«Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр зыфIаща, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий IуэрыIуатэрэ тхыдэу зэхуихьэсыжам гъуни щIэи иIэкъым. Абыхэм ящыщщ «Адэжь хъыбархэр» зыфIища и тхылъым къитхыжу адэкIэ къызыпытщэнури…
Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт – гъуазэм теухуа хъыбарыр Шэрджэсым къыжезыIэжар Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Зеикъуэ къуажэм дэса, абдежым зи ныбжьыр илъэс 82-м щхьэдэха Чыржын Хъусинщ.
«Дзэзешэ Угъурлы зи пашэ шу гуп къэкIуэжырт. Куэди къамыкIуауэ къалъэгъуащ ипэ ит плъырхэм ящыщ зыр теутIыпщхьауэ къазэрыхуэжэр…», - ар и къыщIэдзэкIэт Чыржыным.
Шур къэсри:
- Уэ-э, Угъурлы, Хьэтхыкъуэ сабий цIынэ къыщыдгъуэтащ! ЩIалэ цIыкIущ! Тхьэшхуэм игу къыпщIэгъуагъэнщ, бын зэрыуимыIэр илъагъурти! – зэкIэлъегъэпIащIэ къыIулъэдэжам.
… ЩIалэм зэи щаущэхуатэкъым зыпIахэм къызэрамылъхуар, ауэ зыри хищIыкIыртэкъым къэзылъхуами зыщыщми… Ар и жыгъуэ мыхъукIэ къанэртэкъым, и щэхум иригугъумыгъут.
А зэманым и адэр иджыри псэути, еупщIыну хуитыныгъэ къыIихри, елъэIуат мы Iуэхум хищIыкIым щыгъуазэ ищIыну. Адэр и щIалэм зыкъомрэ зыри жимыIэу къеплъри:
- Укъыщыдгъуэтар Хьэтхыкъуэ и кхъэнсэгулъэм дежщ, укъэхъуа къудейуэ, ухъыданжэрумэу, кхъэнсэгущхьэм утелъу. Сыт хуэдизрэ Iэгъуэблагъэр щIэдмыщыкIами, уи анэм и лъэужь е нэгъуэщI гуэр дыIущIэн тлъэкIакъым. Ауэ сэ гурыщхъуэ зэрысщIауэ щытамкIэ, уи анэр кIэс тыгъэу Кърымым къыщыхутауэ нэхъ тызоубыдэ.
… Дапхуэдиз гугъуехь хуэмызами, къызэтеувыIэ имыIэу Мыхьэмэт нэсащ Кърымым. Адыгэ макъ щызэхихым деж щыщIэупщIэурэ, абы нехус Бахъшысэрей. Къалэ гъунэм щыту унэ пхэнжыжь цIыкIу гуэрым екIуалIэри, ар зейр фызыжь закъуэу, икIи, и насып къихьри, адыгэбзэ ныкъуэу къыщIэкIащ. ХэIущIыIу зимыщIыщэн щхьэкIэ езыри зыхуейр апхуэдэти, еблэгъащ.
Жэщым фызыжьым фIыуэ пкърыупщIыхьри, къищIащ залымыгъэкIэ къашауэ щыта адыгэхэм къатепщIыкIыжахэр езы Кърымми мы къалэжьми зэрыдэсыр. Фызыжьым и цIэр Нурхъант. Абы щIалэм къыжриIащ илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, езыр зыхуэпщафIэу щыта хъаным и бейгуэл нэхъыжьым Адыгэм бзылъхугъэ зытIущ къришауэ зэрыщытар, ауэ сыткIэ пщIэн Мыхьэмэт зылъыхъуэ и анэр абыхэм ящыщрэ ящымыщрэ?..
Мыхьэмэт фызыжьым жриIащ езым и къэгъуэтыкIэ хъуауэ щытар, къыздагъуэта къуэм зэреджэр, зэрыхъу илъэс бжыгъэр. Нурхъан Iэджи щIат беижьым и пщIантIэм къызэрыдадзыжрэ, ауэ хущхъуэ-щхъухькIэ Iэзэти, сыт щыгъуи дагъыхьэрт, ишхын тIэкIурэ фэилъхьэгъуэ тIорысэ гуэрхэри мыбдеж щигъуэтырт.
Фызыжьым щIалэр къигъэгугъащ пщэдей жэщ сэрейм дыхьэу бзылъхугъэ пщафIэхэм яхэупщIыхьыну. Апхуэдэуи ищIащ. Беижьым хьэщIэ къыхуэкIуэну, жэщым ерыскъы куэду ягъэхьэзырын хуейти, фызыжь Iэзэри, я гуапэу, зыхашащ дэIэпыкъуэгъуу.
Жэщ ныкъуэм фIэкIауэ, Iуэху мыпсынщIэм хэзэшыхьа бзылъхугъэ гупым тIэкIу загъэпсэхуну щызэхэтIысхьэм, ныуэжьым къыхилъхьащ хэт и гъащIэм деж нэхъ гуимыкIыжу сыт къыщыщIами жиIэжыну. Абы псори арэзы тохъуэ.
Нурхъан езым япэ кърегъажьэри, хъыджэбзыжь цIыкIуу я къуажэм и гъунэгъубзэ чыцэм мэмкъутыхьэ кIуауэ къадыгъуауэ зэрыщытар, абы лъандэрэ къэзылъхуаи къыдалъхуаи зэримылъэгъуар къажреIэ. НэгъуэщIми и щIалэм щхьэгъусэу зэрыратыжауэ щытар жеIэж, адрейми нэгъуэщI зыгуэр.
Ауэ ахэратэкъым Мыхьэмэт и лIыкIуэ фызыжьыр зыхуейр. Псоми жаIэм къыхэмыхьащэу лъэныкъуэкIэ щэхуу щыст пщафIэ нэхъыжьыр. Ар и щIалэгъуэм нэгъэсауэ дахэу зэрыщытар пщIэуэ иджыри теплъэгъуафIэт, пкъы зэкIужт, лейуэ зы кIэрылътэкъым, и щхьэцыр хужьыбзэу тхъуами, иджыри удэзыхьэх, узэзышалIэ къару иIэт. Псори псэлъауэ ар къыщынэм, фызыжьым абы зыхуегъазэ:
- Уэри, уи ныбжь емылъытауэ, гуауэ зэрыпшэчам и щыхьэту уи щхьэцыр зэфэзэщу тхъуащ. Уи гукъеуэр уигу закъуэм ибгъэвыхькIэ нэхъ тыншыгъуэ бгъуэтынукъым. Дэ псоми лъэпощхьэпо Iэджэ къытщыщIащ, дыхуэмейуэ мыбы дыкъыщыщыхутакIэ, ауэ дэ ахэр дыущэхукъым, уи гукъеуэр зыгуэрым къыбдигуэшыху нэхъ мащIэ мэхъу, къыддэгуашэ уэри, хэт ищIэрэ, уи псэм телъ хьэлъэр нэхъ псынщIэ пхуэхъункIи хэтщ! – жиIэу.
Фызыр хьэлъэу хэщэтыкIри:
- Си гукъеуэ мыткIужыр къысхуэзыгъэпсынщIэн щыIэкъым, езы Тхьэшхуэу жэщи-махуи сызэлъэIум къинэмыщIауэ. Ауэ, фыщылъаIуэкIэ сэри вжесIэнщ гъащIэ гукъутэу къысщыщIар! - жиIэри, пщафIэ нэхъыжь КIурашэ гъунэгъуу къахэтIысхьэри, макъ щэху псэм хэтIысхьэкIэ къахуеIуатэр а дызыщыгъуазэххэу и къекIуэкIыкIар. Ар Нурхъан зылъыхъуэ дыдэрати, и нэпсхэр къежэхыу щыс бзылъхугъэ дахэм жреIэ:
- Тхьэм пхузэблих уи гукъеуэр, си хъыджэбз! Уи Iуэхум иджыри кIэ игъуэтакъыми, игъащIэми ди адэжь щIэин гугъэр зэпумыгъэу! НакIуэ, тIэкIу жьы зыщIедгъэхунщи, ди Iуэхум пыддзэжынщ! – жеIэри, гугъэм и хъуаскIэ зи нэхэм къыщылыда фызыр къыщIеш, и Iэпэр иIыгъыу.
Зыми зэхимыхыну лъэныкъуэ зыщрагъэзым:
- Си хъыджэбз, уи насыпыр къыкъуэкIыж си гугъэщ! - жреIэ адыгэбзэкIэ. - Си деж уи лъыхъуакIуэу зы адыгэ щIалэ къуедан къеблэгъащи, мы дунеижьым зы пэжагърэ зэхуагъэ гуэррэ тетыжыххэмэ, ар уи щIалэрауэ щытын хуейщ! Къыщыплъхуам сыт дэплъэгъуат ар кърипцIыхужыну?
- А-а, си псэр зэзгъэшхын нанэ, ар пэжу къыщIэкIмэ, си гъащIэу къэнэжар уи унэIуту пхуэсхьынщ, си IэгуитIыр лагъэрэ фалъэрэ пхуэсщIынщ! Зи дунейр нэхурэ зи гъащIэр кIыхь тхуэхъун угъурлыжь Нурхъан, сабийр ди джанэкIэ къыпыттхъам щыкIуэцIытшыхьым слъэгъуат и блатхьэ щIагъ сэмэгум бадзэ хуэдизу анэл зэрыхэлъыр. Иджы ар дауи джэш хуэдиз хъуагъэнщ, плъыжьыфэт.
- АтIэ, уэ уи фэ нэхъ уихьэжыху жьы зыщIегъэхуи, гупым яхыхьэж, сэ сыкIуэжынщи, а уи щыхьэтыр хэтрэ хэмытрэ къэсщIэнщ, си жеин къакIуэу сыкIуэжауэ яжеIэ! - жи Нурхъан.
- Зэ зы тэлайкIэ къызэтеувыIэ! Ерыскъы уэстынщи, хуэхьи егъэшх! Си щIалэрамэ - къару щIэмычэ хурехъу, армырами – адыгэ анэ къилъхуащи, быдзышэ хужьу и хьэлэлщ! – жиIэщ, щIэлъэдэжри, Iэлъэныкъуэ хъуржын из ерыскъы къыхущIихри, Iэ къыдилъэурэ къиутIыпщыжащ. Дунейр зэфIэтыху зы ани и фэм дремыкI а жэщ ныкъуэ къэнэжам КIурашэ тхьэмыщкIэм и фэм дэкIар!..