И бзэр уэзджынэрэ и псэр уэздыгъэу«ТхакIуэм и цIэм нэмыщI, и щхьэр умыцIыхуу щыщытым и деж итххэр нэхъ тыншу къызэрыппкърыхьэм куэдым гу лъатауэ къыщIэкIынщ. Ар зытет дунеймрэ къигъэщI дунеймрэ апхуэдизкIэ зэпэхъу-зэпэщIэуэщи, щхьэж къилъыхъуэр къыщыпкIыу щигъуэтыфынущ тхакIуэм и деж. ЦIыхум псэ щыIуткIэ, хьэуакIэ зэрыбауэм къыщыщIэдзауэ анэл мыхъуу хьэмцIыракIэ къытекIэнкIэ зэрыхъунум и деж щыщIэтIыкIыжауэ къэпхутэну ухуей, хьэмэ узыхишэ дунейм ущызэкIэщIэплъыну ухуей? Аращ нэхъыщхьэр здэщыIэр», - щыжеIэ тхакIуэ Лыкъуэжь Нелли лъэпкъ щэнхабзэм зи гуащIэшхуэ тыхь хуэзыщIа IутIыж Борис теухуа и тхыгъэм. - Уэ къыпхуиуха гъащIэмрэ гъуазджэм и лэжьакIуэм и гъащIэмрэ зэманкIэ зэпэщIэхамэ, нэхъыбэу къыплъэIэс хабзэр и IэдакъэщIэкIхэращ. Ауэ абы и зэманым уэри ухалъхуарэ ар уи нэIуасэу къыщIэкIмэ, е шыбзэ кхъузанэм щIэбгъэкIын щIыбодзэ, е зэрыщIагъэкIым и кIэлъыплъакIуэ уохъу. Нэхъ Iеижращи, апхуэдэ гупсысэ щэджащэ зиIэм езыр зэрыбгъэува пщалъэм имытмэ, и цIыху щIыкIэр узэрыхуейм емыщхьмэ, мэскъалкIэ ебакъуэмэ, удз гъэгъа Iэрамэу къыпщыхъуу уи Iэгум илъа, псалъэм папщIэ, и усэ тхылъым, кхъуэбанэ мафIэ зэщIэгъэстауэ уIуплъэн щIыбодзэ. Аращи, гужьгъэжьрэ гурыщхъуэкIэ зэIыхарэ уэ къыхуэбгупсыса шыпсэкIэ зэщIэшхэжауэ итхауэ хъуам хуэфIу мыхъур тыбогъэуэжри, хеящIэ нэхъыщхьэр, шэч хэмылъу, уэращи, Iэ щIыбодзыж. Щытын хуейт-тIэ апхуэдэу? Ар упщIэшхуэщ, щытын хуэмейми зэрыщытыр и нэхъыбапIэм аращ. Тхьэр абы арэзы темыхъуэми, цIыхур цIыкIущэщи, апхуэдэ гукъэкIхэм иджыри ебэкъуэфыркъым. БлэкIа зэманым иту IутIыж Борис утепсэлъыхьыну Iэри гури есэркъым, ауэ утемыпсэлъыхьынуи плъэкIыркъым. ТхакIуэр блэкIа зэманымрэ дызэрыт зэманым и нэщэнэхэмкIэ къэкIуэнум IэкIуэу хуэгъэтIылъа цIыхущ. ГъэщIэгъуэныращи, тхыдэм и гъуджэм щиплъэкIэ, абы ирилъагъуэм ящIигъэлъадэ псэмрэ нобэрей цIыхум и IуплъэкIэмрэ апхуэдизкIэ зэтехуэртэкъыми, укъигъэуIэбжьырт. Дыгъуасэм гимн хуитхмэ, нобэм Iэпэпшынэ зэрагъэцIум щIэдэIуфи хуэдэт, ауэ Борис а псоми я кIэлъыплъакIуэ къызэрыгуэкIтэкъым. А зыкIэлъыплъым игъагърэт хьэмэ щыдыхьэшхрэт? Ар тхакIуэм и Iэзагъэм и щэхухэм ящыщт, дауи. IутIыжым блэкIам и ажэгъафэр лIыхъужь лъыхъуэ иригъажьэмэ, нобэм къыщигъафэ ажэгъафэр кIэн джэгу игъэджэгуфырт. Апхуэдэу щIищIым и щхьэусыгъуэм зы тхылъ тептхыхьыфынущ, ауэ аракъым нэхъыщхьэр, атIэ зэман къэс зэрепсалъэ бзэ зэрыIурылъым щэджащэ зэрищIаращ. Нэхъыщхьэр къэхъукъащIэхэм уакъыщхьэщыплъэфынращи, IутIыжыр аркъудей мыхъуу, и бзэр уэзджынэрэ и псэр уэздыгъэу цIыхухэм яхуигъэлэжьэфащ. Арагъэнщ тхакIуэр гупсысакIуэ ин зыщIыжари. Хьэл зэщыщхъурэ псэ псыхьарэ зы адыгэ тхакIуэм иIэмэ, Борис апхуэдащ. ЩIэблэм, къалэм къэзыщта ныбжьыщIэхэм я псэ макъамэр яIуримыгуэжу, гъуэгугъэлъагъуэ нэсу зэрыщытыфам абы пщIэ лей къригъэлэжьащ».
Поделиться:
Читать также:
13.02.2025 - 16:40 →
УзыщIэхъуэпсын лъагапIэ
13.02.2025 - 15:39 →
Пушкиным и фэеплъхэр
13.02.2025 - 14:35 →
УзыхущIемыгъуэжын хьэл
13.02.2025 - 12:26 →
СурэтыщI зэчиифIэ
13.02.2025 - 11:18 →
Зэлэжьым адыгэпсэ хелъхьэ
|