Сэтэней гуащэм пищIыу

ФокIадэ мазэм халъхуахэм ящыщщ къэфакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Мысачэ Валентинэ. Зэрыхабзэщи, цIыху гъащIэм лъабжьэ хуохъу щысабийм и нэгу щIэкIамрэ зэхихамрэ. Ахэр дахэу, фIыуэ щытамэ, уи насып къикIащ… 
КъэфакIуэ Iэзэ, бзылъхугъэ щэныфIэ Мысачэ Валентинэ сабиигъуэ къулей дыдэ иIакъым, ауэ сыт хуэдэ мылъкуми ефIэкIын лъапIэныгъэхэр илъэгъуащ. «Мыщэ и къуэ Батыр», «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ», «Дахэнагъуэ» спектаклхэр а зэманым ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Адыгэ драмэ театрым ущеплъыныр сыт и уасэт?! Зы спектаклым тIэу щытрагъазэ къэхъурт. ЯпэщIыкIэ урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ еплъырт, итIанэ адыгэбзэкIэ. Абы щхьэусыгъуэ иIэт: Валентинэ и анэр адыгэт, и адэр осетинт. ИтIанэ, унагъуэр зыкъомрэ Прокопьевск къалэм (Кемеровскэ областым) щыпсэуати, быным адыгэбзэр ящIэртэкъым. I957 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къэIэпхъуэжа нэужь, Валентинэ и анэр сабийхэм я адыгэбзэм елэжьу хуежьащ. Арат адыгэ театрыр кIуапIэ щIахуэхъуар. 
Валентинэ Пионерхэм я унэм лъэпкъ къэфэкIэхэм зыщыхуигъасэрт. Театрымрэ къэфэнымрэ - мы тIур зыпищI щыIэтэкъым Валентинэ. Актрисэ IэщIагъэм хуеджэну игу къэкIат, ауэ Ныр Азидэ (а зэманым республикэм гъэсакIуэ бэлыхьу иIащ) и гъэсэн Мысачэ Валентинэ «Кабардинка»-м хыхьа хъуати, абы и унафэщI Гальперин Григорий ар къиутIыпщыжакъым, езы хъыджэбзми нэхъыжьым и чэнджэщыр фIэкъабыл хъури, илъэс 20-кIэ ансамблым къыдэгъуэгурыкIуащ. 
Мысачэм и гукъэкIыжхэм щыщ: «Прокопьевск дыщыщыпсэуам, гъунэгъу адыгэхэр - ХьэтIохъущокъуэхэ, Джатэжьхэ щыщхэр - диIат, адыгэ джэгухэри ящIу тлъэгъуат. Пшынауэр унэ дэкIуеипIэм къытетIысхьэнти и макъамэр иришэжьэнт, нэхъыжьхэри IэкIуэлъакIуэу къэфэнт. Иджы зэращIым хуэдэу, цIыкIухэр дыкъагъафэу щытакъым абы щыгъуэм, къэфэнкIэ щапхъэ зытепх хъунрат сыт щыгъуи утыкур зейр. ЗэрысщIэжымкIэ, адыгэбзэри тэмэму къэдгъэсэбэпатэкъым. Къэбэрдейм дыкъэкIуэжа нэужь, дызыхуимыта-дызыхунэмысахэр зэдгъэгъуэтыжыным щIэх дыдэу иужь дихьат. СыхущIегъуэжкъым къэскIуа гъуэгуанэм зыкIи. Си гъащIэм и Iыхьэ нэхъыфI дыдэу солъытэ «Кабардинка» ансамблым сызэрыхэтар. Гупым сыщыхыхьагъащIэм зи дахагъэкIэ, зи къэфэкIэкIэ сызытхьэкъуар Шэру Сонят, занщIэу ар щапхъэ схуэхъуат. Фащэ хужьыр къыщыпсу езыр зэкIужрэ Iэдэбу… бзылъхугъэм и утыку итыкIэр сфIэтелъыджат. Сэтэней гуащэм ар зэрыпэсщIым нэхърэ Лашын дахэрауэ къыщIэкIынт ар нэхъ зэзгъэщхьыр. Нарт эпосыр щыздж зэманрат ари, а образыр гъэщIэгъуэн дыдэ сщыхъуат… ТхузэфIэкIар и фIыщIэщ Ульбашев Мутай. ГъэсакIуэ Iэзэт ар. Езыр ткIийми, къафэ хьэлэмэт куэд абы и фIыгъэкIэ утыку къитхьауэ щытащ. СызыщыгуфIыкIыжхэм щыщщ Атэлыкъ Дэлий, Нартокъуэ Мухьэмэтджэрий сымэ хуэдэ нэхъыжьыфIхэр къэсцIыхуну си насып къызэрихьар». 
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: