Урышымрэ БищIомрэ я текIуэныгъэОсетие Ищхъэрэ - Аланием и къалащхьэ Владикавказ дэт «Манеж» спорт комплексым щызэхэтащ бэнэкIэ хуитымкIэ «Аланы» дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щыбэнащ къэрал 15-м я спортсмен нэхъыфIхэр. Зи хьэлъагъыр килограмм 92-м нэблагъэхэм я гупым и финал ныкъуэ зэIущIэм ди бэнакIуэ Урыш Анзор хигъэщIащ 2012 гъэм олимп чемпион хъуа Азербайджаным и лIыкIуэ Шарифов Шариф. КIэух зэпэщIэтыныгъэм Урышым зы Iэмали иритакъым икIи 4:0-у ефIэкIащ ди къэралым щыщ Курбанов Магомед.
Поделиться:
Читать также:
13.11.2026 - 15:00 →
Спорт хъыбархэр
12.11.2026 - 10:04 →
ЛIыхъужьым и фэеплъу
11.11.2026 - 14:50 →
Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ текIуэныгъэ
10.11.2026 - 15:15 →
Спорт хъыбархэр
06.11.2026 - 17:59 →
Кубокым зэхуешэс
| ||




