Абыхэм къыхащIыкI шэIумыл, чырбыш, ракетэр зэрылажьэ гъэсыныпхъэ, уеблэмэ илъэс мелуан бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ЩIым и тепщэу щытар ахэрщ! Ауэ щыхъукIэ, сыт Iэгъэбэгухэр зищIысыр: псэущхьэ, хьэмэрэ къэкIыгъэ?
ЩIэныгъэр къызэрыунэхурэ, цIыхур къэзыухъуреихь псори къэкIыгъэрэ псэущхьэрэ жиIэу зэхидзу къэгъуэгурыкIуащ. ИужьыIуэкIэщ къызэрыгуэкI налъэ щхьэхуэхэмрэ бактериехэмрэ зэрыщыIэр къыщищIар абы. Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, щыIэщ иджыри зы лIэужьыгъуэ, псэущхьэхэми къэкIыгъэхэми ящымыщу, ауэ а тIуми я щытыкIэ зэхуэмыдэхэр яхэлъу – Iэгъэбэгухэр.
Iэгъэбэгум и щытыкIэхэмрэ зэрызэщхьэщидз лIэужьыгъуэхэмрэ иджыри 18-нэ лIэщIыгъуэм ящIэу щытами, ар къудамэ щхьэхуэу биологием идж щыхъуар 1970 гъэхэрщ. КъызэрыщIэкIамкIэ, абыхэм фотосинтез яхуэщIыртэкъым (углекислэ гъуэз зыщIашэу, кислород къаутIыпщу), а Iуэхур зезыгъакIуэ хлорофилл япкърылътэкъыми. ЩIэныгъэлIхэр абы нэхъ набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъа нэужь, къахутащ псэущхьэхэм хуэдэу Iэгъэбэгухэм я лъахъыцхэмкIэ щIыгулъым органикэ пкъыгъуэхэр къызэрыщIафыкIыр. Ауэ, гъэщIэгъуэнракъэ, псэущхьэхэр жьэкIэ шхэуэрэ, лъатэкIэ шхыныр зэрагъэткIум хуэдэкъым Iэгъэбэгум и шхэкIэр, атIэ, япэщIыкIэ щIым гын хаутIыпщхьэ, шхыныр ягъэткIури, къэкIыгъэм псыр зэрызыщIишэм хуэдэу, шхыныр щIым къыщIафыкIыжу аращ. Мыбдеж гурыIуэгъуэ мэхъу Iэгъэбэгухэр къэкIыгъэхэми псэущхьэхэми щIыхамыбжэр.
Иджыри зы гъэщIэгъуэн гуэр къахутащ биологхэм: Iэгъэбэгухэм псэущхьэхэм хуэдэу, шха нэужь мочевинэ къапкърыкIырт икIи тхьэмщIыгъум и гъэтIылъыгъэхэм ящыщу гликоген (уэгъу, гъей къэхъумэ жиIэу, Iэпкълъэпкъыр тхьэмахуэ бжыгъэкIэ зэрыпсэуфыну, игъэтIылъ пкъыгъуэ) япкърылът.
АтIэ, псэущхьэхэм нэхъ екIуалIэмэ, щхьэ абыхэм хамыбжарэ?! Щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу щIэныгъэлIхэм къагъэлъэгъуар – Iэгъэбэгухэр псэущхьэхэм хуэдэу зэрыземыкIуэфырщ. КъищынэмыщIауэ, псэущхьэхэр хэхъуэху балигъыпIэ иувэу, адэкIэ жьы хъун щIадзэмэ, Iэгъэбэгухэр игъащIэ псокIэ хохъуэ икIи зэи жьы хъуркъым, зэрытIэпIыкIыу, нэхъ иныж хъууэ зиубгъу мыхъумэ. Псалъэм папщIэ, 1980 гъэхэм Мичиган къыщагъуэтауэ щытащ гектар 37-рэ зубыда Iэгъэбэгу, илъэс мини 2,5 ныбжьым иту!
Iэгъэбэгухэр щхьэхуэ зыщIу иджыри зы Iуэхугъуэ… Ахэр псори зы лIэужьыгъуэм хабжэми, Iэмал зэхуэмыдэхэмкIэщ зэрыбагъуэр: зыр адрейм къикIыкIыу; налъэхэр загуэшу; псэущхьэхэм хуэдэу, зэхъу-зэбзым я зэхуаку къыдэкIыу. Ар зэлъытэжар щIыуэпсым и фIагъымрэ дунейм и щытыкIэмрэщ.
Дунейм тетщ Iэгъэбэгу лIэужьыгъуэу мелуанрэ ныкъуэрэ. Абыхэм ди гъащIэм щагъэзащIэ мыхьэнэр апхуэдизкIэ инщи, къыпхуэмыхутэным хуэдэщ. Ахэр хэлъщ псыми, щIыми, щIы щхьэфэми. Iэгъэбэгухэм щIыр ягъэщабэ, ягъэпшэр, псэущхьэ куэдым я шхыныгъуэщ, лъатэмрэ кIэтIиймкIэ хущхъуэшхуэщ. ЦIыхум ар лъэпкъ шхыныгъуэхэм ящыщ зэрищIам къищынэмыщIауэ, тхьэвгъэтэджу къагъэсэбэп, фадэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэфIэIу, антибиотик, хущхъуэ зэхуэмыдэхэр къыхащIыкI.
Iэгъэбэгу лIэужьыгъуэ 200 щыIэщ, хьэщхьэрыIуэхэм хабжэу. Абыхэм хъы ягъэуври, хьэмбылу къаубыдурэ яшх (ягъэткIуурэ). Языныкъуэхэм хьэмбылу гъунэгъу къащыхуэхъум деж хъы ядзри, къаубыд. Ауэ ахэр хьэщхьэрыIуэу къигъэщIауэ аракъым, атIэ зытет щIым и пшэрыр щIэкIа нэужь, замыгъэлIэн щхьэкIэ я псэущхьэ гупсысэкIэр «щIагъанэу» аращ.
Гиромитрин жыхуиIэр Iэгъэбэгу зэмылIэужьыгъуэхэм япкърытщ. Апхуэдэ Iэгъэбэгу цIыхум ишхмэ, и псантхуэри, тхьэмщIыгъури, лъатэри, кIэтIийхэри напIэзыпIэм зэтрикъутэнурэ, иукIынущ. Ауэ а гиромитиныр хьэршым ягъэлъатэ ракетэхэм гъэсыныпхъэу ирагъахъуэ.
Дэ Iэгъэбэгухэр зэрытлъагъум хуэдэу цIыкIу ди гугъэщ. Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ псэущхьэ ин дунейм теткъым! Иджы дыдэ къахутащ опёнок жыхуаIэ Iэгъэбэгу, и лъахъыцыр гектар 910-кIэ иутIыпщауэ, езым илъэс мини 8 и ныбжьу. Ауэ ахэри пщигъэгъупщэжыну Iэгъэбэгу абрагъуэхэр щыпсэуащ ЩIым илъэс мелуан бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ. Тафэр иджыри зэщIимытхъыу, континенти 7-ри зыуэ щыщыта лъэхъэнэм зы жыг закъуи темыту, зэрыщыту жыглыцрэ Iэгъэбэгурэт, языныкъуэхэр метри 9-м нэсу лъагэу, зы метр я гъумагъыу.