Гъэсэныгъэр и лъабжьэщКъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм иджыблагъэ «Азимут» хьэщIэщым щригъэкIуэкIащ «Гъэсэныгъэм и лъабжьэр унагъуэм къыщожьэ» зыфIища зэхыхьэр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуэгъукIэ. Зэхыхьэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэмрэ Къалмыкъ Республикэмрэ я къэрал IуэхущIапIэхэм, муслъымэнхэм я дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, КъБР-м и къуажэхэм я Iимамхэр, Iимам Абу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым и студентхэр. Къызэхуэсахэм зыхуагъэзащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзоррэ КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталийрэ. КIурашыным къыхигъэщащ хэкупсэ гъэсэныгъэ Iуэхухэм теухуа зэхыхьэхэм мыхьэнэшхуэ зэрагъэзащIэр икIи апхуэдэхэр нэхъ щIэх-щIэхыурэ къызэгъэпэщынымкIэ унафэщIхэмрэ жылагъуэмрэ зэдэлэжьэн зэрыхуейр. Дзасэжь Хьэзрэталий къыщыпсалъэм жиIащ къэралым и унафэщIхэм мы зэманым къаруушхуэ зэрырахьэлIэр лъэпкъ хабзэхэр хъума хъунымрэ абыхэм щIэблэр щIэпIыкIынымрэ. Ар тепсэлъыхьащ 2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 9-м Урысей Федерацэм и Президентым Iэ зыщIидза унафэм («Урысейм щыхабзэ лъапIэныгъэхэр хъумэным хуэгъэзауэ къэралым и Iуэху бгъэдыхьэкIэм и лъабжьэр») ипкъ иткIэ я пщэ илъ къалэнхэр зыхуэдэм. - Къэралым и зыужьыныгъэр елъытащ щIалэгъуалэм гупсысэ куурэ хьэлыфIрэ яIэу къызэрыхъум, - жиIащ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ахъмэт Артур. Апхуэдэуи зэхыхьэм къыщыпсэлъащ республикэ гъунэгъухэм къикIа дин лэжьакIуэхэри. Налшык къалэм и ЗАГС-м и унафэщI Шэру Валентинэ тепсэлъыхьащ иужьрей илъэс 20-м Къэбэрдей-Балъкъэрым ис унагъуэхэм я гугъуехь нэхъыщхьэхэр зэпхам, абыхэм я хэкIыпIэхэм лъэныкъуэ куэдкIэ зэрегупсысыпхъэм. Зэхыхьэм хэтахэр къытеувыIащ Кавказ Ищхъэрэм лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр зэрыщахъумэну, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ зэрыщыпэщIэтыну Iэмалхэм.
Поделиться:
Читать также:
09.08.2026 - 11:18 →
АдыгэщIым и макъыр зэхыдох
09.08.2026 - 09:58 →
Темыркъаным и пшыхьхэр
08.08.2026 - 13:41 →
Жылагъуэ транспортым къыхохъуэ
08.08.2026 - 12:26 →
ЗэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
08.08.2026 - 11:31 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||




