Лъэпкъ Iуэхур дэгъэкIыныр ягъэнэхъапэу![]() ФокIадэм и 19-м Налшык къалэм щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XV Зэхуэсышхуэр. Адыгэхэм я зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм илъэсищым зэ иригъэкIуэкI зэхуэсышхуэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Урысей Федерацэм и Президентым Къэрал кIуэцI политикэмкIэ и управленэм Лъэпкъ политикэмкIэ и департаментым и унафэщI Вагинэ Татьянэ, КъШР-м и Парламентым и депутат Щынахъуэ Кърым, АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хэхэсхэм ядэлэжьэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэр, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь, ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ МэшбащIэ Исхьэкъ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым и унафэщI, ДАХ-м и тхьэмадэу щыта Дзэмыхь Къасболэт, Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Краснодар, Ставрополь, Осетие Ищхъэрэ - Алание хэгъуэгухэм, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа лIыкIуэхэмрэ хьэщIэхэмрэ, депутатхэр, министрхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Муратрэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ Конгрессым хэтхэм зэрызыхуагъазэм къеджащ АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хэхэсхэм ядэлэжьэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэррэ КъШР-м и Парламентым и депутат Щынахъуэ Кърымрэ. 2021 - 2024 гъэхэм къриубыдэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм убгъуауэ тепсэлъыхьыжащ Сэхъурокъуэ Хьэутий, видеорэ сурэтхэмкIэ и псалъэр щIигъэбыдэжу. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
18.06.2025 - 14:18 →
Я зэфIэкIхэмкIэ къыдахьэх
17.06.2025 - 14:30 →
ЩIым игу
15.06.2025 - 14:00 →
Гулъытэ гуапэ
13.06.2025 - 10:49 →
Укъыщалъагъум зыфI, укъыщалъытэм фIитI
12.06.2025 - 12:21 →
Бгылъэ гъунапкъэхэр яхъумэ
|