Дахагъэм и щапхъэ

«ПсэупIэмрэ къалэ зэIузэпэщыгъэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIым ипкъ иткIэ Урысейм и щIыпIэ куэдым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI, цIыхубэм я псэукIэр ирагъэфIакIуэу, жылагъуэхэм я теплъэр ирагъэдахэу. ПэхуэщIэм къигъэув Iуэхугъуэхэр хуэунэтIащ къуажэхэмрэ къалэхэмрэ жыг хадэщIэхэр щыгъэтIысыным, зыгъэпсэхупIэхэр къыщызэIухыным, нэгузыужьыпIэхэр къыщыгъэщIэрэщIэжыным, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ нэгъуэщI ухуэныгъэхэр къыщыхэлъхьэным.
Апхуэдэу ХьэтIохъущыкъуей къуажэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ зи теплъэкIи, зи щIыкIэкIи цIыхум щIэщыгъуэ ящыхъуа жыг хадэ цIыкIур. А Iуэхугъуэ дахэм иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIащ Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Балъкъыз Артур, гъунэгъу къуажэхэм я лIыкIуэхэр, ХьэтIохъущыкъуей къуажэм щIыпIэ унафэр щызезыхьэ къулыкъущIэхэр, къуажэдэсхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.
Балъкъыз Артур гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIа хьэщIэхэм фIэхъус гуапэкIэ зыхуигъазэри, щIызэхуэсар мыхьэнэ зиIэ Iуэхушхуэу зэрыщытыр и псалъэм къыхигъэщащ. «Бахъсэн щIыналъэр кIуэ пэтми зэрефIакIуэм и щыхьэт нахуэщ цIыхухэм я псэуныгъэр зэIузэпэщ зыщI ухуэныгъэхэр зэрыщагъабэм, къытщIэхъуэ щIэблэм я зэфIэкIхэм щыхагъэхъуэн, я зэчийм зыщрагъэужьын IуэхущIапIэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэм. Мы жыг хадэ цIыкIур зыхуей хуагъазэу къыщызэIуахыным цIыхур куэд щIауэ пэплъэрт. Ар икIи гурыIуэгъуэ хуэдэщ: мыбдеж зыщигъэпсэхуфынущ балигъми цIыкIуми. Мыбы къакIуэу жьы Iурыхьэгъуэ щызрагъэгъуэтыфынущ унагъуэхэм, я зэман щагъэкIуэфынущ нэхъыжьхэм. Дыкъэзыухъуреихь дунейм хэкIуэдэжу пIэрэ жыпIэну, мы жыг хадэм и пщIэр нэхъри къиIэтынущ мы щIыпIэм щэнхабзэ Iуэхугъуэхэр щебгъэкIуэкI зэрыхъунум – абы хуэщIа утыкухэр иIэщ, тIысыпIэхэр и мащIэкъым. Сэ си щхьэкIэ шэч къытесхьэркъым жыг хадэ цIыкIур цIыху кIуапIэ зэрыхъунум, абы къуажэдэсхэр нэхъри зэрызэригъэувэлIэнум, я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэ-зэпыщIэныгъэхэр нэхъри нэхъ IэфI икIи гуапэ зэрищIынум. Дауи, лъэпкъ пэхуэщIэм и фIагъ къыдэкIащ мы жыг хадэр нэхъ псынщIэу зэфIэкIынымкIэ, абы и щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIынымкIэ. А Iуэхур къыддэзыIыгъа КъБР-м и Iэтащхьэми, хэгъэгу унафэщIхэми, ухуакIуэхэми фIыщIэ яхузощI», – жиIащ Балъкъыз Артур.
«Зы жыгыр – зы тхыдэщ, зы гъащIэщ. Къуэ къызыхэхъуа адыгэ унагъуэм жыг игъэтIысу хабзэ щыIэщ, пщэдейрей махуэхэм гугъэ зэрыхуиIэр, я къуэпсри мыгъужу игъащIэм зэрыщыIэнум фIэщхъуныгъэ хуаIэу. Нобэрей махуэр сэркIэ гуфIэгъуэ тIуащIэщ – япэрауэ, къуажэдэсхэр дызэхэплъэжыну Iэмал диIэщ, етIуанэрауэ, къыхалъхьа гукъэкI дахэр къэкIуэну зэманхэм пэджэж, дыкъэзыухъуреихь дунейми щIэщыгъуагърэ щхьэпагърэ хилъхьэу гупсысэщ. Ар дэркIи, ди ныбжьыщIэхэмкIи щапхъэщ. Абы къыщымыувыIэжу, нобэрей зэхыхьэри дахагъэм и щапхъэ нэсщ», – жиIащ зэхуэсым кърихьэлIа нэхъыжьхэм язым.
Мазэ бжыгъэм къриубыдэу зэбгъузэнатIэ мин 19-м нызэрыхьэс щIы IэнэщIым къыумыцIыхужыну зихъуэжащ. Абы плиткэ щхъуэкIэплъыкIэхэкIэ япкIа лъэс лъагъуэхэр хуащIащ, куэд дыдэ ямызэхуакуу тIысыпIэхэр дэнэ дежи щагъэуващ, пщыхьэщхьэм Iэгъуэблагъэр игъэнэхуну уэздыгъэ пкъохэр щыхатIащ, Совет къэралыгъуэм топджэгумкIэ и чемпион Iэпщэ Александр и мывэскъарым и утыкур къыщагъэщIэрэщIэжащ. Жыг хадэм и пхащIэмкIэ щыIэ топджэгупIэри зэпэщ ящIащ, жьы къабзэм хэту щIалэгъуалэм я нэгу зрагъэужьыну, я къарур здынэсыр ягъэунэхуну Iэмал гъуэзэджэхэр яIэ хъуащ.
Къуажэдэсхэр, пцIы хэмылъу, щыгуфIыкIащ жыг хадэ цIыкIум. Я ныбжьым емылъытауэ, ар малъхъэдисым хуэдэу узыIэпызышэ щIыпIэ, цIыхухэр уэру щыпэкIу зэхыхьэпIэ хъуащ. Зи IуплъапIэр дахэу зэпэща, гум Iэпих гъэщIэрэщIэкIэхэр куэду щызэхэт жыг хадэ цIыкIур, шэч хэлъкъым, Iэджэ псэкупсэ къэгъэщIыгъэми я ублапIэ хъунущ.
ГуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIахэм Iэмал яIащ къуажэм щыпсэу лъэпкъхэм къызэрагъэпэща пщIантIэхэм дыхьэу дэтхэнэми я хьэщIагъыр здынэсыр къащIэну, ерыскъы IэфIхэмкIэ я гукъыдэжыр къаIэтыну. Къуажэ зэхыхьэм и IэтащхьэIулIэж хъуащ абы къекIуэлIа ныбжьыщIэхэр хэту къызэрагъэпэща адыгэ джэгукIэхэмрэ щIыналъэм и ансамблхэм утыку кърахьа лъэпкъ къафэхэмрэ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: