Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу иужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий итхыжам щыщщ щыгъуазэ фызыщыхуэтщIыр.
 
Дэтхэнэ цIыхури и гъащIэм щрохьэлIэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщIа махуэ гуимыхужхэми Iэмал зэриIэкIэ игу къигъэкIыжыну хуэмей пычыгъуэхэми.
СыщыцIыкIум къыщегъэжьауэ си нэр къызыхуикI, си псэр зыхэпщIэ адыгэ IуэрыIуатэр фIыщэу зылъагъухэм ящыщт уэрэдгъуо гъуэзэджэу ХьэтIохъущыкъуей (Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Зеикъуэм) къуажэм дэса, ди хэгъэгум адкIэжкIи зи цIэр Iуауэ щыта, ар яхэмысмэ гупыр гуп мыхъуауэ ялъытэу къэгъуэгурыкIуа Чыржын Хъусин. И ныбжьыр илъэс 82-м щIигъуауэ, абы япэ дыдэу сыщыIущIа махуэр зэи сщымыгъупщэжын гукъинэ дахэу къысхуэнащ. Езыр гъейшейуэ хэлъти, зэран къытхуэмыхъуIауэ махуэ псом дызэбгъэдэсат. 
Хъусин ищIэрт сэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным куэд щIауэ иужь сызэритри, и псэм ищIагъэнт дэ тIум нэгъуэщI зэIущIэ димыIэжынкIэ зэрыхъунур. Жэщ хъуху сыкъиутIыпщыжатэкъым икIи и жагъуэ хъууэ къызжиIэгъат:
- ПхуэсIуэтэну сызыхуейм и щхьэр тезмыхауэ хьэдрыхэ здэсхьынущ. Уэ бжесIэр бгъэкIуэдынукъым. Мыдрейхэм, ди щIалэхэри яхэту, яжепIэр куэбжэм нахьэсыфкъым. Ауэ щыхъукIи, мы ди псыхъуэ езыгъэзыххэм сэр хуэдэу зыщIэж дэскъым Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм и хъыбарри, ар умыгъэкIуэдыну уэсят пхузощI!
Дедзакъэу Iэнэр Iуахыжа нэужь, нэхъ тыншу къэтIысри, Хъусин хъыбар гуузыр къригъэжьащ:
- Мыхьэмэт къыздалъхуар, си щIалэ, Лабэрэ Псыжьрэ я зэхэхуэжыпIэм Iуса адыгэ къуажэжь дыдэу урысыдзэм ягъэсахэм ящыщт, нэхъ тэмэму жытIэмэ, щапIар аращ. (Мыхьэмэт лIыпIэ иувагъэххэу Урысейм Франджым дригъэкIуэкIа зауэм щыхэтакIэ, хуэбгъэфащэ хъунущ ар 1780-1785 гъэхэм дунейм къытехьауэ). Къыщалъхуа дыдэр къуажэкъым икIи къалэкъым, пщыIэкъым е къутыркъым – къуэщ. Зэрыхъуари мыращ.
КIахэмкIэ щыпсэу адыгэхэм нэхъ пыщIэныгъэ хуаIащ Кърымым. Урыс-Адыгэ зауэжьыр зэрыщIидзэрэ зэпыщIэныгъэшхуэ зэдамыIэжами, Кърым пащэхэр зэзэмызэ къызыпхыут адыгэпщхэм я деж щыхьэщIэну.
Апхуэдэу Кърым хъаным и къуэ щыхьэщIэрт Андылыпщым и къуажэм, а лъэпкъым зэрахабзэу, гъусэ зэрызелъафэ бэгъуаи щIыгъуу. Андылыпщым и унэIут бзылъхугъэхэм яхэтт, и сурэтым уIуплъамэ, щхьэхуимыт уищIу зы ныбжьыщIэ. Псом нэхъапэ абы щхьэхуимыт ищIахэм ящыщт езы Андылыпщыр. Бзылъхугъэр абы уэндэгъу хуэхъуауэ лъэщыджэ пасэт, ауэ, и ныбэр щIикъузэурэ, зыми гу зылъригъатэртэкъым, и лэжьыгъи абы щхьэкIэ къигъанэртэкъым. Бзылъхугъэ дахащэм и цIэр КIурашэт, нэгъэсауэ пщафIэ Iэзэт, пщым и унэм щигъэзащIэри а Iуэхурат.
Хъаным и къуэр адыгэпщым къыхуеблагъэу, мо бзылъхугъэм ищIа ерыскъы щIэщыгъуэхэр игу щрихьыпэм, пщым къолъэIу:
- Сэ Бахъшысэрей, пщафIэу жаIэурэ, пщIы бжыгъэ щыскъуошхыкIри, мы уи ерыскъыр зыгъэхьэзырам и Iэпхъуамби и уасэкъым. КхъыIэ, хъуххэнумэ, а бзылъхугъэр сыгъэлъагъу! – жеIэри.
Адыгэхэм хьэщIэм «хьэуэ» падзыж я хьэлтэкъым, хабзэр зыкъутэу щымытмэ. КIурашэ еджэри, хъаныкъуэм и пащхьэ кърагъэуващ. ХьэщIэр абы зэрыIуплъэу зэуэ игу хидзэри, къыгурыIуащ мы бзылъхугъэр и унэ щIэмысу зэрымыпсэуфынур. ПщафIэм и ерыскъым щхьэкIэ фIыщIэ хуищIри, иутIыпщыжа нэужь хуэмурэ кърегъажьэри бысымым гурегъаIуэ и пщафIэм нэ зэрыхурищар, Бахъшысэрей и мыщIалъэм мыпхуэдэ адыгэ мыщIэ уасэншэр къыщымылыдмэ, а къалэм и гур зэрыдэмыхьэжынур.  
Андылыпщым ар и жагъуащи хъуакъым, апхуэдэ пщафIэ адрей и унэIутхэм зэрахэмытыр къыгурыIуэ пэтми. Япэрауэ – езы тIум зэдащIэ щэхур пщым щхьэщыха хъурт, ар куэд мыщIэу нахуэ къызэрыхъунури хэтыжу, етIуанэрауэ – КIурашэ къилъхункIэ хъуну щIалэ тумэм и къэзэуатми хэкIырт, ещанэрауэ – и хьэщIэми игу фIы хуищIырт, и лъэIу къызэрымыкIуэр хуигъэзэщIэрти. Уасэшхуи къыхимыгъэщу, и хьэщIэм жреIэ хъаным и къуэм и пщафIэхэм адыгэ ерыскъыфIхэр ягъэхьэзырыфу иригъэсэху, езыми бзылъхугъэри и щIэщыгъуэху щигъэIэну зэрыритыр.
ХьэщIэм ар зэрызэхихыу, зэрыхьэщIар ирикъуну жиIэри, гузавэу ежьэжащ, пщым жиIам хущIегъуэжынкIэ шынэу…
Хъаным и къуэм и бейгуэлхэм ящыщ зым и шыплIэм дэсу ихьырт КIурашэ дахэкIейр. ЗыкъомыфI кIуахэу, шыплIэм иудыныщIа бзылъхугъэ уэндэгъур лъэIуащ къэувыIэу тIэкIу зрагъэгъэпсэхуну. КIурашэ дэщIыгъуа бзылъхугъитIри и гъусэу лъэныкъуэкIэ IукIри, зи къару илъыгъуэ узыншэм, гугъущи демыхьу, сабий дыгъэщыгъэ къилъхуащ.
