Лъэпкъым и къэкIуэнум фIыкIэ телэжьащ

Литературэм и унэтIыныгъэ куэдым и зэфIэкI хилъхьащ тхакIуэ КIурашын БетIал икIи хэмыгъуэщэжын и лъэужь къыхинащ лъэпкъ щэнхабзэм. Жанр зэхуэмыдэхэм ар зэрехъулIам тетхыхьащ публицист, критик БжэныкIэ Мухьэб.

«Тхэным гу хуэ­зыщIар щIэмычэу йоджэ, щIэмрэ щIэщыгъуэмрэ къыщигъуэт гъуэгум димыдзыхыу. А хабзэм текIакъым КIу­рашын БетIал псэуху. И япэ тхылъыр къыдигъэкIащ 1969 гъэм. «Хасэ» жиIэу абы ирита фIэщыгъэм гупсысэ куум ухуешэ: адыгэ­хэм лIэщIыгъуэкIэ къа­декIуэкIа зэхыхьэм и мыхьэнэрэ и къэухькIэ БетIал къы­зэщIеубыдэ икIи зэпкърех лъэпкъ литературэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, IуэрыIуатэм, тхыдэм, хабзэм теухуа Iуэху­гъуэхэр. Япэ тхылъым къы­кIэлъыкIуащ «ЦIыхубэ уса­кIуэм и псэ хьэлэлыр» (1978 гъ.), «Упсэу» (1979 гъ.), «ФIэ­хъус апщий!» (1991 гъ.), «Гъуа­зэ» (1996 гъ.), «Этюды о поэте и человеке» (1975 гъ.).

Абыхэм нэхъыщхьэу кIуэцI­рокI япэ тхылъым щыпхиша лъагъуэхэр, ауэ абыхэм зэманым пэджэжу зрегъэубгъу, лъэхъэнэ къэс лъэпкъ литературэм, щэнхабзэм, театрым я зыужьыныгъэр зэрыкIуатэм купщIафIэу топсэлъыхь,   ны­къу­саныгъэхэр тегъэкIуэ­ты­ным публицистым и пса­лъэрэ жэрдэмрэ хелъхьэ.

Псалъэмакъ щхьэхуэ къалэжь КIурашын БетIал и тхы­гъэ щхьэхуэхэм, и публицистикэ статьяхэми, этюдхэми, эссехэми. Абы куууэ зэпкърихащ ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, ПащIэ Бэчмырзэ, КIэрашэ Тембот, Мэзыхьэ Борис сымэ, нэгъуэщI­хэми я лэжьыгъэхэр. КъимыдэкIэ, IуэрыIуатэр, къуажэхьхэр, псалъэжьхэр зэхуихьэсыжащ, хъыбарыжьхэр, жы­Iэ­гъуэхэр, хъуэрыбзэхэр, къеб­жэкIхэр итхыжащ.

Публицистым и къалэн нэ­хъыщхьэр - тхыдэмрэ нобэмрэ я зэпыщIэныгъэм къыхих дерсымкIэ къызыхэкIа лъэпкъым и къэкIуэнум фIыкIэ телэжьэныр - КIурашын БетIал еш жыхуаIэр имыщIэу игъэзэ­щIащ. Гу лъытапхъэщ мы лъэныкъуэми: БетIал статья жанрым иту къытридза тхыгъэ къэс къэхутэныгъэ щхьэхуэщ, ди лъэпкъ литературэм, тхыдэм, гъуазджэм, адыгэ хабзэм куууэ щыгъуазэ зызыщIыну хуей дэтхэнэ щIэблэм дежкIи щIэдзапIэ хьэлэмэтщ. Апхуэдэ статьяхэр пщIы бжыгъэхэм нос. Абы телъыджэу къехъу­лIэрт журналистым и Iэзагъэр псом япэу къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэр - тхыгъэм зэреджэу занщIэу дихьэхыныр.

КIэщIу дыкъытеувыIэнщ абыхэм ящыщ зыбжанэм. «Мадемуазель Аиссе. Тхыдэм къыхэна адыгэ цIыхубз» жыхуиIэ тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ ди лъэпкъым къыхэкIа бзылъ­хугъэр Франджы литературэм и классик зэрыхъуа щIыкIэр, ар Вольтер и ныб­жьэгъуу, абы пщIэ къыхуищIу зэрыщытар, «Ахъмэтыкъуэ Къазийбэч» жиIэу газетым къытехуа тхыгъэмкIэ ар ироплъэ ХIХ лIэщIыгъуэр иухыу ХХ лIэщIыгъуэм щыщIидзэм Урысейми, Швециеми, Франджыми икъукIэ цIэ­рыIуэ щыхъуа адыгэлIым къи­кIуа гъуэгуанэм, ар тхакIуэу, интеллигент щыпкъэу, а псом къыдэкIуэу урысыдзэм и тIас­хъэщIэх къэмылэнджэжу зэрыщытар. ИтIанэ, БетIал и тхыгъэхэм я фIэщыгъэхэм я нэхъыбэм, публицистым зэрихабзэу, Iуэху зэIумыбзыр занщIэу щегъэув: «Андемыркъан. Уэрэдыжьым и тхыдэм и зы напэкIуэцI», «Пушкинымрэ адыгэ литературэмрэ», «Толстойр - Къэбэрдей-Балъкъэрым», «УсакIуэшхуэм и IэдакъэщIэкIхэр. ПащIэ Бэчмырзэ теухуа псалъэ». КIурашыным и къалэмыр нэхъ жану игъабзэу, и псалъэхэр гущIэкIэ нэхъ игъэхуабэу къыпщохъу ар ЩоджэнцIыкIу Алий и гъа­щIэм, и тхыгъэхэм, усакIуэш­хуэм и адыгэбзэ псынэпсу къабзэм щытетхыхьым деж. Апхуэдэ гупсысэ уигу къэ­мыкIынкIэ Iэмал иIэкъым абы триухуа «Дыгъэпсым пэлыд тхыгъэхэр», «Этюды о поэ­те и человеке» тхылъхэм, «Бзэ куэд ищIэрт», «ЦIыхубэ уса­кIуэм и псэ хьэлэлыр», «Уса­кIуэшхуэм и гъащIэ на­лъэ», «Алий и письмохэр» жыхуиIэ статьяхэм укъыще­джэ­кIэ.

Публицистикэр нобэрей зэманым ипэ иту мэбакъуэ, къэкIуэнур и гъуазэу, абы хуэ­лэжьын хуейхэр къегъэув. Ар зыхуэгъэзар цIыхубэм и дуней тетыкIэм и зы лъэныкъуэ­къым, атIэ а цIыхубэм и гупсысэм зэрыщыту хуэгъэпсащ.

ЦIыхум и уасэр и лэжьы­гъэрщ, щIыжаIэжыр абы и лъэпкъэгъухэм заузэщIын папщIэ хузэфIэкIар къалъытэри аращ. Дэ дызэреплъымкIэ, КIурашын БетIал нобэми къэ­кIуэнуми хуэгъэпса и Iэужьхэм яIэ мыхьэнэмкIэ Дзэлыкъуэ­щIым зы зэман щыпсэуа узэ­щIакIуэхэу Нэгумэ Шорэ, Къуэ­дзокъуэ Лэкъумэн, Къэшэж ТIалиб сымэ ябгъэдэб­гъэу­вэну хуэфащэщ».

БЕЗРЫКЪУЭ Данэ.
Поделиться: