КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьрэ ЕщIэнокъуэ Атэбийрэ я хъыбар

НэгузыужьакIуэ къакIуэу пщы бейм и пхъур ялъэгъуащ. ЗдэкIуэ хадэмкIэ къикIыу зыкъыхуагъазэри, унафэ зэрыхуищIам ипкъ иткIэ, Атэбийр яхэлъадэри, пщым и пхъур къиубыдри, Дэгужьым и шыплIэм къыдидзащ. Дэгужьыр къыщIэпхъуэри къежьэжащ. Атэбийри абы и ужь итыххэщ. Ауэрэ къыздэжэм Атэбийр зэплъэкIри, зы шу закъуэ къажэу илъэгъуащ. «Пхъэрыр къос» жриIэн зыхуимыгъэфащэу, ар жимыIэрэ «пхъэрыр къэсрэ сиукIмэ, е Дэгужьыр иукIмэ, силъ сымыщIэжу солIэ» жиIэри куэду гузэващ. Дауэ хъуми, «зэрыхъуIам хъунщ» жери гъуэгум текIщ Атэбийри, пхъэр къакIуэ шу закъуэм зэреуэным зыхуищIри къэтIысащ. Дэгужьыр къызэмыплъэкIыу мажэ. Пхъэру къажэ шу закъуэр и занщIэ зэрыхъуу, еуэщ Атэбийри иригъэпсыхащ, бгъэдэлъадэри, и щхьэр сэшхуэкIэ пиупщIащ. Емыпсыхыу щхьэр тхьэкIумакIэкIэ къищтэри, КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьым къыбгъурылъэдэжащ.
Дэгужьым щхьэр зэрилъагъуу гуфIэри, хуэм зищIащ. Ауэрэ зы теуэгъуэ къакIуа нэужь, Атэбийм жиIащ:
– Уемышами, тIэкIу зыгъэтынш, хъыджэбзыр къызэти.
КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьым къэгубжьауэ жиIащ:
– Иджы нэужь ар къызжумыIэ, мы зэм пхузогъэгъу...
А махуэмрэ а жэщымрэ замыгъэпсэхуу къэкIуащ. ЕтIуанэ махуэм шэджагъуэм деж, щыкIуэм етIуанэу къыщыувыIауэ щыта унэм къэсыжхэри, абы дыхьэри епсыхахэщ. Ныш яукIащ, ягъэващ, ягъэжьащ, сэ сщIэрэ, сытми, пщафIэри шхахэщ. ИтIанэ КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьым Атэбий къыжриIащ:
– Иджы, сэ тIэкIу зызгъэпсэхунщ, уэ сакъ, умыжей.
Атэбий сыт жиIэнт, «захуэщ» жиIащ.
Япэм Атэбийм щIагъуэу дзыхь къыхуимыщIу щытамэ, иджы пхъэр къакIуэм и щхьэр къыпиупщIу къызэрыхуихьрэ и гум шэч къимыхьэжу дзыхь къыхуищIат. Арати, Дэгужьыр гъуэлъри жеящ. Хъыджэбзыр абы бгъэдэсщи щысщ. Атэбий «дауэ хъуну» жери мэгупсысэри щIыбым дэтщ, нокIукI-къокIукIри.
КъуийцIыкIуокъуэр зэрыжейуэ, хъыджэбзыр щIыбым къыщIэкIащ. Бгъэдыхьэщ Атэбийми жриIащ:
– Уэ сэ слъагъу щIалэр мы сыкъэзыхьым урипщафIэкъым икIи уриныбжьэгъукъым, сыт щхьэкIэ урихьэлIами, урихьэлIащи, ущIыгъущ. КъыжыIэ уи Iуэху зыIутыр, зэран сыхъункIэ укъысщымышынэ. Сэ мы цIапIэжьым зыкIи сыхуейкъым, ауэ бэлыхьу къыстрилъхьащи, дунейм сытригъэтыркъым армыхъумэ. Уэ абы зыгуэр епщIэн мурад уиIэмэ, уи IэщэкIэ зыри пхуещIэнкъым, ауэ езым и сэшхуэмкIэ сщIэркъым армыхъумэ.
Абыхэм едэIуа нэужь, хъыджэбзым дзыхь щIагъуэ хуимыщIурэ, зыщIигъэбгъунлъэщ КъуийцIыкIуокъуэр щыжей унэми, Iэбэри и сэшхуэ пылъапIэм фIэдзар къыфIихащ. Кърихщ сэшхуэри, сеуэнт жиIэу щиIэтым, бзаджэжьыр къызэщыуащ, арщхьэкIэ сыт мыхьэнэуэ иIэжт, еуэри и щхьэр пиупщIащ, къиж лъым щыщ и Iэбжьыбым къригъэлъадэрэ ирифу, хъыджэбзыр къыщIыхьэжащ.
Лъыр ирифри:
– Уэхухуху, сигу зэгъащ иджы, сылIэми содэ, силъ сщIэжащ, – жиIэри и напэм Iэ дилъэжащ.
Къэхъуар зи гуапэ хъуа хъыджэбзыр еупщIащ:
– Сыт къыуищIауэ щытар мы бзаджэжьым? – жиIэри.
Атэбийм хъыджэбзым жриIащ и шынэхъыщIэр зэрыIэщIэкIуэдар. Абы и Iуэхур зэфIэкIа нэужь, жиIащ Атэбийм:
– Иджы, сэ псалъищ бжесIэнущи, хэди узыфIэфIыр къыхэх, уэ хуит узощI. Япэращи, шыпхъу усщIынщ, етIуанэрауэ, ухуеймэ, укъыздитхам усхьыжынщ, ещанэрауэ, щхьэгъусэ усщIынщ, уигу срихьмэ. Хэди, узыфIэфIыр а Iуэхугъуищым къыхэх. Сэ дэтхэнэр къыхэпхми, ар пхуэсщIэну сыхьэзырщ.
Хъыджэбзыр къэпсалъэри жиIащ:
– Сэ, си анэ укъимылъхуауэ, дэлъху усщIкIэ, дэлъху усхуэхъункъым, сыкъыщыпхьыфакIэ, дауи, сыпхьыжыфынуи къыщIэкIынщ, ауэ цIыхум зыкIи я фIэщ сыхъункъым, ауэ щыхъукIэ къэнар псэуэгъу сыхъунращи, укъысхуеймэ, сыхьэзырщ, псэуэгъу пэжи сыпхуэхъунщ.
– АтIэ, накIуэ, – жиIэри, шитIым зырызу шэсхэри, нэгъуэщI гъуэгукIэ, къыщысыж я пIалъэу, Къэбэрдейм къэкIуэжащ...
Абы къриха фызыр арщ Уэзырмэсрэ я нэхъ есу Темыркъанрэ тIолъхуэныкъуэу къэзылъхуа фызри.

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться: