Москва ирагъэблагъэ

«Хьэцыбанэ» брендым щыщ фэилъхьэгъуэхэр къы­зэзыгъэпэща, хьэпIацIэщыгъэкIэ екIуу хэзыдыкI Iэп­щIэ­лъапщIэ Щоджэн ФатIимэ хэтынущ Москва ДахагъэмкIэ щекIуэкIыну тхьэмахуэм.

ФатIимэ и кIэн къикIащ - Урысейм и щIыналъэ 70-м щыщ IэпщIэлъапщIэ мин ­бжыгъэхэм а зэхыхьэм хэтыну ягъэхьа лъэIу тхылъхэм щыщу зэпеуэм пхыкIахэм ящыщ ­хъуащ.
- ДахагъэмкIэ гъэлъэгъуэ­ныгъэхэр Урысейми, хамэ къэ­ралхэми щымащIэкъым. Абы­хэм ухэхуэнуи апхуэдэу гугъукъым, мылъку къызэрыралэ­жьым къыхэкIыу. IуэхущIапIэм и зэфIэкIыр абы пэлъэщмэ, апхуэдэхэм зэпымыууэ ухэтурэ уи Iэзагъэм хэбгъахъуэ хъунущ, - жеIэ ФатIимэ. - Москва щекIуэкIыну зэхыхьэр нэ­гъуэщI­хэм къазэрыщ­хьэ­щы­кIыр хэтынухэр зэпеуэкIэ къы­зэрыхахырщ. Аращ абы ущыпхыкIкIэ Iуэхум нэхъри ущIытегушхуэр. 
Москва щекIуэкIыну зэ­хыхьэм щагъэлъэгъуэну фэ­илъхьэгъуэхэр, дауи, къызэрыгуэкIкъым. Ахэр зыми емы­щхьу щIэуэ, гупсысэ ящIэлъу щытын хуейщ. «Хьэцыбанэ» брендыр илъэситху хъуауэ а мардэхэм тету мэлажьэ икIи зэпеуэшхуэхэм я къызэгъэпэщакIуэхэм къыхуагъэув Iуэхугъуэхэм полъэщ. Урысейм и щыхьэрым Щоджэным щигъэлъэгъуэну и мурадщ блэ­кIамрэ иджыреймрэ я зэпы­щIэныгъэхэр щыплъагъу, зэманым пхыкIа, къигъэ­щIэ­рэ­щIэ­жа фэилъхьэгъуэхэр. 
Жэпуэгъуэм и 4-м къы­щы­щIэдзауэ и 9 пщIондэ выс­тавкэхэр щагъэ­лъагъуэ «Ма­неж»-м ще­кIуэ­кIынущ. Урысейм и мызакъуэу, хамэ къэ­ралхэм щыщ дизайнерхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. IэпэIэсэ ­цIэ­рыIуэхэм я IэрыкI гъэщIэ­гъуэнхэм и мызакъуэу, иджырей фэилъхьэгъуэхэм ятеухуа зэIущIэ, лекцэ, зэп­сэлъэныгъэ, мастер-класс щхьэ­пэхэм хэтынущ Налшык щыщ хъыджэбзыр. Гъэлъэ­гъуэныгъэм и программэм хыхьэу абы къы­щы­зэ­рагъэ­пэщыну, модельер ныб­жьы­щIэхэм я зэхьэзэхуэхэми и зэфIэкI щеплъыж хъунущ ар. 
Щоджэн ФатIимэ и лэжьыгъэхэр щыхьэт тохъуэ IэкIэ гъэ­хьэзыра фэилъхьэгъуэхэм зэ­пымыууэ щIэупщIэ зэраIэм. ФатIимэ дехьэх икIи фIыуэ ­щыгъуазэщ лъэпкъ фащэм ­къикIуа тхыдэм, абы епха хабзэхэм. Зэпеуэхэмрэ гъэлъэ­гъуэныгъэхэмрэ къыхэжаныкI пщащэм и цIэ а IэщIагъэм зэрыщигъэIунум шэч хэлъкъым. Зи лэжьыгъэхэм нэ­гъуэщI лъэпкъхэм щыщхэри, хамэ къэралхэм щыпсэухэри дахьэх IэпщIэлъапщIэм и хъуэ­псапIэхэр къехъулIэну ди гуа­пэщ.

 

БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
Поделиться:

Читать также: