Уджыр - IуэрыIуатэм

Адыгэ къэфакIуэхэм ягъэзащIэ удж зэмылIэужьыгъуэхэр: уджхэш, удж пыху, удж хъурей. Куэдым ящIэркъым мы къафэ лIэужьыгъуэхэр пасэрей зэманым къызэрикIар, уеблэмэ нобэ дымыцIыхуж гуэрхэри IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжыр.

Адыгэ щIэныгъэрылажьэхэу Мыжей Михаилрэ Пащты Мадинэрэ зэдатха «Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъым къыхощыж иджыри удж лIэужьыгъуэ зыбжанэрэ абыхэм къепха атрибутхэмрэ.

ФЭРЫУДЖ. Пасэрей мажусий удж лIэужьыгъуэ, тхьэм и цIэкIэ ягъэзащIэу щытауэ.

ТХЬЭШХУЭУДЖ, сэндракъ. Тхьэшхуэм и цIэкIэ ящIу щыта махуэщIщ, жылэ псор къекIуалIэрэ тхьэмахуэ, мазэ, мазэм щIигъукIэ екIуэкIыу. Тхьэшхуэм и пIэкIэ Тхьэ, Псатхьэ къыщыкIуэ щыIэт. МахуэщIым и лъапсэр дыгъэр гъэлъэпIэным къыщежьэу къыщIэкIынщ. Ар гъэмахуэм ящIырт, бгы тхыцIэм и дыгъапIэм, е бгы лъапэ щхъуантIэм. Тхьэшхуэм (Тхьэм, Псатхьэм) я сурэт пэлъытэу бгы тхыцIэм пкъо трагъэувэрти, абы бгъэдыхьэ къыбгъэдэкIыжурэ къэуджхэрт. Тхьэшхуэ тхьэудж щащIу ягъэлъагъуэ щIыпIэхэм ящыщщ Тэтэртупрэ Жулатымрэ (Тэрч Iуфэ), Къэбэрдей Зеикъуэ къуажапщэм. ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэ «Къызбруным» Къызбрун лъапэ щащIауэ щетх. УсакIуэм и тхыгъэхэм гъэщIэгъуэну къыхощ а махуэшхуэр зэрекIуэкIыу щыта гуэрхэр. МахуэщIым шыгъажэ щащIырт, нэщанэ щеуэрт, пшынэуэрэдыр зэпыуртэкъым, джэгуакIуэхэр, ажэгъафэхэр хэту хуабжьу нэжэгужэу екIуэкIырт. Фадэр, ерыскъыр куэду зэблахырт. Махуэшхуэр зэрыщытам и IуэхукIэ нэхъыжь гуэрым мыр къыжеIэж: «Тхьэншэ уджым я гъуэмылэр яIыгъыу фызыжьхэри, нысащIэхэри, хъыджэбзхэри кIуэрт, абы мыкIуэм мыгъуэр и мыгъуат. Зэхуэсахэр махуэм ешхэ-ефэу зэхэтт, пщыхьэщхьэ зэрыхъуу жьэкIэ пшынэ еуэу Iэпэзэрылъу уджыным щIадзэрт, зэрызехьэу, зэрыгъэмэхауэ нэху щыху къеуджэкIырт. Хэт сыт хуэзэу къигъэуджми, епсэлъэныр, зыкъригъэцIыхуныр хабзэтэкъым…». Нарт санэхуафэм ещхьу, Тхьэшхуэ тхьэуджым лей щызэрахьэртэкъым, Iэщэ кърахыртэкъым, зэбий-зэжагъуэгъухэр зэфIэнэртэкъым, абы хэт псори, къызыхэкIа емылъытауэ, зэхуэдэ хъурт. «Тхьэшхуэ удж махуэм, цIыху яукI е лей ирах хъуртэкъым: мажусий хабзэмкIэ псори зэхуэдэ хъурт – пщыри пщылIри», ар «мажусий диныр щытепщэ махуэшхуэт, цIыхухэр табухэм яIэщIэкIауэ, зыхуейр щыжаIэ-щалэжьу», - етх Нало Заур.

ПщIэ лей хуащIырт Тхьэшхуэуджым къыхэджэгукIам. Абы дуней нэмысыр бгъэдэлъу къалъытэрт. Абы къыхэджэгукIа пщылI фызыр пщым хуагъэфащэу иратауэ яIуэтэж. Уеблэмэ зэкъуэшитIым я нэхъыщIэр къыхэджэгукIамэ, ар нэхъыжьым ипэ ирагъэщу пщIэ хуащIу щытауэ. Тхьэшхуэ тхьэуджыр адыгэм куэд щIауэ яIэщIэхужащ, уеблэмэ ар зыхуэдар гупсэхуу тхыжауэ щыIэкъым. Зы хъыбарым зэрыхэтымкIэ, Тхьэшхуэуджыр зы зэманкIэ зэпыуа хъуауэ, ящIыну зы жылэ гуэр щызэхыхьэм, абы и щIыкIэ зыщIэж яхэмытыжу къыщIэкIри, хамэ гуэр шууэ блэкIырти, абы къаригъэлъагъужауэ щытащ.

