Нэгумэ Шорэ

Шортэн Аскэрбий адыгэ литературэм куэд хэзылъхьа тхакIуэ пажэхэм ящыщщ. И тхыгъэхэм къызэщIаубыдащ Iуэхугъуэ куэди, зэман кIыхьи, тхыдэ напэкIуэцIым щыщхэри. Шортэныр и къалэм жанымкIэ ялъэIэсащ тхыдэм зи цIэр къыхэна цIыху щэджащэ куэдми. Абы и щапхъэу фи пащхьэ идолъхьэ Нэгумэ Шорэ теухуауэ итхахэм ящыщ. 
Нэхущ къищIу хуежьат, аргуэру Шорэ хуабжьу ешауэ стIол зыбгъэдэсым зытригъащIэу и тхыгъэхэм псалъащхьэ яхуищIахэм къеджэжу щыщIидзам. И Iупэхэр фIэкIэзызу тхылъымпIэ гъуабжафэхэр зэтридзырт абы, лэжьыгъэр зэриухам щыгуфIыкIыу. 
Жэщ псом псэху зимыIа и нэхэр ирижащ езым и IэкIэ итхыжа сатырхэм: «Сэ гугъу зезгъэхьу мы лэжьыгъэм щыщIэздзэм щыгъуэ, зэи сигу икIакъым, си щхьэм ихуакъым къызэрыхъунур зы зэман гуэр, бгырыс ябгэу ялъытэм и гущIэм къызэрыщыушынур ар щIэныгъэм щыхущIэкъуну зэманыр… Къэхъунщ дэр щхьэкIи зы зэман гуэр, дэ, бгырысхэм тхылъым зыщеттын…Арауэ къыщIэкIынщ сэ гугъу сехьурэ мы тхылъыр щIэстхар».
Шорэ и щхьэ хъурей дахэр иубыдыжри тэлайкIэ щысащ, адэкIэ емыджэу, итIанэ гупсысэм зэщIиубыда и нэхэр къызэтрихыжри а псалъэхэм пищащ: «Сэ слъагъункIэ хъуну къыщIэкIынкъым а зэман дахэр – си Хэкум тхылъыр къыщищтэнур, си лъэпкъэгъу дахэхэр щIэныгъэм хуэузэщIа щыхъунур. Ауэ сэ лъэгуажьэмыщхьэ зысщIауэ солъаIуэ си лъэпкъ мащIэр а узыншагъэм хуэкIуэну, сэри си лъэпкъыр, мащIэми, зэрыгуащIэр дуней псом ящIэну». 
Лэжьыгъэр зэриухам Шорэ щыгуфIыкI щхьэкIэ, абы и щхьэм зэкIэлъыкIуэу къихьэрт Iуэхугъуэ Iэджэ, зыхунэмысахэу, темытхыхьахэу, IэщIэгъупщыкIахэу, иджыпсту игу къэкIыжа къыфIэщIыжхэу. Ар абы иринэщхъейт, ищIэнури илэжьынури имыщIэжу, и щхьэр унэзарэ стIолым зытригъэщIауэ. Псом хуэмыдэжу абы къехьэлъэкIырт и тхылъым хуищIыну пэщIэдзэ псалъэм и тхыгъэр. КIэщIу, мащIэу, ауэ гупсысэшхуэ хэлъу ар тхын зэрыхуейр, дауи, Шорэ фIы дыдэу зэхищIыкIырт. Ауэ убзыхуауэ абы и щхьэм зы Iуэхугъуэ гуэри, къежьапIи, кIапIи иIэу къихьэртэкъым. Iуэхугъуэ Iэджэм абы и гур жэрт, зы гупсысэм адрейр щIихъумэу и щхьэм щызекIуэрт.
Шорэ мурад ищIащ афIэкIа зыри а тхыгъэм пимытхэжыну. Къалэмыр игъэтIылъри, гъуэлъыпIэм зриукъуэдиящ. Iейуэ ешати, зэуэ Iурихащ. АрщхьэкIэ, Шорэ псынщIэуи къызэщыужащ, зы бэлыхь гуэр къыщыщIам хуэдэу, псынщIэу къыщылъэтри, къалэмыр къипхъуэтащ, зыгуэрым хуабжьу хуэпIащIэу. 
«Мы си лэжьыгъэм и къалэныр игъэзэщIауэ къэслъытэнщ, сэ си лъэпкъэгъухэм я анэдэлъхубзэр яджу щIадзэрэ абы къыдэкIуэу урысыбзэри зрагъащIэу хуежьэмэ, езы урысхэми си лъэпкъым и бзэмрэ и тхыдэмрэ гулъытэ къыхуащIу щIадзэмэ», - пищащ адэкIэ Шорэ. 
Арауэ къыщIэкIынт Шорэ къыхуэмыгъуэту нэхъ зыгъэгузавэри, а псалъэхэр итха нэужь, тыншыгъуэ игъуэтыжащ. Ар къэтэджри, щхьэгъубжэ IупIэхэр ину зэIуидзащ. Зэуи Нева къыщхьэщих пщэдджыжь салъкъын щабэр и нэгум къилъэщIыхьащ IэфIу, зыщимыгъэнщIыжу. 
Нева мащIэу уфафэу къыщылът, хьэлъэу бауэу, бдзапцIафэу, щIэущхъуэнтIыкIыжауэ. 
… Шорэ зыбжанэ щIауэ сымаджэт. Зэгуэрым, пщыхьэщхьэ хъуауэ, Шорэ и гур къыщыхьэпащ. Абы щыгъуэ ар къэгузэвауэ щытащ, илъэс Iэджэ хъуауэ зэлIалIэ и лэжьыгъэхэр нимыгъэсу лIэнкIэ къэшынэри. Шорэ щIэгупсыс хъуат лIэныгъэм. ЛIэныгъэратэкъым ар зыщышынэр, атIэ лъэужь гуэр мы дунейм къытримынэу кIуэдыжынкIэ зэрыхъунур арат. Иджы мы Бытырбыху къызэрыкIуэрэ, езы Шорэ зыхищIэу, и гур куэдкIэ нэхъ пIейтей хъуащ, абы къыдэкIуэуи а гупсысэ хьэлъэм нэхъ къыхигъэзыхьуи щIидзащ. 
«Сыт нэхъ къысщыгъупщауэ пIэрэ?» - жиIэ щIыкIэу, стIолым телъ и Iэрытхым хэплъэжри, и щхьэгъусэм хузэIуища щагъэ дахэмкIэ папкитIри зэпипхыкIыжащ. Абы и нэгу къыщIэуващ и щхьэгъусэ Сэлимэт, къабзэу, зэкIужу, гуфIэгъуэ къызыщIих и нагъуэ дахэр Шорэ къехъуэхъуу. «Мис, си дуней нэху, сэ зыми и хьэкъ къыстенэркъым, сухащ псори…
Уи дыщэ IэпэмкIэ схуэпщIа щагъэмкIэ зэтеспхащ … СхуэлъаIуэ си гуащIэ мащIэр си лъэпкъым къыщхьэщыжыну, сэбэп хуэхъуну». 

 

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: