:
- ХэIэбэ, си щIалэ, дауи, гъуэгуанэ къэпкIуагъэнщ, узэщIэузэдащ, - жиIэри.
- Пэжщ. КъэпщIащ, ди адэ, си Iуэху зытетыр. Си алащэри схуэдэу улэуащ. ГъуэгуанэфI зэпытчащ.
Хъуахъуэу ерыскъым щыхэIэбэм, и къэптал Iэщхьэхэр мащIэу дригъэкIуэтеящ. ИужькIэ, бэлагъыщхьэ зырыз хъу мырамысэ хуабэмрэ бжэнышэрэ лIитI нэщIам трашхыхьыжащ.
- Иджы, си хьэщIэ, - жиIащ лIыжьым, пщыхьэщхьэ Iэнэр щызэфIэкIым, къэтэджыжурэ, - ди хьэхэр дгъэшхэнщ. Хьэмыщэрэ Мырсытрэ нэмыщIамэ, дыгъужь Iус дыхъунт. Мы кIыфIыр здызэрыпIытI къуэладжэжьым а псэущхьэхэри дэзэрыгуауэ дэзщ. Бэлэрыгъ и анэ магъ, дыхутыкъуэ хъунукъым. Уи алащэми мэчанэ (егъэзыпIэ) быдэ еттынщ.
ХьэщIэм жриIэщ, хьэIус зэрытыр къиIэтри, пщыIэм къыщIэкIащ.
Бгыжьэм щIэщIыхьа пыщIыкIым хьэщIэм иш ЩхъуантIэкIэ зэджэр щIишэри, ирипхащ, зигъэнщIмэ зэрытIысыфынум хуэдэу.
Дадэр и шыдхэр зыщIэтми бжэнэщхэми щыIэуэлъэуащ. ДэнэкIи игу щигъэзэгъа иужь, и тэхъуанэм къеблэгъэжащ, хьэщIэри дэщIыгъуу.
- Иджы, си щIалэ, зыгъэпсэху, мор уи гъуэлъыпIэщ, мыри уи тепIэнщ, - жиIэри, бжэныфэм къыхэщIыкIа щхьэнтэмрэ шхыIэнымрэ зэрылъ щIэуфэ гъуэлъыпIэр иригъэлъэгъуащ.
ХьэщIэр тэджри, бысымым къригъэлъэгъуам зызэфIимыхыщэу зыщригъэщIащ, и Iэ ижьыр и щхьэм щIэгъэкъуауэ. ЛIыжьми жьэгу ужьыхыжым дакъэжь мафIэр щызэщIигъэстащ, нэху щыхункIэ зэрисынум хуэдэу. ИужькIэ езыри гъуэлъащ, и гупэр и хьэщIэм хуэгъэзауэ.
ГъуэлъыпIитIыр зэщIылIа мывэ блынитIым ажэфэшхуэ зырыз кIэрылът, алэрыбгъу папщIэу, Iэщэ-фащэ фIэдзапIэхэри пхъэ Iунэ лъэщкIэ щыкIэрыгъэбыдыхьат. Уэнжакъыр зэщIылIа сэхым шху фэнд фIэдзат.
- Ыхьы, си щIалэ, - жиIащ лIыжьым, и хьэщIэм зыхуигъазэри, - бжьыхьэ жэщщ, дезэшами тIэкIу дыпсэлъэнщ. Сэ, сыкъызэрыплъагъущи, зи дамэ къута бгъэжьу, сыбгыгъуанэрысщ.
- Уи нэмыс лъагэ ухъу, ди адэ! ПсыжьыщхьэкIэ сыкъокI, ПсыплъыжькIэ согъуэгурыкIуэ, сыхэщIапIэ лъыхъуэщ, - жиIащ.
ХьэщIэм и ныбжьыр илъэс тIощIрэ пщIым итынт. Iэщэ-фащэкIэ пылъхьэншэт. И ЩхъуантIэри адыгэшт. И тхьэкIумэхэр дзасэт, и пщэр хуэкъуаншафэт, и пэщхъынхэри быхъут. КIэщIу жыпIэнумэ - шы ялейт.
- ХапIэщIэ улъыхъуэми, си щIалэ, тхьэм уи насып къригъэхь. Инжыджым и IуфитIри Гъуамэжьым нэс псэупIэ телъыджэщ. Си унэцIэр Бжэныхъуэщ, си цIэр Хьэбасщ. УощIэ, зэрыхьзэрийщ: адэжь хэкур хыфIадзэ, Истамбыл йокIыж. ЩхьэкIуэм щIакIуэ уегъэщI. ЛабэжьыщхьэкIэ сыкъикIащ. Лабэжь уIуплъэныр гуузти, гъэзэж симыIэу IэщIыб сщIащ. Ауэ, адэжь хэкур схуэбгынакъым. ИлъэсипщIым нызэрохьэс мы къуэладжэжьым сызэрыдэсрэ, цIыху щхьэфэ симыплъэу. Дыгъужь къугъ макъхэм сесэжагъэххэщ. Иджы хапIэщIэ улъыхъуэу жыбоIэри, мо Псыплъыжь дамэм фытетIысхьэ. Угъурлы ирехъу! СылIэмэ, хьэдэ къуаншэ сыхъункъым, си бжэн тIэкIумкIэ сывгъэтIылъыжынщ, - жиIэрт тхьэмадэм, къэгумэщIауэ.
- Узогъэгугъэ, дадэ, - жеIэ щIалэм, - си адэм хуэсщIэнур пхуэсщIэнкIэ! Дэ хьэблищ дыхъуу дыкъэIэпхъуэнущ, къуажэ зырызуи дытIысыжын ди гугъэщ, Тхьэм жиIэмэ, мы Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм.
БгъуэнщIагъым и хъуреягъкIэ дыгъужь къугъ макъхэр къэIурт, Хьэмыщэрэ Мырсытрэ увыIэртэкъым, зэрымытIасхъэр ирагъащIэу...