Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык фокIадэм и 1-м илъэс 300 ирокъу. «Налшык» щIыпIэцIэм «нал» къикIыу къалъытэ, къалэр нал теплъэ иIэу бгыхэм я хъуреягъым зэрыщитIысыкIам къыхэкIыу.
Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, Налшык быдапIэр 1818 гъэм е 1822 гъэм яухуащ. Абы и дзэ хэщIапIэр 1838 гъэм къызэрагъэпэщащ. 1863 гъэм ар быдапIэ хъуащ. А зэманым мы щIыпIэм исыр цIыху мини 3,5-рэ къудейт. Къалэ Налшык щыхъуар 1921 гъэм и фокIадэ мазэрщ.
Хэку зауэшхуэм и зэманым фашист зэрыпхъуакIуэхэм Налшык къалэр къаухъуреихьри, и зэхуэдитIыр зэхакъутат. 1943 гъэм щIышылэм и 4-м къалэр щхьэхуит къызэращIыжу ар зэрагъэпэщыжу щIадзащ. А илъэсым и мэкъуауэгъуэ мазэм драмтеатрымрэ филармониемрэ лэжьэн ирагъэжьащ.
Налшык къалэм зиужь зэпытурэ екIуэкIащ, ар егъэфIэкIуэным цIыхубэр жыджэру хэту. Къалэм зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм саугъэтхэр къыщихьащ. Абыхэм ящыщщ «Урысейм и къалэ нэхъ зэIузэпэщ» жыхуиIэр. Ноби ди щыхьэрыр ящыщщ щIыналъэ нэхъ къабзэхэм, дахэхэм, щхъуантIагъэм щIигъэнауэ къалъытэхэм. Къалэм музей зыбжанэ - лъахэхутэ, лъэпкъ, сурэтыщI гъуазджэмкIэ, щIэныгъэмрэ техникэмкIэ - иIэщ. Апхуэдэу, театрхэр, щэнхабзэм и нэгъуэщI IуэхущIапIэхэр мэлажьэ.
ЗыгъэпсэхупIэхэри и куэдщ Налшык къалэм. Санаторэ, зыгъэпсэхупIэ унэ, турбазэ, пансионат жыпIэми, IуэхущIапIэ 40-м щIигъу щыIэщ. НэгузыужьыпIэхэм я гугъу пщIымэ, апхуэдэщ ХьэтIохъущокъуэм и хадэр, псынэпс къыщIэжыпIэхэр, гуэлхэр, кIапсэ гъуэгур, псэущхьэхэр щаIыгъ паркыр, ипподромыр, нэгъуэщIхэри. Къалэ щIыбым удэкIмэ, куэдым гупсэхугъуэ щагъуэт щIыпIэхэщ Гуэл щхъуантIэхэр, Аушыджэр псы хуабэ къыщIэжыпIэр, Шэджэм псыкъелъэхэр, Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ. IэпщIэлъапщIэхэм цым къыхащIыкIа я хьэпшыпхэр щащэ бэзэрым къалэм и хьэщIэхэм зыщаплъыхьыныр зыхалъхьэ щыIэкъым. Фэилъхьэгъуэ щIэщыгъуэхэр абы саугъэт папщIэу къыщащэху.
ЩIыналъэм щыпсэухэми ди хьэщIэхэми махуэшхуэхэм я мызакъуэу щIэупщIэшхуэ яIэщ ди лъэпкъ шхыныгъуэхэми. НэхъыфIу ялъагъу шхыныгъуэхэм ящыщщ лы гъурыр. Апхуэдэу ди щIыпIэм и хьэщIэхэм я деж щIэупщIэшхуэ щиIэщ джэд лыбжьэм, дэлэным, мырамысэм, кхъуей гъэгъуам, щIакхъуэзэтеупIэщIыкIым, нэгъуэщIхэми.
Хабзэ зэрыхъуауэ, республикэмрэ къалэмрэ я махуэр фокIадэм и 1-м ягъэлъапIэ. 2014 гъэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэшхуэхэм ящыщщ фокIадэм и 20-р, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр щагъэувар. Гъатхэпэм и 28-м щIыналъэм исхэм ягъэлъапIэ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэри. А унафэр 1994 гъэм къащтащ. 2010 гъэм гъатхэпэм и 25-м Налшык къалэм къыфIащащ «ЗауэлI щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.