УпщIэм и тхыдэрКъБР-м и Лъэпкъ музейм «Войлок. Традиции и современность» гъэлъэгъуэныгъэр щокIуэкI. Ар къызэрагъэпэщащ Мечиев Кязим къызэралъхурэ илъэси 165-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
Ягъэлъагъуэ лэжьыгъэ 40-м щIигъум къызэщIеубыдэ упщIэм къыхэщIыкIа фэилъхьэгъуэхэр, алэрыбгъухэр, унэр зэрагъэдахэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, упщIэм ехьэлIауэ архивым къыхахыжа сурэтхэр, абы и тхыдэм теухуа тхыгъэхэр. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Узденовхэ Iэминрэ Маринэрэ я унагъуэм я IэрыкIщ гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьахэр.
УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъШР-м и Правительствэм и саугъэтыр зыбжанэрэ зыхуагъэфэща дизайнер, Кисловодск къалэм саугъэтхэмкIэ «Узден» фабрикэр къыщызэIузыха Узденов Iэмин яцIыху Кавказым и декоративно-прикладной гъуазджэм дихьэххэм, и фабрикэми апхуэдэ хьэпшыпхэщ къыщыщIигъэкIыр. Абы и IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ, урысейпсо выставкэхэмрэ жармыкIэхэмрэ. Iэмин и пхъум и цIэр - «Аделия» - зыфIища и IэрыкI алэрыбгъур ихуащ «Изобразительное искусство России» альбомым.
Iэмин и щхьэгъусэ Узденовэ Марини УФ-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, урысейпсо выставкэхэм и лэжьыгъэхэр щегъэлъагъуэ, дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфащэ.
Iэмин алэрыбгъухэр гъэхьэзырыным и щэхухэм езыгъэсауэ щытар и адэ Iэминщ. Абы игъэсэжащ и щхьэгъусэ Маринэ. Къэрэшейхэмрэ балъкъэрхэмрэ я пасэрей лъэпкъ IэщIагъэ дахэм иджы я бынхэр хагъэгъуазэ. Я къуэхэу Алхазрэ Руслъанрэ, япхъу Аделие я лэжьыгъэхэри выставкэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ фестивалхэмрэ щагъэлъагъуэ икIи я фIагъхэр лъагэу къалъытэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм къыбгурегъаIуэ балъкъэрхэмрэ къэрэшейхэмрэ я гъащIэм упщIэм увыпIэфI щиубыду, я псэупIэхэр ирагъэдахэу зэрыщытар. Унагъуэм я нэхъыжьыр здэщыс, хьэщIэхэр щригъэблагъэ тIысыпIэм и лъэныкъуэмкIэ блыным алэрыбгъухэр щыфIадзэрт. Бзылъхугъэр унагъуэ щихьэкIэ здихьым я нэхъыщхьэт алэрыбгъур. Ар щыхьэт техъуэрт цIыхубзыр къызыхэкIа лъэпкъыр зэрыхуэщIамрэ лэжьыгъэр фIыуэ зэралъагъумрэ. Аращ алэрыбгъур екIуу ящIыным елIалIэу щIыщытар.
Къэрэшейхэмрэ балъкъэрхэмрэ Iэщ куэду зэрызэрахуэм къыхэкIыу абыхэм я деж упщIэм зыщиужьащ. Унагъуэ-унагъуэкIэрэ цым елэжьурэ лъэпкъым къыдекIуэкI цIыхубэ IэщIагъэ хъуащ ар. Нэхъ IэпщIэлъапщIэм иубзыхурт алэрыбгъум и инагъыр, плъыфэхэм я зэхэлъыкIэр, ар зэрагъэдэхэну тхыпхъэхэр.
Поделиться:
Читать также:
17.01.2025 - 13:00 →
Мэжэр щIэныгъэлIым и псалъалъэр
16.01.2025 - 14:23 →
Щэнхабзэр зи Iэпэгъу
15.01.2025 - 16:14 →
Си Iуэху зыхэмылъым сыхэIэбакъым
15.01.2025 - 14:08 →
ХьэщIэм и пщIэр лъагэт
15.01.2025 - 12:26 →
Мэлыхъуэ башым и пщIэр лъагэ хъуат
|