Лъэпкъым хуищIэ лэжьыгъэм уасэ иIэкъым

«Гъуэгу псоми Рим ухуашэ» псэлъафэ щыIэщ. Джэрыджэ Арсен и дежкIэ апхуэдэ «Риму» жыпIэ хъунущ «Адыгэ псалъэ» газетыр, абы и гъащIэ гъуэгум дэнэкIэ имыгъэзами, и адыгэ газетымкIэ къриIуэнтIэкIыжащи.

1965 - 1970 гъэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыщIэсам, Арсен жыджэру хэтащ литературэм, гъуазджэм щытепсэлъыхьу, езыхэм ятхахэмкIэ щызэдэгуашэу студентхэм къызэрагъэпэщауэ щыта кружокхэм. А зэманырщ Арсен и япэ усэхэр газетхэм къытехуэу, радиокIэ къату щыхуежьари. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къыщиуха гъэм дунейм къытехьащ и япэ усэ тхылъ цIыкIури, «Жэщ уэрамхэр» зыфIищар. Университет нэужьым мазэ зыбжанэкIэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм щылэжьауэ, Джэрыджэр дзэм ираджащ икIи а къулыкъур къиухыу къызэрыкIуэжри журналисту, редактору мэлажьэ. Шэджэм район газетым, «Ленин гъуэгум» я корреспондент, радиом и редактор нэхъыжь, телевиденэм и редактор нэхъыщхьэ, «Кабардино-Балкарская неделя» газетым и редактор нэхъыщхьэ къулыкъухэм пэрытащ. 
Радиом едаIуэхэм фIыуэ ялъэгъуа «Жьэгу пащхьэ» радиожурналыр гъэхьэзырын щIэзыдзахэм яхэтащ Джэрыджэр, «Пшыналъэ», «Аркъэн» нэтынхэри къызэригъэпэщу, иригъэкIуэкIыу щытащ, лъэпкъ телевиденэм и лэжьыгъэми щIэ куэд хилъхьащ. Арсен 1998 гъэм «Адыгэ псалъэ» газетым къигъэзэжри, редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу илъэс куэдкIэ щытащ. И лэжьэкIэм укIэлъыплъа, уепсэлъылIа иужь уогупсыс: «Арсен хуэдэхэрат ди школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм егъэджакIуэу щыгъэлэжьэн хуейр. Езым ищIэмкIэ, зыхуэIэзэмкIэ игури и псэри етауэ ар щIэблэм ядэгуэшамэ, лъэпкъ псом дежкIи щхьэпэ хъунт. Зи ужь ихьа Iуэхум и купщIэм зэрынэплъысыр, и кIэм зэрынигъэсыр щIалэгъуалэм яхипщэфатэмэ, ари фIыгъуэ мылъытэу къыщIидзыжынтэкъэ?!» 
Джэрыджэм газетым щрихьэкIа лэжьыгъэр нэхъ гугъухэм, абы къыдэкIуэуи, «фэжагъуэхьхэм» ящыщщ. Зэджэж тхыгъэхэм мыгурыIуэгъуэ, мытэмэмагъ хэтхэр зэригъэзэхуэжурэ, ахэр щIэрыщIэу щытрырагъэдзэж къэхъурт. ЕтIуанэ гъуэгу апхуэдэ щыуагъэхэр яIэщIэмыкIын щхьэкIэ, тхыгъэхэр зи къалэмыпэм къыщIэкIахэр ириджэурэ иущийрт. «Уэ езым щIэрыщIэу птхыжамэ нэхъ тынштэкъэ, Арсен?» – жытIэу деупщIмэ, ари идэртэкъым: «Сэ стхыжкIэ зэфIэкIрэ? ЩIалэгъуалэм я щыуагъэхэр ялъагъужын, зэрагъэзэхуэжын хуейкъэ?» ИкIи пэж дыдэу егупсысырт ар Iуэхум: газетыр къыдагъэкIын хуейуэ къызыхуэнэнухэм уадэмылажьэу хъунукъым. Апхуэдэ къалэнышхуэ зэгуэр зи пщэ къыдэхуэну щIалэгъуалэр Арсен щIигъэIущыр арат.
Лъэпкъым и пщэдейм тегузэвыхьхэрщ сыт щыгъуэ лъэхъэни псэкIэ нэхъ гугъу ехьхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ Джэрыджэри. Илъэс зыбжанэкIэ ар КъБР-м ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщIу, республикэм щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэу щытащ, «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретаруи лэжьащ. А IэнатIэхэми абы къыщигъэлъэгъуащ щIэныгъэ куу зэрыбгъэдэлъыр, Iуэхум фIыуэ зэрыхищIыкIыр.
Арсен и IэдакъэщIэкIхэр газетхэм, журналхэм къызэрытехуэм нэмыщI, тхылъ зыбжани къыдигъэкIащ – «Жэщ уэрамхэр», «Сэ еджэкIэ зызогъащIэ», «Си шыпхъу цIыкIуу Дахэуэс», «Уэрамыщхьэ», «Ажэжьым и жьакIэр», «Жаннэрэ Нанэрэ» усэ тхылъхэр къыдигъэкIащ, адыгэ спортсмен цIэрыIуэхэм ятеухуа тхылъышхуитIи игъэхьэзыращ. Ар иджыпсту «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и адыгэ къудамэм и унафэщIщи, художественнэ тхыгъэхэр, щIэблэр зэрырагъаджэ тхылъхэр зыхуей хуэзауэ, щыуагъэншэу къыдэкIынымкIэ лъэпкъым хуищIэ лэжьыгъэм уасэ иIэкъым.
Щэнхабзэм, гъуазджэм хьэщыкъ ищIахэм, къэрал къулыкъум зи гъащIэр тезыухуахэм ятеIукIащ ахэр цIыху армууэ, нэгъуэщI зыми хуэмысэбэпу. Ауэ журналистикэм, усыгъэм я закъуэкъым Арсен бгъэдэлъ зэчийм къызэщIиубыдэр. ФIым гу лъызытэ, дахагъэр махуэ къэс псэкIэ зыщIыгъу цIыхущ ар. И лэжьыгъэкIэ зыщыгъуэзэн хуей IэнатIэхэм – политикэ, тхыдэ, щэнхабзэ, гъуазджэ, нэгъуэщI куэдми – нэмыщI Джэрыджэр ауэ сытми IэпщIэлъапщIэ! Жыг гъэкIыкIэми, хадэхэкIхэр зэрызехьапхъэми, техникэми, ухуэныгъэми - цIыхур псэун папщIэ зыхуейуэ ар зыхуэмыIэзэ къэгъуэтыгъуейщ. И хьэл-щэнкIи нэхъ зэтеубыда, щабэ уигъэлъыхъуэнщ, жыхуаIэм хуэдэщ Арсен.
ДгъэщIагъуэу нэгъуэщI щэни дыдолъагъу Джэрыджэм. Пасэм адыгэхэм я быным батэр игъэшами, лIыгъэшхуэ зэрихьами абы щытхъуныр емыкIуу къалъытэу, «фIымэ, цIыхухэм ялъа­гъунщ», жаIэу щытащ. Арсени хэлъщ апхуэдэ хьэл. И адэ-анэм ядилъэгъуахэр езыми къыпкърыхьауэ арами, нэгъуэщIми Тхьэм ещIэ. Арсенрэ и щхьэгъусэ Риммэрэ щIалитIрэ зы хъыджэбзрэ яIэщи, абыхэм я ехъулIэныгъэхэм (куэдым зыщIагъэпагэ щIэныгъэ нэхъыщхьэри, зыщIэбгъэщIэгъуэн зэфIэкIи яIэми) тепсэлъыхьу, иригушхуэу плъагъунукъым. Я Iуэху зытетым ущIэупщIэмэ, жэуап щыбгъуэту аркъудейщ. 
Джэрыджэ Арсен УФ-м и Журналистхэми ТхакIуэхэми я союзхэм хэтщ. Илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу республикэм зэрыхуэлажьэр къалъытэурэ, абы щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр къыфIащащ.

САНЭ Маринэ.
Поделиться: