Унагъуэм и псэукIэр

1864 гъэм адыгэхэр я Хэкум ирахуа нэужь, Эрбаа лъэныкъуэмкIэ хэщIапIэ зыщIа абазэхэ Бажхэ я унагъуэм и бынщ Зэкерия Зихьни. Абы Къэзанокъуэ Жэбагъы апхуэдизу и гум дыхьати, езым цIэлейуэ «Жэбагъы» зыфIищыжат. Япэ Дунейпсо зауэм Текирдагъ Мутасаррафыгъэрэ Эдирнэ къалэм и уэлийуэ щытащ. Уэлийуэ щытетам Истамбылым дыхьа инджылызхэм яубыдри, Мальтэ хытIыгум щтапIэ яхуащ. Адыгэ унагъуэм и псэукIэмрэ я гъэсэныгъэмрэ я хабзэм теухуауэ дымыщIэж зыкъом итхыжри, ди лъэпкъ тхылъеджэхэм фэеплъу къытхуигъэнащ Зихьни. Абы щыщ пычыгъуэщ мыри.

Адыгэхэм я унагъуэ псэукIэр, абы хэлъ щэхухэмрэ и лъапIэныгъэмрэ зищIысыр зыдж нэгъуэщI лъэпкъхэм къагурымыIуэн гъэщIэгъуэнхэр хэплъэгъуэфынущ. Абы къыхэкIыу я псэукIэм, адрей лъэпкъхэм елъытауэ, зэщхьэщыкIыныгъэшхуэхэр хэлъщ. Адыгэ унагъуэм и лъапсэ къежьапIэр щIыхьщ. Адыгэхэм, я унэ е уэрам ирехъу, щыIуэрвэрыныр, хуит зыкъримыгъэщIу хэпсэлъыхьыныр гуапагъэ зыхэмылъ икIагъэу къалъытэ.

Гуапагъэмрэ щIыхь щIынымрэ IэщIыб ящIыфыну я фIэщ хъунукъым. Ауэ унагъуэ кIуэцIым яку къыданэ гуапагъэр, щIыIагъэ хэлъу псэуныгъэр гъэр псэуныгъэу къыпщыхъун хуейкъым. Мыпхуэдэу зэхуэхамэу, абы хэлъ хабзэ бзыгъэхэр, абы къилъху дахагъэхэм гу зэрылъамытэфым папщIэ, «гугъущ, дуней хабзэм къезэгъыркъым», - жаIэу кIэлъоплъхэри щоуэхэр, мы гъэсэныгъэм зыми и жагъуэ ищIыркъым икIи иригъэзэшыркъым.

 Адыгэхэр я унагъуэ кIуэцIым тIэкIу зэпэIэщIэ хуэдэу зэрыщызэхущытым и щхьэусыгъуэр уэркъ гупсысэкIэ зэрахэлъырщ, а гупсысэкIэри я унагъуэ кIуэцIми зыщыщамыгъэгъупщэу, мыхъумыщIагъэхэм зыщахъумэным сыт щыгъуи я нэIэр зэрытетырщ. Мис мыпхуэдэ унагъуэм щIапIыкIа быныр сыт лъэныкъуэкIи йофIакIуэ, къыдокIуэтей.

Адэр

Унагъуэм и тхьэмадэ адэр, унагъуэм исхэм я дежкIэ зэпIэзэрыту, щабэу Iуэху яригъащIэу, игъасэу ящхьэщытщ. Зэрыунагъуэу тхьэмадэм щIыхь хуащIу жыIэдаIуэхэщ. ИщIа унафэр упщIэ лей хамылъхьэу ягъэзащIэрт. Тхьэмадэр и щхьэгъусэм зэрыхущытри зэдарэгъуу гъэзэщIэныгъэм теухуащ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, бзылъхугъэмрэ хъулъхугъэмрэ яку дэлъ зэхуэдэныгъэр зыми емыщхь зэхуэдэныгъэщ. Абы къыхэкIкIэ зэлIзэфызым я Iуэху зэмылIэужьыгъуэм къыпэрыуэфыну зыри хуиткъым.

Адыгэхэр адрей муслъымэн унагъуэхэм къащхьэщокIри, фыз куэд къэшэныр яхэлъкъым, ижь лъандэрэ я хабзэкъым. ЗакъуэтIакъуэ ефэндыхэм, сохъустэхэм я деж щытлъагъуми, хьэрыпхэм зрагъэщхьыну аращи, мы хабзэр адыгэ хабзэм езэгъыну Iэмал иIэкъым. Адыгэхэм бзылъхугъэм щIыхьышхуэ хуащI. Бзылъхугъэм, унагъуэ ихьа нэужь, и унэцIэри зэрехьэ. ЛIыр и щхьэгъусэм и цIэкIэ еджэркъым. Езым и унагъуэцIэмкIэ йоджэ. Псалъэм папщIэ, и унэцIэм «япхъу» псалъэр пегъэувэжри зыхуегъазэ. Мыр къызыхэкIри бзылъхугъэм и унэцIэмкIэ уеджэмэ, щIыхь хуэпщIу аращ. И цIэ дыдэмкIэ уеджэныр емыкIущи, и мыблагъэхэми и унэцIэмкIэ зыкъыхуагъазэ. ЛIы дэкIуа бзылъхугъэм и унэцIэр зэрихьэну хуитыныгъэ иIэщ.

Адэр зыщIэс пэшым и щхьэгъусэмрэ и пхъумрэ фIэкIа унагъуэм щыщ зыри щытIысыфыркъым. Адрейхэр зэфIэту, щIыхь хуащIу поплъэ. И щхьэгъусэм ипэрей быныр игъуэтыхукIэ тIысыркъым. Щхьэгъусэри бынхэри адэм дэшхэну емыкIут. Ар зыщIэс пэшми, Iэнэ щхьэхуэми щышхэфынукъым. Псы щефэкIэ, и щхьэгъусэмрэ и пхъумрэ къотэдж, щIыхь хуащIу.

Бзылъхугъэхэм махуэр щрахьэкI пэшым тхьэмадэр яхэсыныр бзылъхугъэхэм икIагъэу ялъытэрти, абыхэм уахэтIысхьэу уадэуэршэрыныр, лIыгъэм къызэремыкIум къыхэкIкIэ, адэр махуэхэм хьэщIэщым щIэсщ. Абы щошхэ. Ауэ гъуэлъыжыгъуэм зигъэпсэхуну и лэгъунэм щIохьэж, пщэдджыжьым аргуэру хьэщIэщым мэкIуэж.

Адэр и бынхэм едэхащIэу, абыхэм я псалъэмакъым хэпсэлъыхьыныр, и куэщIым иригъэтIысхьэныр ягъэемыкIу. ФIылъагъуныгъэр псалъэкIэ мыхъуу, гукIэ фIыуэ зэрилъагъунур ещIэри, и быныр фIыуэ зэрилъагъур къыхигъэщыныр емыкIуу къелъытэ. Ауэ, IэпкълъэпкъкIэ зэрыщабэм, зэрыгумащIэм къыхэкIыу, и лъагъуныгъэр и пхъум нэхъ хуетауэ, ихъумэу, щысхьу, ар хьэщIэу къызэрилъытэм папщIэ, нэхъ хуэщабэщ. ЩIалэхэм яхуэгъэзауэ зы егъэджакIуэм иригъаджэ щIалэхэм зэрыхущытым нэхъ ещхьщ. «Си псэ, си нэ» хуэдэ псалъэхэр жиIэну хуиткъым. «Адэр дэм хуэдэщ» псалъэжьым хуэдэу хущытщ икIи ар и щхьэм пщIэ хуригъэщIу къыдэкIуэтеиным пылъщи, хуиту къегъэхъу.

Унагъуэм и тхьэмадэ адэм мылъкур зыхуейм хуэдэу зэрехьэф. Ауэ мы хуитыныгъэр езым и къуэш къыдэкIуэтея, и бынхэм яшрэ я Iэщэ-фащэрэ, бзылъхугъэхэм ей мылъкум елъытакъым. Мыбыхэм я мылъкум зыгуэркIэ хуэныкъуэ хъумэ, зейм иримыгъащIэмэ, абы и щхьэ хуитыныгъэм лей ирихауэ, аркъудей хъуфыну къалъытэркъым.

Анэр

Адыгэ унагъуэхэм анэм щIыхьышхуэ щиIэщ. Ар унагъуэм и етIуанэ тетыгъуэр зиIэ нэхъыжьщ. Нэхъыбэу унагъуэ кIуэцI Iуэхухэм зыми емыпхауэ хуитыныгъэ щиIэщ, пщIэ, щIыхь къыхуащI. Адэр мыбы хэпсэлъыхьу унафэ ищIыныр лIыгъэм къезэгъыркъым. Бзылъхугъэм мы и хуитыныгъэр къыхагъэщын щхьэкIэ «Ди Бысым – Ди Бысым ГуащэкIэ» зыхуегъазэ.

Мыпхуэдэ псалъэм къикIыр унэр зейрауэ, езыр абы и хьэщIэу къелъытэри, унагъуэр зэрызэрихьэм щхьэкIэ, щIыхь зэрыхуищIыр къегъэлъагъуэ. КъуэкIыпIэ хабзэхэм къыпэщыту, адыгэхэм я щхьэгъусэм ипщэкIэ зэрытIысыфми къегъэлъагъуэ анэм и щIыхьым и лъагагъыр. И лIым апхуэдиз щIыхь зыхуищI анэми, и нысэхэми «ГуащэкIэ» зыхуагъазэурэ щIыхь хуащI. Тхьэм я лъым къыхипщащи, анэмрэ бынымрэ нэхъ зэрызэпыщIам къыхэкIыу, анэм, адэм хуэдэу, тIэкIу зыпыIуадзу щымыту, быныфIэу, адэм яримыгъэлъагъу гуапагъэр яригъэлъагъуу яхущытщ. Абы къыхэкIыу анэм унагъуэм нэхъ щIыхь щиIэщ. Бзылъхугъэхэм я щхьэгъусэхэм я щIыхьыр яхъумэ икIи ягъэлъапIэ.

ЦIыхубзхэр унагъуэм и тхьэмадэр еша-елIауэ къэкIуэжамэ, IэпкълъэпкъкIи, псэкIи егъэтынш, зрагъэгъэпсэхури, щIэрыщIэу лъыщIэ халъхьа хуэдэу, къызэфIагъэувэж. Адыгэ бзылъхугъэм апхуэдэ IуэхукIэ зэш ищIэркъым, езым и тыншыгъуэм япэ ирегъэщ; и лIым пэпсэлъэжыныр, и жагъуэ ищIыныр икIагъэу къелъытэ. Мыпхуэдэ мыхъумыщIагъэхэр и псэгъум хуигъэфащэркъым, ар игъэтыншмэ, и гуапэ зэрыхъунур фIы дыдэу ещIэ. Адыгэ бзылъхугъэхэр адрей лъэпкъхэм елъытауэ ягъэлъэпIэныр къызыхэкIым и щхьэусыгъуэр, и щхьэгъусэм щIыхь зэрыхуищIыр, зэригъэлъапIэр пэжу зэрыдэпсэурщ.

Унагъуэр унагъуэ узыншэ зыщIым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр аращ, сыту жыпIэмэ хуэфащэ щIыхь хуэщIыным я нэхъ пхъашэ цIыхухъур щабэ ещI, ар гурэ псэкIэ фIыуэ зэрилъагъум егъэукIытэри, и щхьэгъусэм и гуапагъэмрэ щабагъэмрэ, зэрыгубзыгъэм къыхэкIыу, езыри гуапэу зэрыхущытыным хущIокъу. И щхьэгъусэр щыщIэмысым къэкIуа хьэщIэхэр ирегъэблагъэ, егъэхьэщIэ, ирегъафэ, ирегъашхэ, хьэщIэм и щIыхьым елъытауэ, щынэ, тIы, вы хурегъэукI, и лIыр дэсатэмэ, хьэщIэм тыгъэ хуищIынухэр, тыгъэ етынри хабзэкIэ и пщэрылъщ. Адыгэ бзылъхугъэм нэщIыбагъкIэ зыхуимыгъэпсэлъэн папщIэ, лъэкI къигъанэркъым. Абы къыхэкIыу, и бынхэр гъэсэн, я щыгъынхэм, тепIэн-щIэлъыным кIэлъыплъын, гъащIэр гъэлъэпIэн, зэрымыщIэкIэ хьэщIэ къакIуэ хъумэ, абы хуэузэдауэ щытын, пщэфIэн, нэгъуэщI Iуэхухэри къанэ щымыIэу зыфIигъэкIыну яужь итщ. Бзылъхугъэм и щIыхьыр зыгъэлъагэр, мы Iуэхугъуэхэр дахэу ищIыным елъытащи, хуэмыхуу, мыIэпэIэсэу, псом я нэхъыщхьэращи, къабзагъэм къыхуэт щымыIэу унагъуэр зэрехьэ.

Зыгъэхьэзырар ФЫРЭ Анфисэщ.
Поделиться: