Джэданэхэ иджыри я зы чемпион![]() Краснодар крайм и Армавир къалэм иджыблагъэ щекIуэкIуащ Урысей Федерацэм и еджакIуэхэм дзюдомкIэ я 7-нэ Гъэмахуэ спартакиадэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 79-м я цIыхубз ныбжьыщIэу 320-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. Ахэр гупийуэ гуэшауэ щытащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм хэту зэпеуэм зыкъыщигъэлъэгъуащ Джэданэ Алинэ. Ар дуней псом дзюдомкIэ щыцIэрыIуэ, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Джэданэ Алим ипхъущ. Ди гуапэ зэрыхъущи, адэм и щIыхьыр иIэту, пщащэ цIыкIум дыщэ медаль зэхьэзэхуэм къыщихьащ.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





