ГъащIэ кIэщI купщIафIэ

Нобэрей Венгрием я Пушкину къалъытэ Петёфи Шандор (1823-1849) къызыхэкIа лъэпкъкIэ словакщ. Дэ нэхъыфIу тцIыху урыс усыгъэм щыщу ар нэхъ зи лъэхъэнэгъур Лермонтов Михаилщ. УсакIуэр дунейм зэрехыжрэ илъэси 175-рэ зэрырикъуар щхьэусыгъуэфIу къыдолъытэ венгр усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Петёфи нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуну. 
     Адыгэбзэм венгрхэм яхухэхауэ «мэжархэр» лъэпкъыцIэр зэрыхэтым гурыщхъуэ уегъэщI лъэпкъитIым ди зэпыщIэныгъэр нобэ къызэрытфIэщIым хуэдэу, тIасхъэ дыдэу щымытауэ. Апхуэдэ куэдым я джэрпэджэж къыхоIукI Кавказ зауэм и лъэхъэнэм утыкум ита тIасхъэщIэххэм я гукъэкIыжхэм. Ауэ нобэ зи гугъу тщIынур мэжар литературэмрэ ар зей Венгрие къэралыгъуэмрэ а щытыкIэм нэсын папщIэ, лъэкI къэзымыгъэна, илъэс 26-рэ фIэкIа мыпсэуа усакIуэ щIалэрщ. 
    Мэжар-венгрхэр XVIII лIэщIыгъуэм и пэм уэсмэн тырку къэралыгъуэм къыгуэхужауэ щытащ, ауэ къэралыгъуэ щхьэхуэ яухуэн Iэмалыр занщIэу къахукъуэкIакъым. ЩIыналъэр Австрием и жыIэ щIэуват. Абыи, Урысейм хуэдэу, мэкъумэшыщIэхэр щагъэпщылIырт. КъинэмыщIауэ, нэмыцэбзэр зи анэдэлъхубзэ зэрыпхъуакIуэм езым и щэнхабзэр къахипщэрт тепщэ зызыхуищIахэм. ЩIэныгъэкIэ улъэщIэмыхьэжыну зыкъызыщыхъуж Европэм дежкIэ венгрхэр лъэпкъ къарууншэт, итIани, зэрамыцIыхум къыхэкIыу, яфIэгъэщIэгъуэнт. 
    «Пётефи дунейм къыщытехьам мэжархэр къызыхэкIар иджыри езыхэм фIыуэ ящIэртэкъым, - етх публицист Кузнецов Аркадий. - ЩIэныгъэлIхэм ахэр шумерхэм къатепщIыкIа хуэдэу жаIэрт, адрейхэм ахэр баскхэм ирагъэщхьырт, нэгъуэщIхэм – японхэм. Ар къызыхэкIыр мэжарыбзэр «агглютинативнэ» бзэуэ зэрыщытырт: псалъэщIэ къыщыхъукIэ мыхьэнэщIэр суффиксым къыпоувэ. Мэжар мэкъумэшыщIэхэм Аттилэ лIыхъужьыр я адэжьу къалъытэрт. Абы къыхэкIыу, Европэр зыщыщтэ гуннхэр мэжар лъэпкъымрэ усакIуэхэмрэ я нэгум щIэращIэу щIэтт». 
     Наполеон Бонапарт Европэм щыIэуэлъэуэху, зи хадэхэмрэ хъупIэхэмрэ хуиту ита мэжархэр нэхъыфIу псэууэ хъуащ, езыхэми я гур нэхъ къихьащ. ЦIыхубэр къэзыгъэушар хэку бэнэныгъэмрэ ар щхьэусыгъуэ зыхуэхъуа зэщIэхъееныгъэхэмрэщ. АпщIондэху лъэпкъыр латиныбзэкIэ тхэуэ щытамэ, иджы абы и щIэныгъэм анэдэлъхубзэм и къарур щызыхищIэну пIалъэр къэсат. 
    «Мэжарыбзэр зэфIэзыгъэувар усакIуэхэрщ, - етх ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа Кузнецовым. – Сыту жыпIэмэ, анэдэлъхубзэмкIэ псалъэр абыхэмрэ бэмрэ я закъуэт. Мэжархэм я политикхэри, щIэныгъэлIхэри апхуэдизкIэ куууэ латин щэнхабзэм хэпщIати, анэдэлъхубзэ щхьэхуэ зыгъуэтыжа я гъунэгъухэм зэрепсэлъэн бзэ яIурылътэкъым. Уеблэмэ утыку илъэдэну хьэзыр мэжар-венгр щIалэгъуалэр зэрыпсалъэр латиныбзэт. XIX лIэщIыгъуэм и пэм зэуэ усакIуэ гуп къэунэхуащ. Петёфи абыхэм язт». 
    Петёфи и цIэ дыдэр Александрщ. 1830 гъэм ирихьэлIэу, абы и адэр нэхъ бей хъуащ. Абы и фIыгъэкIэ щIалэ цIыкIур еджапIэфI щIигъэтIысхьэну Iэмал игъуэтри, латин школым къыщIэкIым, нэмыцэ школым щIэтIысхьэу, щIэныгъэ хъарзынэ игъуэтащ Петёфи. Илъэс 15 щыхъуам, ар хуиту бзитхум ирипсалъэрт. Ауэрэ унагъуэм и мылъкур щыфIэкIуэдым, Александр зыщIэс Штьявниц дэт лицейм къыщIэмыкIыжу хъуакъым. Абдежым щыщIидзащ Петёфи дунейр къызэхикIухьыныр. Илъэс I6 щрикъуам, театрхэм щымызэгъа щIалэр дзэм хыхьэн хуей хъури, зи жыпым щай имылъ сэлэт усакIуэу къыщIидзыжащ. Дзэм къыщыхэкIыжар и узыншагъэм зэран игъуэта нэужьщ. 
     Актер хъуми, сабийхэр иригъаджэми, зэдзэкIакIуэ, къитхыкIакIуэ хъуми, Петёфи Iуфэм есылIэртэкъым, адэ-анэм я дежи игъэзэжыртэкъым. 
1842 гъэм «Атенеум» журналым щIалэм и япэ усэр къытрадзэ, «Александр Петрович» цIэр щIэту. А илъэс дыдэм усакIуэм и тхыгъэм япэу «Петёфи Шандор» цIэр кIэщIитхэри, абы къытенащ. Иджы щIалэр журналист IэщIагъэм хэпщIауэ, литературэмкIэ гуп цIыкIу къызэригъэпэщырт. А зэманым япэ мэжар усакIуэу къалъытэр Вёрёшмарти Михайти, абы щIалэр литературэ гъуэгум трегъэгушхуэ. Езы Шандори усакIуэу зыкъилъытэжу хъуакIэт. 1844 гъэм абы и япэ усэ тхылъыр трыригъэдзауэ щытащ. 
    1843 гъэм мэжарыбзэр Австрие империем къэралыбзэу къыщалъытэу хабзэ къыдэкIащ. Арати, зи гугъу тщIа «Атенеум» журналыр иджы мэжар-венгрыбзэкIэ къыдагъэкIыну хуитт. Нэхъыбэ дыдэрэ абы къытехуэр Петёфи и тхыгъэхэрт. УсакIуэм и пщIэми хэхъуат, ауэ усэхэр нэхъ зэпIэзэрыту щытыпхъэу къэзылъытэхэм бэуапIэ къратыртэкъым. 1846 гъэм Шандор-Александр «ЦIыхуипщI зыхэт гуп» зыфIэзыщыжахэм яз мэхъу, хуэмурэ усакIуэ Iэзэу бэм яхоIуэ. 
    Зи щIалэгъуэр лъагъуныгъэншэ хъуркъым. Нэхъыбэрэ я деж кIуэжын щIэзыдза, итIанэми гъуэгурыкIуэным къыпымыкI Петёфи и псэр зытхьэкъуар Гейне Генрих и усэхэмрэ Санд Жорж и романхэмрэ щIапIыкIа Сендреи Юлиет. ЗэгуэкIуахэм илъэс пIалъэ къыхуагъэувар имыкI щIыкIэ, хъыджэбзым нэхъ зыгъэпсэуфын псэлъыхъу къыхуагъуэтащ. А лъэхъэнэрщ Петёфи и усэ нэхъыфIхэр зэрыхуа тхылъыр къыщыдэкIар. Венгрием щыщ псоми ящIэ «УлIмэ, лIыуэ щыт» усэр: 
Уэ улIмэ, лIыуэ щыт! 
Хэт еджэфынур лIыкIэ 
Зи хуитыныгъэр ахъшэкIэ зигу пыкIым?
     Иджыри унагъуэ имыхьа Юлие усакIуэр и гум щримыхыжыфым, Петёфи хъыджэбзым и адэм деж лъэIуакIуэ макIуэри, зэгуэкIуахэм я зэхуаку зыри къыдэмыхьэжу, унагъуэ зэдаухуэ.  
    «СызэрыныбжьыщIэрэ уэрат сэ къэслъыхъуэр, - хуитхырт Петёфи нысащIэм. - ЦIыхубз слъагъуху, ар уэра си гугъэт. ЛъэгуажьэмыщхьэкIэ и пащхьэм сиува нэужь, къызгурыIуэрт ар зэрынэгъуэщIыр, уи пIэкIэ нэпцI гуэрым сызэрыхуэпщылIыр. ИтIанэ зыкъэсIэтыжырти, аргуэру уи лыхъуакIуэ сежьэжырт. ИкIэм-икIэжым укъэзгъуэтащ. Ухыгъэм апхуэдизрэ щхъухькIэ игъэса си псэр зыгъэхъужа ткIуэпс IэфIыр уэращ. Тхьэм и фIыщIэщ абы и хущхъуэр кIасэIуэу къызэрысIэрымыхьар». 
   Венгр революцэм и дзэм хэпщIа хъуа Петёфи и гъащIэр и лъэпкъым и хуитыныгъэм щIитащ. Лъагъуныгъэм, лIыгъэм, хэкум хуэпэжыным хуэгъэпса мэжар усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр адыгэ усыгъэм къыщыхыхьэнур дяпэкIэщ. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

08.10.2024 - 12:33 Яхэти-яхэмыти
07.10.2024 - 14:30 Пэжыгъэ
03.10.2024 - 16:00 Сэ езыр
02.10.2024 - 16:01 ПАЩТЫХЬ ФIЫЦIЭ