ЩЫБЛЭУДЖ. Гъатхэм япэу уафэ щыгъуагъуэкIэ е щыблэм иукIа цIыхур (Iэщыр) щыщIалъхьэкIэ дахыу щыта дауэдапщэщ. Щыблэуджым и лъапсэр къыздежьэр Щыблэр тхьэуэ къалъытэрэ ар ягъэлъапIэу, тыхь хуащIу зэрыщытаращ. Щыблэуджыр кавказ лъэпкъ куэдым яIэт - абазэхэм, абхъазхэм, къэрэшейхэм, балъкъэрхэм, осетинхэм. ЩхьэмцIэрэ лъапцIэу уджхэрт. Щыблэм иукIа цIыхум и махуауэ, тхьэм фIыуэ илъэгъуарэ къыхуэупсауэ ялъытэрти, пщIэшхуэ хуащIу щIалъхьэрт. ПщIэшхуэ хуащIырт щыблэм иукIа Iэщым, зэуа жыгри  тхьэлъэIупIэ, тхьэхуэпщылIыпIэ ящIырт. Щыблэр унэм еуэу цIыху имыукIами, унэр зей унагъуэм пщIэ хуащIырти, унагъуэм Iуэху ирамыгъащIэу илъэс псокIэ ягъашхэрт. Япэу уафэ щыгъуагъуэкIэ щыблэм цIыху иукIамэ, Щыблэуджыр махуи 7-кIэ ящIу, Iэщ иукIамэ – махуи 3-кIэ ящIу щытауэ хуагъэфащэ.  

Щыблэуджым хэтхэр Щыблэм йолъэIу къихъумэну, гущIэгъу къахуищIыну. Абы нэмыщIу тыхь ящIым Щыблэр зыхуагъэфIыным и мызакъуэу, нэгъуэщI мыхьэнэи иIэу къыхощ. Щыблэм иукIар тхьэлъэIурэ шэрэкIэ къагъэхъужыну гугъэхэрт. Бжэныр, бжэныщхьэр лъагэу бжэгъум, пхъэшыкъум дэхьеиным и мыхьэнэр уафэм щыIэ Щыблэм нэхъ гъунэгъу хуэщIыныр арагъэнщ. Абы нэмыщIу, бэвым и нэщэнэщ шэри езы бжэнри,  псом хуэмыдэу абы щыхьэт тохъуэ бжэн укIар вагъэм яхьрэ «Бэв къыдэт» жаIэу зэрылъаIуэр.

ДЭЖЬЕЙ БАШ. Дэ цIыкIум къыхэщIыкIа башщ. Метр зи кIыхьагъ башым дэ блэнхэр кIэращIэ, ар хъыдан къуэлэнкIэ ягъэщIэрэщIэж. Дэжьей башым къалэнитI игъэзащIэрт. Япэу, ар хьэтиякIуэм (джэгу тхьэмадэм, джэгуакIуэм) иIыгъыу абыкIэ джэгур зэришэрт, унафэ щищIырт. А башымкIэ игъэлъагъуэрт джэгур, къафэр, уджыр яублэнуми, щагъэтынуми, зэпагъэунуми. И мыхьэнэкIэ ар зыкъомкIэ ещхьщ дирижер баш цIыкIум, церемониймейстерым и жезлым. Дэжьей башым и етIуанэ лIэужьыгъуэр джэгум я нэхъ пщащэ дахэм иратырт. Пшыналъэм къеуэу, кIэрахъуэр ягъауэу пщащэ дахэр утыкум кърашэри, дэжьей башыр, е дэжьей бэракъыр ират. Удж хъурей къыщыфэнум деж пщащэ дахэр утыкум къихьэрт дэжьей баш къратар иIыгъыу. ХьэтиякIуэм и дэжьей башыр нэхъ инрэ нэхъ гъэщIэрэщIауэ щытт, ар пщащэ дахэм иратым нэхърэ, нэхъ гъэфIапщIэ инуи ялъытэт: хьэтиякIуэм и дэжьей башым ехь дэ цIыкIуу килограмми 5-м нэс, Iуданэ пхыплъэфу башым кIэрыбгъэзэгъэн хуейщ дэ цIыкIуу 1500-рэ, хъыдан къуэлэну мин бжыгъэ.

УДЖ БАШ. Уджым щызэрахьэ башщ, удж пашэм иIыгъыу. ДжэгуакIуэм (хьэтиякIуэм) ину къреIуэ удж пашэм и цIэр. Ар утыкум къихьа нэужь, удж башыр IэщIелъхьэ. Ар дахэу, екIуу щIащ: дэ цIыкIурэ хъыдан къуэлэн дахэкIэ зэщIэблащ. Башыщхьэм бгъэ, къашыргъэ сурэт тращIыхь. Япэм бжэныщхьэ тращIыхьырт. Удж пашэм удж башымкIэ уджыр зэрегъакIуэ, хэт сыт хуэфащэми башкIэ игъэлъагъуэу. Удж башыр иIыгъыу удж пашэмрэ пщащэ дахэмрэ удж хъурейр зэхашэ.

УДЖ ПАШЭ. Бгырыс шапсыгъхэм я удж хъурейм и тетыращ. Удж пашэр джэгу хасэм хех. Ар инэхъыбэм лIыжьщ, хьэщIэхэм ящыщу. ХьэтиякIуэм удж пашэм и цIэр къриIуэу утыкум ириша нэужь, абы удж башыр ират. Ар иIыгъыу удж пашэм уджыр ирешажьэри, яухыху кърегъэкIуэкI.

 

Зыгъэхьэзырар Фырэ Анфисэщ.

Поделиться: