КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек цIыхухэм зэрызахуигъазэ

- ПщIэ зыхуэсщI си лъахэгъухэ! ФокIадэм и 8-м, тхьэмахуэ махуэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и депутатхэм я хэхыныгъэхэр екIуэкIынущ. 
Фэ къэралым и пащхьэ щыфхь жэуаплыныгъэмрэ республикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэр зэфIэхынымрэ фызэрыхэлIыфIыхьыр иужьрей зэма­ным мызэ-мытIэу къэвгъэлъэгъуащ - къэралым и Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм, Къэрал Думэм и депутахэмрэ щIыпIэ самоуправленэм хэтхэр хэхыным, УФ-м и Президентым я хэхыныгъэхэр. Шэч къытесхьэркъым мызыгъуэгуми Парламентым иджы щылэжьэнухэр убзыхунымкIэ фи пщэрылъыр зэрывгъэзэщIэнум. 
Иджырей щытыкIэм къытхуегъэув зэкъуэтыныгъэр, зэрыIыгъыныгъэр, республикэм, къэралым и гъащIэм жыджэру дыхэтыныр. Депутатхэм гулъытэ хуащIын ­хуейщ цIыхубэм я гуныкъуэгъуэхэм, псэ хьэлэлкIэ я лэжьыгъэм пэрытыпхъэщ. Абы къыхэкIыу Парламентым хэтынухэр егупсысауэ къыхэхын хуейщ. Республикэм Iэ яIэт хъуну ис мин 500-м щыщ дэтхэнэ зыми и еплъыкIэр къигъэлъэгъуэным мыхьэнэ иIэщ.  
Си фIэщ мэхъу фэ псоми а жэуаплыныгъэ иныр зэрызыхэфщIэр, къэкIуэну илъэситхум къэрал мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр зэфIэхыныр дзыхь зыхуэфщI партыр, кандидатыр фегупсысауэ къызэрыхэфхынур. 
Хэхыныгъэхэм зи еплъыкIэхэр зэмыщхь парт зэмы­лIэужьыгъуэхэр хэтщ. Ауэ а псори зэрепх Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыпсэухэм яфI зыхэлъ Iуэхухэр дэгъэ­кIыным. 
Парламентым и депутатхэм я хэхыныгъэхэр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщыныр дэ, унафэщIхэм, ди пщэ дэлъщ. Ахэр екIуу екIуэкIын папщIэ тхузэфIэкI псори тщIэнущ, хабзэм къызэригъэувым тету. ХэхыпIэхэм хуиту, тыншу Iэ щаIэтын хуэдэу Iэмалхэр къыщызэрагъэпэщынущ, гуфIэгъуэ теплъэ иIэу екIуэкIынущ. 
Ди республикэм ису пщIэ зыхуэсщIхэ, фыкъызогъэблагъэ фокIадэм и 8-м  хэхыпIэхэм фыкъекIуалIэу фызыхуей кандидатыр къыхэфхыну.

Поделиться: