Банэхэр, дзакъэхэр, пIастхъэхэр…

Иужьрей зэманым цIыху цIыкIур делэ зэрыхъукI зытегъэупIэ шынагъуэу интернетым куэду къыщIигъэщ хъуащ «квадробика» жыхуаIэр. Мы гъэм Урысейм къыщызэщIэрыуащ абы теухуа псалъэмакъэхэр. Хэт квадроберхэр езыхэр? Псэущхьэ нэпцI зызыщI цIыхухэщ – лъакъуиплIкIэ къажыхь, блэкIхэм йодзакъэ, уэрамым тет хьэхэм яжьэхолъэ. Псэущхьэ зэхуэмыдэхэм я нэкIуIупхъуэ яIулъщ, кIапэ зыпагъэуващ. «Квадроберхэм» нэхъыбэу зыхашэр зи акъыл зэрымыубыда, балигъыпIэ имыувахэрщ, ныбжьыщIэхэрщ. Ауэ ущрихьэлIэ щыIэщ квадробер-балигъхэми. Интернетым из хъуащ «щIалэгъуалэ - хьэкIэкхъуэкIэхэр» къызэрыщ сурэтхэмрэ видеохэмрэ. Квадроберхэр къалэхэм къыдохьэ я псэущхьэ фэилъхьэгъуэхэр ящыгъыу, тыкуэнхэм щIохьэ, мэщахуэ, «я нэгу зрагъэужь».

Квадробер ухъун папщIэ, уэ нэхъ зыхэпщIэ, хьэлкIэ нэхъ узытехуэ псэущхьэр къэбгъэунэхун хуейщ, жаIэ абы хэтхэм. «Уэрамым фыкъыдэкI, псэущхьэхэм фабгъэдыхьэ, зэпыщIэныгъэ къэфлъыхъуэ!» къыхураджэ апхуэдэхэм зыхашэну зыхуейхэр.

«Иджыблагъэ си сабийр си гъусэу паркым къыщыскIухьырт. Зы хъыджэбз ныбжьыщIэ солъагъу, джэду нэкIуIупхъуэ Iулъу. ИлъэсыщIэхэм дей зыIуалъхьэм езгъэщхьащ. Зыри къисхакъым, нэкIуIупхъуэр и щIэщыгъуэу зыIуигъэлъ сфIэщIри. Абы щыгъуэ «квадробингым» и хъыбар зэхэсхатэкъым… - етх зыгуэрым. ЦIыхухъу гуэрми етх квадроберхэм ящыщ зы IэкIэ щIыр къритхъуу, удзыр къричыурэ и жьэм ихьу илъэгъуауэ. «Абы сабий гуэр бгъэдыхьати, къепхъуэри, къритхъащ», - жи. Мы мазэм и япэ махуэм Омск деж щалъэгъуащ сабий джэгупIэм деж квадробер – сабий къыщезышэкI бзылъхугъэ балигъыр. Сабийм пщэхъу ищIат, хьэм зыпищIыжу лъакъуиплIкIэ зекIуэрт. Урысейм и сату щIапIэхэм къыщIэхутащ квадроберхэм папщIэ шхыныгъуэхэри. Абы хэлъщ фошыгъу, какао, шэ гъущэ, пальмэм и дагъэ. Шхыныгъуэ «модэр» грамм бжыгъэкIэ ящэ.

 

АдэкIи, абы теухуауэ цIыхухэм ятххэр куэд мэхъу. Абы къикIыр узыфэ хуэдэу, ар модэ ящIыжауэ зи балигъыпIэ иувэгъуэхэм къахыхьауэ аращ.

Iуэхум психологхэри топсэлъыхь, дауи. Абы халъагъуэри шынагъуэщ. ««Хайп» жыхуаIэм хуэдэу къэунэхуащ, жаIэ. «НыбжьыщIэхэм щафIэфI щыIэкъэ зы гуп гуэрым ящыщ хъуну, зыгуэрым ещхьыну? Абы нэхъ дихьэхынкIэ хъунур езым и хьэл-щэн зимыIэжхэрщ, зы гуп къалъэгъуарэ абыхэм зыхагъэпшэхъуэну зи хьэлхэрщ» - мыпхуэдэ еплъыкIэ яIэщ языныкъуэ психологхэм.

УФ-м и Къэрал Думэм и депутат «Урысей зэкъуэт» фракцэм хэт Колунов Сергей жиIащ зи бынхэр квадробингым хэт адэ-анэхэр жэуапым ешэлIэн хуейуэ.

Депутатым абы теухуа тхыгъэр иригъэхьащ УФ-м и Президентым и аппаратым сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Львова – Белова Марие деж. Тхыгъэм щыжыIащ квадробингыр ныбжьыщIэхэм пэубыдыпхъэу, апхуэдэ унафэм емыдаIуэхэм я адэ-анэхэм жэуап яхьын хуейуэ. Колуновым къызэрыхигъэщамкIэ, къэралым квадроберхэм я бжыгъэм нэхъри щыхохъуэ, абы теухуа тхьэусыхафэхэр депутатхэм щIэх-щIэхыурэ яIэрохьэ.

НэхъапэIуэкIи Къэрал Думэм ирагъэхьат апхуэдэ гупсысэхэр къызыхэщ тхыгъэ, ауэ Думэм абы къригъэгъэзащ. Депутат Бессараб Светланэ къыхигъэщащ псэущхьэхэм я теплъэм хуэдэу сабийхэм захуэпэныр щэнхабзэм зэрыщыщыр, илъэс къэс ИлъэсыщIэ псейм деж псэущхьэ фэилъхьэгъуэхэр зыщыгъ цIыкIухэм зыкъызэрыщагъэлъагъуэр.

- «Квадробик» субкультурэм ныбжьыщIэ куэдым я гупсысэр иубыд хъуащ. Зэ еплъыгъуэкIэ, мыхьэнэшхуи зэптын хуэмей тренд хуэдэу къыпщыхъунущ ар. Ауэ ар тэмэмкъым. Сабийм и узыншагъэм еIэзэ щIэныгъэлIхэм абы упщIэ куэд яхуегъэув. Псалъэм папщIэ, сабийхэм я неврологыу щылажьэ, сэ квадробикэм хызолъагъуэ сабий Iэпкълъэпкъыр а щытыкIэм есэнкIэ зэрыхъунум теухуа шынагъуэм нэмыщI, абы и акъылыр зэригъэутхъуэнури. Гупсысэ мыгурыIуэгъуэхэр зи акъылым лъэIэса сабийхэм я зыужьыныгъэми зэран игъуэтынущ», - щетх и интернет напэкIуэцIым Налшык щыщ сабий невролог, эпилептолог Галаевэ Элинэ. Абы гупсысэ зэхуэмыдэхэр кIэщIатхащ республикэм щыпсэухэм. Абыхэм ятххэм тепщIыхьмэ, Налшыки квадроберхэр къыдыхьэу щIадзэ.

«Квадробер» фIэщыгъэр «аэробика» жыхуиIэм къытокI. 2000 гъэхэм япон спринтер Ито Кеничи къигупсысауэ щытащ «хьэлъакъуиплIу» къэжэнымкIэ спорт лIэужьыгъуэщIэ. 2008 гъэм Ито Кеничи дакъикъэ 18-рэ медан 58-кIэ апхуэдэу метри 100 зэпиупщIащ. Абы лъандэрэ спринтерым къыфIащащ «цIыху- номин» цIэ лейр. Илъэси 7 дэкIри, абы хьэлъакъуиплIу метри 100 къижащ дакъикъэ 15-рэ медан 71-кIэ.

2020 гъэм цIыхухэм зыпащIыжу къаублащ псэущхьэхэм. А Iуэхугъуэр тренд хъуащ интернет Iэмалым и зэранкIэ. Урысейм теухуа хъыбархэр къыщысар мы илъэсырщ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: