ЕджакIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщ![]() Дызэрыт илъэсым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэу 24-м ухуэзышэ, псори зэхэту километр 50-м нэблагъэ зи кIыхьагъ гъуэгухэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ е зэрахъуэкIащ. «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм хохьэ школхэмрэ сабийхэм зыщагъэпсэху, я нэгу зыщрагъэужь IуэхущIапIэхэмрэ екIуалIэ гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэныр, зэIузэпэщ щIыныр. Ар хуэгъэпсащ цIыкIухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, тыншу абы щызекIуэным. Абы къыхэкIыу, гъуэгум телъ асфальтыжьхэр зэрахъуэкI къудей мыхъуу, атIэ лъэс лъагъуэхэр, гъуэгу зэпрыкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукI, къэухьхэр, гъуэгу дамыгъэхэр, светофорхэр ягъэув, машинэ гъэувыпIэхэр ящI, иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъаблэ, мардэм къигъэув нэгъуэщIхэри зэфIагъэкI. Псалъэм папщIэ, иджыблагъэ зэрагъэпэщыжа, Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Шэджэм ЕтIуанэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрамым курыт еджапIитIрэ сабий садитIрэ, Бахъсэн районым и Къулъкъужын Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ, километр 18 зи кIыхьагъым, еджапIищрэ зы сабий садрэ тетхэщ. Терекскэ къуажэм и курыт еджапIэмрэ сабий садымрэ ухуэзышэ гъуэгури зыхуей хуагъэзащ. Май къалэм и гимназие №1-м екIуалIэ гъуэгум асфальтыщIэ тралъхьащ, Бабугент къуажэм Мечиевым и цIэр зезыхьэ и уэрам километр 1,4-рэ зи кIыхьагъми апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI. Абы пэгъунэгъуу щытщ сабий садрэ спорт еджапIэрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыж 2-нэ Тамань дивизием и цIэр зезыхьэ уэрамыр. Абы къыбгъурытщ Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин дыдэ «ДыгъафIэ къалэ» творчествэмкIэ сабий академиер, курыт еджапIэ №27-р. Мыбдеж лэжьыгъэхэр и кIэм щынэблэгъащ. Апхуэдэуи къалэм и нэгъуэщI курыт еджапIэхэм ухуэзышэ гъуэгу зыбжанэм ехьэлIа лэжьыгъэхэри къанэ щымыIэу зэфIагъэкIащ. Псалъэм папщIэ, Мусукаевым и цIэр зезыхьэ уэрамым сабий сад тетщ, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэм – курыт еджапIэ №26-р, Балъкъэр уэрамым – щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжыр, «ЩIалэгъуэ» уэрамдэкIым – курыт еджапIэхэу №№27-р, 12-р, сабий сад №5-р. Абыхэм къадэкIуэу, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм субсидие ахъшэу иратахэмкIэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкI Профсоюзнэ уэрамым. Абы ухуешэ «КъуэкIыпIэ» хьэблэм иджыблагъэ щаухуа, сабий тIысыпIэу 1500-рэ зиIэ школыщIэм. Километр 1,8-рэ зи кIыхьагъ а гъуэгум ехьэлIа лэжьыгъэхэри и кIэм нэблэгъащ. Бахъсэн къалэм и Школьнэ, Олимпийскэ уэрамхэри къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Абыхэми курыт еджапIэм ухуашэ. Прохладнэ щIыналъэм и школыщIэм ухуэзышэ Красносельскэ уэрамыр, Къэщкъэтау Уянаевым и цIэр зезыхьэ, километри 3,4-рэ зи кIыхьагъ и уэрамыр, школ зытетыр, зэIузэпэщ ящIыжахэщ.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





