КъалэныщIэм теухуа зэIущIэ

«ГъащIэм хуэгъэпса инф­раструктурэ» лъэпкъ проектыщIэу 2030 гъэ пщIондэ зэ­фIэгъэкIын хуеймрэ щIыналъэхэр а лэжьыгъэм зэры­хуэ­хьэзырымрэ теухуат УФ-м и Правительствэм и Унафэ­щIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат видеоконференц IэмалкIэ иригъэкIуэкIа, Правительствэм ЩIы­налъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

«ГъащIэм папщIэ инфраст­руктурэ» лъэпкъ проектыщIэр УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ ягъэхьэ­зыр. ЗэIущIэм щытепсэ­лъы­хьащ ар зыхуэунэтIа хъуну лъэныкъуэхэм. Проектым хеу­быдэ къэралым щыщ жылэ­хэу 2000-м нэс зыхуей хуэгъэзэн, псэупIэ, гъуэгу ухуэныгъэхэр егъэкIуэкIын, цIыхубэ гъащIэр егъэфIэкIуэн, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр къэгъэщIэ­рэщIэжын, иджырей транспорткIэ къызэгъэпэщын, лэ­жьы­гъэм къару нэхъыбэ ехьэ­лIэн къалэнхэр. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым къэ­ралым иубзыхуа унэ­тIы­ныгъэ­хэм япкъ иткIэ къуажэ 11 зэIу­зэпэщ щащIынущ, ды­зэ­рыт илъэсым абыхэм хагъэхьащ Анзорей, Бахъсэнёнкэ, Сол­датскэ къуажэхэр. Лэ­жьыгъэ псори зэуIуу ирахьэлIэ а жы­лэ­хэм: гъуэгухэр, унэхэр, цIыхубэр зыхуэныкъуэ IуэхущIапIэхэр ­яу­хуэ, ущыпсэуж мы­хъуну унэ­хэм щIэсхэр къы­щIагъэ­Iэп­хъукI, пщIантIэхэр зэлъыIуах. 
КъинэмыщIауэ, ди респуб­ликэм кIуэцIрокI Урысейм и ­гъуэгу нэхъыщхьэхэм хабзэ­щIэм­кIэ хиубыда объект зыбжанэ, щIыналъэхэр зэпищIэрэ абыхэм я фIыгъэкIэ экономикэм епха лэжьыгъэхэр нэхъ тыншу зэфIахыу. Абыхэм яхеу­быдэ километр 314-рэ зи кIы­хьагъ гъуэгуи 9: Малкэ - Ингушли, Кисловодск - Нартсанэ псыхъуэ - Джилы-Су - Эльбрус, Новопавловск - Прохладнэ - Мэздэгу, Кавказ-Арщыдан - Александровскэ машинэ гъуэгур, Тэрч къалэ - Тэрч - Дейскэ - Республикэ зыгъэпсэхупIэр, Дейскэ - Курп Ищхъэрэ - Осетие Ищхъэрэ - Алание гъунап­къэ, Прохладный - Елъхъуэт, Налшык - Май къалэр зэпы­зыщIэхэр. 
Илъэситхум и кIуэцIкIэ лъэпкъ проектым и ­фIыгъэкIэ мыхьэнэ нэхъ зиIэ гъуэгухэмрэ машинэ нэхъыбэ щызэтрихьэхэмрэ зыхуей хуа­гъэзащ. 
Республикэм и экономикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а лэжьыгъэхэр дяпэкIи екIуэкIынущ. 

Поделиться: