ГъащIэм узэреплъщ

Къафэр зи дамэ, зи гъащIэ хъуахэм ящыщщ Атэбий ФатIимэ. 1985 гъэм щыщIэдзауэ абы ар пыщIа хъуащ.

- А лъэхъэнэм «Кабардинка»-р егъэлеяуэ къэфакIуэщIэхэм хуэныкъуэт. Ансамблым и художественнэ унафэщI Ульбашев Мутай цIыхухэр иутIыпщат артист ныбжьыщIэхэр къалъыхъуэну, гупым кърашэлIэну. Сэ Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэм щылажьэ студием къафэм зыщыхуэзгъасэрт. СощIэж ДыщэкI ФатIимэ, зи фIыгъэкIэ ансамблым сыхыхьа хъуа бзылъхугъэ гуапэр, абы къытхуеблэгъауэ зэрыщытар, - игу къегъэкIыж Атэбий ФатIимэ.

А зэманхэм ансамблыр щIэх-щIэхыурэ хамэ къэралхэм кIуэрт. Атэбий ФатIими Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Испанием, Тыркум, Голландием, Сингапур, Германием, нэгъуэщIхэми щыIащ. Дауи, и гъащIэ псокIэ абы щымыгъупщэну игу къинащ цIыхубзыр япэу хамэ къэрал зэрежьар.

- Псори тфIэхьэлэмэтт: тыкуэнхэм («сникерс», «марс» IэфIыкIэхэр япэ дыдэу щытшхам) щегъэжьауэ цIыху зэхущытыкIэхэм деж щыщIэкIыжу, - къыхегъэщ бзылъхугъэм. - Хамэ къэралхэм щыпсэухэр зыр адрейм зэрыбгъэдэтыр нэгъуэщIущ, уеблэмэ езы цIыхухэри, абы къыщекIуэкI гъащIэри нэгъуэщIщ… итIани, сыт хуэдэу фIыуэ щытами, унэмкIэ сыкъэкIуэжыну зэпымыууэ сыкъеIэрт.

Къафэм езым и бзэ иIэжщ. ФатIимэ къызэрилъытэмкIэ, ар къызыгурыIуэнур зи псэ къулей цIыхурщ. Уеблэмэ уи плъэкIэ къудейм, нэбжьыцым, набдзэм я хъеикIэм куэд къыбжаIэн хуейщ. Лъэпкъ къафэм макъамэ гъэтIылъыгъэхэм я закъуэкъым къыпхуиIуатэр, ар щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я хъугъуэфIыгъуэщ. «Кабардинка»-м Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къыщыщикIухьым, и лъэпкъэгъухэм гъусэ къахуэхъуат а щIыпIэм къыщыхъуа зы адыгэ цIыхухъу. Абы и къуэр ансамблым и зы концертым щыIауэ къыхигъэщат: «Си лъэпкъым папщIэ пагэ сыхъуащ». Абы тежыпIыхьыжыни щыIэу къыщIэкIынкъым.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Атэбий ФатIимэ дежкIэ къафэрщ и гъащIэр, и насыпыр. «Ар жысIэну сыщыукIытэ зэман сиIащ. Зэгуэрым телевиденэм къыщызэупщIат къафэр си дежкIэ зищIысым… сэ щым сыхъуат. Дауи, дэтхэнэ цIыхубзми хуэдэу сэ согъэнэхъыщхьэ унагъуэр, ауэ къафэри си гъащIэм и Iыхьэщ».

ФатIимэ гъащIэ гъусэ къыхуэхъуа Атэбий Игорь щызригъэцIыхуар, зэрыгурыIуэгъуэщи, «Кабардинка» ансамблырщ. «ЩIэх дыдэу дызэрышат, - жеIэ ФатIимэ. - МазищкIэ дызэрыцIыхуауэ ди хьэгъуэлIыгъуэр тщIат. Гупым сэ сащыхыхьам, Игорь къэфакIуэ хъарзынэ къыхэщIыкIауэ зыкъом щIауэ абы хэтт. Ди Iуэхум егупсысыпIи къызимыту, фестивалым дызэрикIыжу дызэрошэ, щыжиIэм арэзы сэри сыхъуат». Илъэс 30-м щIигъуауэ зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэм унагъуэ быдэ яухуащ. «Унагъуэм щынэхъыщхьэр зым адрейм щыхудичыхырщ», - жеIэ ФатIимэ.

 Атэбийхэ зы къуэрэ зыпхъурэ яIэщ. Хъыджэбзым юрист IэщIагъэр къыхихащ, лъэпкъ къэфэкIэхэми хуэIэзэщ. ЩIалэми къэфэныр и хамэкъым, ауэ адэ-анэм я пащхьэ зэи къыщыфэркъым.

Лэжьыгъэм нэмыщIа, и псэм фIэфIым и гугъу щищIкIэ, ФатIимэ жеIэ: «Игорь зыдихьэх къомыр унагъуэм дрокъу. Ар бгым дэкIынми, лъэрыжэкIэ къэжыхьынми, бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр зригъэщIэнми дехьэх», - мэдыхьэшх бзылъхугъэр.

Мыгувэуи бзылъхугъэм и телефоныр къэзууащ. «Ар Атэбийракъым, адрейхэр къыспэплъэнщ», - жиIэри ФатIимэ мащIэу пыгуфIыкIащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: