Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуозэж* * * И гуащэм кърищIар бдзэжьей къупщхьэу и тэмакъым тенауэ псэурт Женя. Жей иIэжтэкъым, махуэми жэщми егупсысырт: «Ар дауэ къызищIа? Сабийр и къуэм имейуэ игугъауэ аращ… Сыт иджы сщIэнур? Назир ищIэу пIэрэ? Сыхуэзэу псори жесIэмэ мынэхъыфIу пIэрэ?». Пщыхьэщхьэм, лэжьапIэм къикIыжа лIыр зэригъашхэу, абы фызыр бгъэдотIысхьэ: – Исуф, ди къуэм жедгъэIэ зэшыпхъухэм къыдащIа лейр. – Сыт жепIэкIэ, – хуигъэщIэгъуэщакъым абы фызым жиIар. – А-на, дэ къуэ диIэкъым икIи диIэнукъым. Абы къыдащIар суд Iуэху пщIы хъунущ. – КъеIыпхыжыну ара? УкъыкIэрыхуащ. Ар балигъщ, къишащ, дэ зыкIи къытхуеижкъым. – ПщIэнукъым, ар щIалэ губзыгъэщ, дыхыфIидзэпэнкъым. Дызэрибыныр, узэрилъэпкъыр къедгъэщIэнщ, мыхъуми. Дэ абы Хужьрэ Мурадинрэ хуэдэу, дауи, дыкъилъагъунукъым, ауэ дыхыфIидзэнкъым. Дэ абы зыри етщIакъым. Ар си кIэтIий кIапэщ, дапхуэдэу щымытми, – Женя, и нэпсыр къокIуэри, и тэмакъыр щеубыдыкI. «Анэр нэм хуэдэщи, адэр дэм хуэдэщ» – жиIакъэ пасэрейм. Анэм и псэм игъэвыр зыгъэвыфын цIыхухъупсэ Тхьэм къигъэщIакъым, къигъэщIынуи къыщIэкIынкъым. – Уэлбанэ блэкIам щIакIуэ кIэлъащтэжыркъым, жаIэу зэхэпхакъэ? Исуф пэшышхуэм щIохьэри телевизорыр пегъанэ, Женя и нэпсыр зэпелъэщIыхьыжри Iэнэр зэлъыIуехыж, хьэкъущыкъухэр зэхетхьэщIэжри, и Iэр илъэщIыжурэ, и лIым кIэлъыщIохьэ, напэIэлъэщIыр шэнт натIэм иредзри, и гукъеуэм пещэ: – Зы махуэ сыкъилъагъу хъуакъым, сэ абы къызищIар Алыхьым къыхуимыгъэгъукIэ. – Iэу, умыбгэ, лIам ебгыркъым. Дапхуэдэу щымытами, си анэщ, си жагъуэ уощI, – жеIэ Исуф, и фызым ней-нейуэ хуоплъэкIри. – Дякум къыдыхьэу и дунейр ихьащ. Хьэбзри куэпэчри къысхуигъанэртэкъым. Уи хьэтыркIэ зыхуэзгъэшэчащ, сыт жиIэми. – Хъунщ иджы. ЦIыхум захыумыгъэх мы жыпIэхэр, – пхъашэ зещI Исуф. Исуф Iуэхум емыгугъуми, Женя пIащIэрт пэжыр сэтей къищIыну, и гуащэмрэ абы и шыпхъухэмрэ къращIа лейр и къуэм жриIэну. Хьэблэм къаригъэщIэну. ХьэIишэт и псэр щыхэкIым и къуэмрэ и нысэмрэ зришалIэу иужь дыдэу къажриIэжар арыншами куэдым ящIэрт, Назири яхэту – зы жьэм жьэдэкIыр жьищэм жьэдохьэ, жи. ИтIани Женя хуейт и закъуэу и къуэм IущIэну. Къуэр анэм къызэрыхущытын хуей гуапагъэм хуэдэ дилъагъуну щымыгугъми, Женя хуейт абы бгъэдэсыну, и нэгу иплъэну; щIэкIуэнум зыри къимыкIми, и къуэр псэущ. Хуеиху илъагъуну хуиту. СыткIэ ищIэнт апхуэдэ насып къеуэлIэжыну? Назир щылажьэр ищIэрт Жени, и къыщIыхьэгъуэм хуэзэу кIуэну триухуащ. * * * Залинэ Маринэ цIыкIу жьыуэ къигъэтэджри ихуэпащ, и щхьэр хуижьащ, зригъэтхьэщIри шхэн щIэзыдза адэм бгъэдигъэтIысхьащ, езыри ябгъэдэтIысхьэжащ. Маринэ садым ириту, езыр школым кIуэну арат. Назири пIащIэу шхэрт, телефонкIэ къепсэлъауэ ищIэрт и анэ дыдэ Женя къызэрыхуэзэнур. Абы Iэнкуну къригъэжьащ: – Сэ школым сызэрыщIэсрэ шэч сщIырт Хужьрэ Мурадинрэ сыкъызэрамылъхуар, нэгъуэщIу жыпIэмэ, сызэрамылъхукъуэр. Си классэгъухэр зэкIэщIэхъуцацэу сабгъэдыхьамэ, щагъэтыжырт, къасщIэрт сэ къызэрыстепсэлъыхьхэр, къысфIэнахэмэ, къызэщхэри къахэкIт: «Уэ Хужь урикъуэкъым» – жаIэу. Ауэ псори си гум тезгъахуэу сыпсэуащ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, сыкъэзылъхуа дыдэхэри наIуэ хъуащ иджы. Ауэ ахэм хэт япэ ибгъэщынур жыпIэмэ, дауи, сызыпIахэращ – Хужьрэ Мурадинрэ. Женярэ Исуфри я жагъуэ сщIынуи сыхуейкъым. Ахэри слъагъунущ зэрысхузэфIэкIкIэ. Назир шхэн еухри, щIэкIыну къотэдж. – Тхьэ, Назир, жыпIэр тэмэму собжым, – жиIащ Залинэ сабийм и Iупэр хуилъэщIыжурэ. – Лей трагъэхьат уи анэм. Лейр Тхьэм игъэгъуркъым, жи. Арагъэнщ дэри сабийкIэ Тхьэр къыщIытхуэмыупсар. Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуозэж. – Щыгъэт, сэракъым мывэр зыгъэжар, – къэгубжьащ Назир, – дэ сыт ди лажьэр, Тхьэм тезыр къыттрилъхьэну. – Ар жумыIэ, Тхьэр ищIэнумкIэ хуитщ, зыми еупщIыркъым, – жеIэ Залинэ, гъуджэшхуэм бгъэдыхьэурэ. Назир Маринэ цIыкIу и Iэпэр еубыдри унэм къыщIеш. Залинэ и щхьэцыр зэрегъэзэхуэж, бжэр егъэбыдэри, зэадэзэпхъур зэрыс «Волгэм» якIэлъотIысхьэ. Садымрэ школымрэ зэгъунэгъути, Залинэрэ Маринэрэ сад дыхьэпIэм деж щрегъэкIри, Назир лэжьапIэм кIуэну ирегъэзых. Ар пщIантIэ хуитышхуэм долъадэ, и маршынэр лъэныкъуэегъэз ещIри, къежьэу бжэIупэм Iут Женя бгъэдохьэ: – Къеблагъэ, – абы и Iэ пIыщIар Назир еубыд, бжэр Iуехри, езыр япэ йощ. Дунейр пшагъуэт, бжьыхьэ уэтIпсытIт. Женя жьауи иIыгътэкъым, плащи щыгътэкъым, пIыщIат, псыфи хъуат. – ТIыс, – жеIэ Назир, шэнт къыбгъэдэтыр хуигъэкIуатэурэ. Женя хуэм дыдэу мэтIыс, ягъэкъуаншэу къаша гуэр фIэкI умыщIэну. Назир къотIыс, къыхуэкIуам жиIэнум ежьэу. Женя, къызэрыщIидзэнур имыщIэу, зепIытI-зехуз, йоплъых, къыдоплъеиж. Иужьым. – Дауэ фыщытхэ, Назир? – хамэгу-хамащхьэу йоупщI и къуэм. – Тхьэр фIыкIэ къыпщIэупщIэ, дыIейкъым, – жэуап ирет Назир, и анэу къыхузыфIэмыгъэщI, зеиншафэ къытеуэу къыбгъэдэс цIыхубзым игу щIэгъуу. Женя зыщимыгъэнщIу еплъырт илъэс щэщI хъуауэ ицIыху щIалэм. Ауэ ар япэм ауэ Назиру щытауэ аращ, иджы и къуэ Назирщ. И гур къилъэтыным хуэдэу къеуэрт, къыщылъэту IэплIэ хуищIыну хуейми, и къуэр къыщеплъкIэ, укIытэрти еплъыхыжт. «Хэт нэхъ зэщхьыр, и адэра хьэмэрэ сэра?» – игу къокIри, аргуэру худоплъей. – ПщIэрэ, Назир, – тогушхуэри къыщIедзэ къыщIэкIуар жриIэну, – уэ уи… анэр… с… сэращ, – и нэпс къекIуар и Iэщхьэпэм кърилъэфа бэлътокумкIэ елъэщIри пещэ.– Тхьэм къахуимыгъэгъу сэ къызащIар, – гъыныр хущымыгъэту нэхъри кърегъэбл. – СощIэ. Псори сощIэ, си анэ, – Назир къотэдж, бгъэдохьэри IэплIэ хуещI. «Си анэ жиIащ», – игукIэ жеIэри, Женя къыщеуд, зрешэкIри зэщыджэу магъ. – Си щIалэ, си щIалэ закъуэ, – анэм и гуфIэгъуэ нэпс лыдхэм щIауфа нэ къуэлэнитIыр хуит ещIри и къуэм треубыдэ, – сэ си щIыхуэ зэрыптемылъыр сощIэ, зыгуэркIэ сыпщыгугъынуи сыхэткъым. Тхьэм и шыкуркIэ… Ауэ си гум схутегъэхуэнукъым дяпэкIэ узихамэу дунейм сыбдытетыну. Сэ сыхуейщ узэрызикъуэр пщIэну. Назир щытт сын гъэжам ещхьу, гъыным хуэдэу анэм жиIэм едаIуэу. – Сэ узыпIахэр умылъагъу бжесIэу аракъым, лъагъу, тIасэ, ахэращ гъащIэ гъуэгу утезыгъэувар, ауэ сэ укъызэрыслъхуамрэ лъэпкъ узэриIэмри пщIэну сыхуейщ, – аргуэру къыщеудри магъ. – Мамэ, – Назир аргуэру анэм IэплIэ хуещI. «Мамэ» жиIащ, – здэгъым Женя доIэбейри, Назир и щхьэм Iэ делъэ япэ дыдэу. Абы зэи Iэ дилъакъым и къуэм и щхьэм, и бгъи щIилъхьакъым, уеблэмэ и нэгу иплъакъым. Илъэс щэщI хъуа и сабийр къигъуэтыжащ. Назир и анэм и нэпсыр хуелъэщI: – Уэ зыкIи укъуаншэкъым, сэ сызэрымыкъуаншэм ещхьу. Ара хъунт къытхуиухар. Сэ иджы хуэм-хуэмурэ сесэжынущ дяпэкIэ адитIрэ анитIрэ сызэриIэнум. Ауэ уи деж нэзгъэзэжыфынукъым, уи жагъуэ умыщI. Хужь и лъапсэм сисми, уэри услъагъунущ Хужь хуэдэу. Женя щIэхъуэпсат я лъапсэр Назир и цIэкIэ иригъэтхыу къишэжыну, ауэ Хужь къыщыхихым, и жагъуэ хъуами, зиущэхужри, зыри жиIэжакъым. Иджы ар псомкIи арэзыт – и къуэр псэущ, ецIыху, къецIыхуж, зэрыианэр ещIэ, пэмыжыжьэу мэпсэу, Тхьэм хуигъэузыншэ. Женя и къуэм и кабинетым къыщIокIыж зэхэзэрыхьу зы хъужа гуфIэгъуэмрэ гукъеуэмрэ я толъкъуным псыхьэлъахуэм хуэдэу зэрихьэу.
Поделиться:
Читать также:
12.05.2025 - 15:30 →
ЩIыхуэм дэкIуэдащ щIалэр
12.05.2025 - 12:33 →
Шыдыгъу
07.05.2025 - 15:59 →
Хьэчим щхьэ Борэн?
07.05.2025 - 09:21 →
ЗЭАНЭЗЭПХЪУР ЗОПСАЛЪЭ
30.04.2025 - 14:30 →
Хъыбар кIэщIхэр
|