И гъусэ бзылъхугъэхэри зэмыжьагъэххэт къэхъуа Iуэхури, я зэрыгъэкIий макъым къишащ бейгуэлхэм ящыщ зыр. Абыи имыгъэщIагъуэкIэ къэнакъым. Хъыбарыр хъаным и къуэм деж зэуэ негъэс. Бзылъхугъэ дахэр щIасэ зыхуэхъуауэ зылъытэу, нэсыжыным хуэпабгъэ хъаным и къуэм ар щызэхихым апхуэдизкIэ и жагъуэ хъури губжьати, унафэ ещI къэзылъхуари къилъхуари а щIыпIэм деж щаукIыу къагъэнэну, икIи, щыщIамылъхьэу, мы щIыпIэ нэпэтехым псынщIэу IукIыжынхэу.
Унафэр ткIийт икIи гущIэгъуншэт, ауэ хьэщIапIэ здисам апхуэдизу къахуэсакъыу, ерыскъы IэфIкIэ къахуэупсэу зыгъэшха бзылъхугъэ гуапэр, абы къилъхуа сабий дахэкIейр яукIыну я Iэ къахуэIэтакъым. 
Бейгуэлхэм я нэхъыжьым унафэ ищIащ сабийр къыздалъхуам деж къагъэнэну, анэр здащтэу езым и пщIантIэм ирашэлIэну. КIурашэ зыхэхуар ажал пэлъытэт – анэм дежкIэ и сабийр щIачынри, езыр яукIынри зыт. 
Ауэ бейгуэл нэхъыжьым: 
- Зиусхьэным и унафэр дгъэзэщIэным домыхулIэ, пситI щыдыбгъанэу ттелъ гуэныхьыбэм ари къыхыумыгъахъуэ. Уэ иджыри узэфэну псыр къэжакъым, сабии бгъуэтыжынщ, мы къэплъхуари мыбдеж къанэмэ, цIыху зекIуапIэщи и насып зыхэлъ хуэзэнщ! – щыжиIэм, игу игъэбыдэри, КIурашэ абы жиIэм едэIуащ.
Бзылъхугъэхэм я джанэкIэхэр къыпатхъщ, сабийр абы хъыдан жэрумэу кIуэцIашыхьри, зыдэт къуэм пэмыжыжьэу кхъэнсэгу нэхъ лъагэ дыдэм трилъхьащ, сабийм зигъэнщIу жеиху и бгъитIым шэуэ щIэтым иригъафэри, жьы хуиту ишэу, и нэхэр къуалэм кърамыуIукIыфыну и щхьэ цIыкIури хъумауэ, хэт блэкIми зэрилъагъуным хуэдэу. 
- Тхьэшхуэм узыхуишэнум езыр хуитщ, си сабий нэху, си быдзышэ ефэгъуэ закъуэр нартыжь къару пхухъу, мы дунеижь бзаджэм дыщызэхуэмызэжми, Тхьэм ахърэтым напэ хужькIэ дыщызэхуигъэзэж! Укъызэрызгъанэм си зэран зэрыхэмылъымкIэ Хьэтх къуэкIуэцIыжьыр щыхьэтщ, Тхьэми и нэрылъагъущ! – жиIэмэ, гузавэурэ, анэр и быным щхьэщачащ…
ИужькIэ КIурашэ щыхьэт зэрытехъуэжамкIэ, шу гупыр Хьэтхыкъуэ и къэгъэшыпIэм къухьатэкъым, гъэпскIыгъуэ ирамыгъэхуа сабий хейр гъэмахуэ уэшх хуабэкIэ Тхьэм щигъэпскIам. И анэ тхьэмыщкIэри абы ину иригуфIат икIи апхуэдэ уэшх зи насып къихьам адэкIи и къэкIуэнур Iей мыхъункIэ гугъэу игу игъэтIылъыжат…
Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться:

Читать также:

08.10.2024 - 12:33 Яхэти-яхэмыти
07.10.2024 - 14:30 Пэжыгъэ
03.10.2024 - 16:00 Сэ езыр
02.10.2024 - 16:01 ПАЩТЫХЬ ФIЫЦIЭ