«Си къалэ. Си щIыналъэ»![]() Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэшхуэмрэ Налшык къалэр илъэс 300 зэрырикъумрэ я щIыхькIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и иджырей гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, XX лIэщIыгъуэм и художник цIэрыIуэхэу Алёхин Митрофан, Ваннах Михаил, Сындыку Анатолэ, Кърым-Щомхъал Хьэмзэт, Црым Руслан, Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, КIыщ Мухьэдин, Бакуев Владимир, нэгъуэщIхэ-ми я лэжьыгъэхэм ухагъэгъуазэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Налшык къалэмрэ я тхыдэ дахэм, XX лIэщIыгъуэм и къэхъугъэ гъэщIэгъуэнхэм, цIыхухэм я псэукIэм, лъэпкъ хабзэхэм, республикэр дуней псом къикIахэм я зыгъэпсэхупIэ зэрыхъуам. Выставкэм щызэхуэхьэса лэжьыгъэ 90-м къытещ щIыналъэм и щIыуэпс къулейр, гуэлхэр, псыежэххэр, губгъуэхэр, мэзхэр, бгы уардэхэр, республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа цIыху цIэрыIуэхэм, лэжьакIуэ пашэхэм я портретхэр, къагъэсэбэп хьэпшыпхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ къызэрыщ сурэтхэр щIэщыгъуэщ. Графикэ, скульптурэ, декоративно-прикладной гъуазджэ унэтIыныгъэхэм щыщу музейм и фондым щахъумэ лэжьыгъэхэм ящыщу утыку кърахьахэри гъэщIэгъуэнщ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
09.07.2026 - 15:32 →
КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь
05.07.2026 - 11:00 →
Лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ
05.07.2026 - 10:00 →
ЗэбгрыкIыжащ ящIэнур яубзыхуауэ
| ||





