Сабийхэм папщІэ

Зы махуэ гуэрым си къуэш нэхъыщІэм хьэ шыр цІыкІу гъунэгъум я деж кърихащ, фІэмыщІым къыхэпщыжа къудей фІэкІа умыщІэну фІыцІабзэу. Абы цІэ фІэтщынумкІэ куэдрэ дызэныкъуэкъуакъым икІи унагъуэм щІэсыр псори дыдэарэзыуэ ХьэфІыцІэкІэ деджэу щІэддзащ.

Ар апхуэдизкІэ фІыуэ тлъагъурти, зэи етпхыртэкъым икІи пщІантІэм дэту къытІэщІэмылъэгъуамэ, къэдгъуэтыжыхукІэ дытепыІэртэкъым. Езы цІыкІури къыдэсауэ дэнэкІэ дыкІуэми ныткІэлъыкІуэрт: лэжьакІуэ дэкІынур автобус дэкІыпІэм нэс дишырт, абдеж дыдэм  пщыхьэщхьэм къыщытІущІэжырт, ди адэм Iэщыр дыдихурт, сабийхэм ядэджэгурт. Псори дыщыдэкIами, езыр пщІантІэм дэст, жэщми махуэми темыхьэулеикIыу унэмрэ лъапсэмрэ ихъумэу.
Аурэ, ХьэфІыцІэ нэхъ балигъ хъуащ икIи и къалэн къомым зэран къытхуэхъухэр зэхэзехуэ ищІыныр къыхигъэхьащ: щІыІубым хуэдэу дзыгъуэгъуэхэр и лъэбжьанэхэмкІэ адэ нэс иритIыхыу икIи абы исхэр кърилъэфурэ илІу къиублащ. Абы щыгъуэми дзыгъуэр е жумэрэныр абы ишхтэкъым — итхьэла нэужькІэ хадэм ихьырти, абы щыщІитІэрт. Гъунэгъу джэдкъазхэри ди пщІантІэм дигъэтынкІэ Іэмал имыІэу ебэнурэ, ауэ емыдзакъэу, игъащтэурэ дихужырт, я Iуфэлъафэр къижыхьыурэ. Тхуэмыухыжу дгъэщІагъуэрт дыдейхэмрэ абыхэмрэ зэрызэхигъэкІыфыр, сыт щхьакІэ жыпІэмэ ди анэм фІэкІа ар зыми хузэфІэкІыртакъым.
Псом нэхърэ нэхъыщхьэжыр зы жэщ гуэрым къэхъуащ икІи ди ХьэфІыцІэ и губзыгъагъым абы иужькІэ зэи шэч къытетхьэжакъым.
Къурмэнти, махуэм фІэдгъэжа мэлым и куэхэр, блатхьэхэр, дзажэхэр едгъэупІэщ, едгъэшыужри, дгъэгъуну гуэщым щыфІэддзащ. Дыгъуэлъыжын ипэкІэ ХьэфІыцІэ и банэ макъымрэ джэду зыбжанэм я пщІэумрэ зэхэтхащ, ауэ псынщIэу увыIэжати, зыхуэтхьа щыIэкъым. Жэщми ХьэфІыцІэ зэрихабзэм хуэдэу къижыхьу пщIантIэм дэту къытIэщIэлъэгъуакъым икІи, дапхуэдизрэ деджами, къыкъуэкІыжакъым.
Нэхущым жэмыш къэтэджа ди анэм дыкъегъэуш: «Зы телъыджэ фэзгъэлъагъунущ», — жеІэри. Къэхъуар дымыщІэу, абы гуэщымкІэ дешэ икІи нэхэм ялъэгъуам ди пІэм дригъэжыхьащ — ХьэфІыцІэ дзажэшхуэм бгъурысу щыст, зы дзакъапІи зэрыхимышхыкІар нэрылъагъуу. Дыкъызэрилъагъуу, ар банэу икIи и кIапэр игъэджэрэзу къытпежэжьащ. КъызэрыщІэкІамкІэ, яшхыну еныкъуэкъуурэ пщыхьэщхьэм джэдухэм къыфІагъэхуа лыр нэху щыхукІэ абыхэм ящихъумауэ арат.
Абы иужькІи хьэлэмэт куэд дыдэ дэтлъэгъуащ а хьэ губзыгъэм.
Апхуэдэурэ ХьэфІыцІэ жьы хъуащ, ауэ япэми хуэдэу ар дэ фІыуэ тлъагъут. Езыми и гур дэркІэ гъэнщІауэ къыщІэкІынут, дыкъэзэрилъагъуу, къехьэлъэкIми, къэтэджырти зыкъытщихъуэрт и нэ губзыгъитІымкІэ къытхудэплъеирт. 
Дэри, унагъуэм щІэсхэр, дытепсэлъыхьрей хъуат хьэр лІэмэ егъэлеяуэ ди жагъуэ ээрыхъунум. ХьэфІыцІи ар зэхищІыкІ хуэдэу нэщхъейуэ икIи хьэлъэу къыдэплъырт...
Зэман дэкІри хьэр бзэхащ. Дэнэ къыщытлъыхъуами и лъэужь къудей дытехакъым – хуеякъым зэрылIар дигъэлъагъуу ди гур хигъэщІыну. Абы и пІэкІэ «зэгуэр къигъэзэжыну пІэрэ», жытІэу игъащІэ псокІэ гугъэ къытхуигъэнащ.  

Жыласэ Заур.
Поделиться:

Читать также:

08.10.2024 - 12:33 Яхэти-яхэмыти
07.10.2024 - 14:30 Пэжыгъэ
03.10.2024 - 16:00 Сэ езыр
02.10.2024 - 16:01 ПАЩТЫХЬ ФIЫЦIЭ