Газетыр щIыщыIэр абы еджэхэрщ, дауи. Апхуэдэу «Адыгэ псалъэм» и зы къыдэкIыгъуи блэзымыгъэкIхэм ящыщщ Бахъсэн щыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм щыщ Къардэн Мухьэмэд. ЩIиджыкIым имызакъуэу, ар ди автор нэхъ жыджэрхэми ящыщщ икIи и IэдакъэщIэкIхэр ди газетым и напэкIуэцIхэм щIэх-щIэхыури къытохуэ. Мы тхыгъэр и жылэм, и къуажэгъухэм ятеухуащ.
Ислъэмей къуажэр республикэм и жылэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Абы имызакъуэу, къуажэ дахэщ, хьэщIагъэкIэ, шыгъупIастэкIэ жумартщ. Щыпсэу цIыхухэращи, зэрыжаIэу, хуэдэ уигъэлъыхъуэнщ. Абыхэм ящыщ зым нобэ сыфхутепсэлъыхьыну, сигу къэзгъэкIыжыну сыхуейт. Ар Хэку зэуэшхуэм лIыхъужьыгъэ щызезыхьа, къуажэм тхьэмадэфIу дэса, школым егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ щылэжьа Уэрдокъуэ Мухьэмэдщ.
Илъэс куэд блэкIащ абы лъандэрэ, мурад сщIыуэ абы и унагъуэм сызэрихьэрэ - сыдэуэршэрыну, и гукъэкIыжхэмкIэ зыдэзгъэгуэшэну. Сыту жыпIэмэ, ди къуажэм теухуауэ абы имыщIэ хъыбар къэгъуэ-тыгъуейт.
КъызэрыщIэкIымкIэ, япэм ди къуажэм фIэщыгъэу зэрихьар Наурызщ, Наурызхэ я къуажэ жаIэрт. Абы щыгъуэ ди нэхъыжьыфIхэр щыпсэуар Шэджэм ЕтIуанэ къуажэр иджыпсту здэщыс щIыпIэрщ. 1846 гъэм абыхэм я псэупIэр яхъуэжри, иджыпсту щетIысэха щIыпIэм къэIэпхъуащ.
Сыт-тIэ Ислъэмей фIэщыгъэм къикIыр?
Псоми занщIэу я щхьэр здэжар «ислъэмей» къафэрщ. Ауэ а къафэмрэ ди къуажэм- рэ зыкIи зэпыщIакъым. «Ислъам»-р япэ дыдэ мы щIыпIэм къэкIуахэм я унагъуэцIэщ. Ислъам и жылэ е Ислъамхэ я къуажэ жиIэу аращ.
Къуажэм и къекIуэкIыкIар, и тхыдэр зэфIэгъэувэжыным, тхыжыным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIауэ щытащ курыт школым тхыдэмкIэ щезыгъэджа Бещтокъуэ Iэниуаррэ ХьэцIыкIу Хьэмэдэрэ. Архивхэм щIэлъ дэфтэрхэр къагъэсэбэпурэ къуажэм и блэ-кIар ятхыжауэ щытащ а зэманым. Ауэ тхыгъэ псори дунейм къытехьауэ щытакъым, къулыкъущIэхэм я кабинетхэм щыкIуэдыжащ ахэр.
Ди къуажэцIэм теухуауэ жысIэну сыхуейт иджыри зы псалъэ. Къуажэм япэ дыдэ иIа Наурыз цIэр фIащыжыну дамэкъуэ куэд якъутащ. Ауэ абы зыри къикIакъым. Сэ «Ислъэмейри» «Наурызри» зэзусыгъуэджэркъым, дахэщ. Ауэ, япэрауэ а цIэ дыдэр зэрихьэу Тэрч щIыналъэм къуажэ щыIэщ, сыкъэмыпцIэмэ, абыхэм япэу фIащауэ. Сэ сыхуитамэ, япэм зэрихьэу щыта Къызбрун ЕтIуанэр, «етIуанэ» псалъэр пыгъэхуауэ фIэсщыжынт. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Къызбрун бгыр ди къуажэм и куэщIым илъщ. Къуажэдэсхэм ар я набдзэщ, зэрыгушхуэщ.
МыдэкIэ, тхыгъэр зытезухуэну си мурадымкIэ къэзгъэзэжынщи, къуажэр къызэрызэрагъэпэща щIыкIэм, школхэм, фэеплъ сынхэм, Хэку зауэшхуэм хэкIуэда жылэдэсхэм ятеухуа куэдым фIыуэ щыгъуазэт Уэрдокъуэр. Я деж сыщыкIуам куэбжэм къыдэкIат цIыхубз хэкIуэта лъагъугъуафIэ. Ар Мухьэмэд и щхьэгъусэ Лэуцэт. Абы езыми илъэс куэдкIэ курыт школым щригъэджат. Я къуэ Заур адэр щеджа, Волгоград физкультурэмкIэ дэт институтыр къиухащ, нэхъыщIэ Уэзырмэс мэкъумэш лэжьыгъэр къыхихат - зоотехникыу еджащ.
Езы Мухьэмэд Хэку зауэшхуэм къыхиха ныкъуэдыкъуагъэм щхьэкIи къэмынэу, Волгоград физкультурэм щыхурагъаджэу дэт институтыр фIы дыдэу къиухащ. Физкультурэмрэ зауэ хуэIухуэщIэхэмкIэ езанэ курыт школым илъэс куэдкIэ щригъэджат. А псом къадэкIуэу, Зауэм хэта-хэм я зэгухьэныгъэу къуажэм щыIэм и тхьэмадэт.
А лъэхъэнэм администрацэм и унафэщIу щыта Шэшэн Хьэсэн и гъусэу, Мухьэмэд къаруушхуэ хилъхьащ зауэм хэкIуэда ди къуажэгъухэм я фэеплъ пхъэбгъур жылэм щыгъэувыным.
Фэеплъым бгъэдэту Мухьэмэд игу къигъэкIыжауэ щы-тащ: «Ди къуажэ щIалэхэр зауэм дыщагъакIуэм, ди адэ-анэхэм унафэ къытхуащIауэ щытащ къикIуэт димыIэу бийм дыпэщIэтыну. Абы щыгъуэ ди адэ Азрэт жиIарат: «Ди щIыхьыр зэи къэвмыгъэлъахъшэ, адыгэ напэр тевмых. Зыщывмыгъэгъупщэ: ди Хэкур фхъумэжмэ, дэ, мыбдеж къанэхэри, дыфхъумэу аращ!»
Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ пхъэбгъум унэцIэу 420-рэ тетщ. Абыхэм яхэтщ езы Мухьэмэд и Iыхьлы куэди. Ахэр Европэм, нэгъуэщI щIыналъэ жыжьэхэм щыщIалъхьами, я цIэхэр зытет фэеплъ ахэр щалъхуа къуажэм зэрыдащIы-хьам цIыхухэм я гуауэр нэхъ ящхьэщех.
Зэманым зэхъуэкIыныгъэ куэд хелъхьэ гъащIэм. Хъарзынэ хъунут, Хэку зауэшхуэм, Афган зауэм хэкIуэдахэм, нэгъуэщI зэпэщIэувэныгъэхэм я псэхэр щызытахэм зэгъусэу зы фэеплъ хуащIамэ.
«Сыту фIы хъунт, а спискэм абы фIэкIа зэи зыри къыхэмыхъуатэмэ, - жиIауэ щытащ Мухьэмэд. - Мис, мо жыгеишхуэм феплъыт! Абы и ныбжьыр илъэсищэм щIегъу, ауэ иджы-ри ар дунейм тетыну къыхуигъэщIа зэманым йожьэ. Ар зэрыкIуэдыжу, абы и пIэм жыгеищIэ хэтсэнущ. Сэ сыхуейщ, дунейм тет дэтхэнэ зы цIыхури илъэс куэдкIэ насыпыфIэу псэуну, я бынхэмрэ къуэрылъху-пхъурылъхухэмрэ я гуфIэгъуэ куэд ялъагъуну».
Абы и гъащIэр пщIэншэу кIуакъым. Мухьэмэд и гъэсэнхэм яхэтщ ди щIыналъэм щыцIэрыIуэхэр - СССР-м спортымкIэ и мастерхэу Хьэххэ Хьэсэн-рэ Нажмудинрэ, ТIэхьир Валерэ, Джэрыджэ Атмир, ХьэцIыкIу Мухьэмэд, Къэбардэ Мухьэмэд, дзэ комиссару щытахэу Мэлыхъуэ Хьэсэн, Сэхъу Лолэ, Елмэс Ауэлдин, кхъухьлъатэзехуэ Шыбзыхъуэ Хьэсэнбий сымэ, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэуи Мухьэмэд иригъэджахэм къахэкIащ еджагъэшхуэхэр, усакIуэхэр, тхакIуэхэр, дохутырхэр. Ахэр куэд мэхъу, дэтхэнэм и цIэр къипIуэн.
ЗэрыцIыкIу лъандэрэ Мухьэмэд «къафэ узыр» пкърытащ. Ебгъуанэ классым сыщеджэу ди классым къыщIыхьат пащIэ дахэ зытет щIалэ къекIу. Ар Уэрдокъуэ Мухьэмэдт. Абы зыкъытхуигъазэри жиIащ: «КъэфакIуэ гуп зызогъэпэщ-ри, хэт хуейми фыхэстхэнущ». Зытхухым зрагъэтхащ. Мухьэмэд сыкъицIыхурти, чэнджэщ къызитащ сэри сыхыхьэну, ауэ сыкъыхутегъэхьатэкъым. ИужькIи гупым сыхыхьэну сриджат, ауэ си армэ дэкIыгъуэр къэсри къэзгъэнэжащ.
Мухьэмэд и зэфIэкIыр гъунапкъэншэу зэрыщытам и щапхъэу мыр къэсхьынут.
- Илъэс хыщIым щхьэдэхауэ ди къуажэм дэс нэхъыжьыфIхэр хэту къэфакIуэ къызэзгъэпэщыну си мурадщи, фащэ ящыгъынумкIэ укъыддэIэпыкъун? - жиIэри Мухьэмэд, колхозым и тхьэмадэу щыта Шыгъэлыгъуэ Мухьэмэд зыхуигъэзат.
- УгушыIэрэ хьэмэрэ уи фIэщ? Пхузэхуэшэсынкъым, ар лэжьыгъэ гугъущ, ныбжь хъарзынэ уиIэщ. Илъэс блыщI-пщIей зи ныбжьхэр къешэлIэгъуафIэкъым. Абыхэм къэфэкIэ зымыщIэхэри яхэтщ, зэман хъарзынэ ихьынущ, упэлъэщыну? - гушыIэ хэлъу колхоз тхьэмадэм жэуап къитыжат.
Абы щыгъуэ районым дэнэ къэна, республикэм апхуэдэ къэфакIуэ гуп зиIэ къуажэ итакъым.
- Сэ укъызогъэгугъэ зэман кIэщIым къриубыдэу апхуэдэ къэфакIуэ гуп утыкум къисшэну, - жиIащ Мухьэмэд и фIэ- щу. «Ислъэмей» фIэщыгъэр иIэу къызэригъэпэща гупыр зыгъэсэнур езы Мухьэмэдт.
Илъэс зыбжанэкIэ районым и къуажэхэм кIуэурэ «Ислъэмейм» концертхэр щатащ, республикэм и махуэшхуэхэм мызэ-мытIэу зыкъыщагъэлъэгъуащ.
Мухьэмэд лIы къекIут, спортыр фIыуэ зылъагъу цIыхут. Мы сурэтыр зылъагъухэм ящыщ куэд зэупщIыжынкIэ хъунщ: «ПащIэ ин зытет мы лIы екIур щыслъэгъуар дэнэ?» - жаIэу. Ар зыщыгъупщэжахэм фигу къызогъэкIыж: «Бгы къыгуэуа» («Лавина с гор») фильмыр тезыхахэм ирагъэблагъэри, Мухьэмэд абы щигъэзэщIауэ щытащ абрэджхэм я Iэтащхьэм и ролыр. ИкIи фIы дыдэу ар джэгуауэ щытащ. Уеблэмэ режиссёр нэхъыщ-хьэм мыпхуэдэу къыжриIат: «Уэ актёрыным укъыхуалъхуащ, си къыкIэлъыкIуэ фильмми ухэзгъэхьэну си мурадщ».
Апхуэдэ цIыху щыпкъэ дэсащ ди жылэм. Куэдым хуэIэзэу, цIыху жыджэру, бэр зэщIигъэуIуэфу, пщIэ къыхуащIу.
… Сэ къызгурыIуэркъым цIыхухэр къалэм кIуэну щIыхэтыр. Ар абы зыми къыщицIыхуркъым, лъабжьэ зимыIэ жыгым щыхуэдэщ. Сэ Ислъэмейрэ абы и цIыхухэмрэ фIыуэ солъагъу. А жылэм сыкъыщалъхуащ, сыщапIащ, сыкъыщыхъуащ, си щIэблэр лъэ быдэкIэ щыуващ. Сэ ар Алыхьталэм къызита щIыналъэщ. Аращ си Хэкур, абы хъуэж иIэкъым! Ар си псэм хэухуэнащ, си лъым хэлъщ. ХамэщI щыпсэухэм ящыгъупщэжамэ, ягу къызогъэкIыж псалъэжь пэж: «Бланэр щалъху йокIуэлIэж».
ЗыузэщI, ефIакIуэ, си хэку дахэ, си Ислъэмей.
Зыгъэхьэзырар
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олегщ.
Сурэтым:
Къуажэм и теплъэр.