Къэбэрдей-Балъкъэрыр пэрытхэм хабжэУрысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIащ Правительствэм къэралым и шIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм 2024 гъэм и мазибгъум къриубыдэу хузэфIэкIахэмрэ къапэщылъ къалэнхэмрэ къыщызэщIакъуэжа зэIущIэ. Апхуэдэу абы щытепсэлъыхьащ иджыблагъэ къыхалъхьа лъэпкъ пэхуэщIэщIэр, «ГъащIэм щхьэкIэ инфраструктурэ» жыхуиIэр гъэзэщIа хъунымкIэ щыIэ Iэмалхэм. Хуснуллин Марат къигъэлъэгъуащ ухуэныгъэ IэнатIэм ехъулIэныгъэфIхэр зэриIэр икIи иужьрей илъэситхум къриубыдэу абы щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм я куэдагъым процент 30-кIэ зэрыхэхъуар. Псом хуэмыдэу къыхигъэщащ гъуэгу ухуэныгъэхэм зэреужьэрэкIыр икIи абы ехьэлIа Iуэхугъуэ пэрытхэр пэхуэщIэщIэм зэрыхагъэхьэнур.
Поделиться:
Читать также:
02.12.2024 - 11:59 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
28.11.2024 - 12:00 →
Фэншэт икIи напэншэт
27.11.2024 - 16:10 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
22.11.2024 - 16:37 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
22.11.2024 - 16:25 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
|